Къэнжалым къыхэщIыкIа унащхьэхэр

2024 гъэм и мазипщIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым гъущIхэкI продукцэу къыщыщIагъэкIам и куэдагъым хуэдэ 1,7-кIэ хагъэхъуащ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ икIи ар тонн мин 42,3-м нызэрыхьэсащ. 
Апхуэдэу хэхъуэ нэхъыбэ къэзытар унащхьэхэм тралъхьэ къэнжалхэр къыщIэзыгъэкIхэрщ. Мыбдежым бжьыпэр щиIыгъщ «Первый кровельный» IуэхущIапIэм. Абы къыщIигъэкI продукцэм, хабзэ зэрыхъуауэ, фIагъ лъагэ яIэщ икIи ди щIыналъэм щимызакъуэу, нэгъуэщI щIыпIэхэми щIэупщIэ щаIэщ абы щащIахэр. IуэхущIапIэр зэрылажьэр иджырей обрудованэхэрщ. Абы Iэмал кърет унащхьэм тралъхьэ сыт хуэдэ къэнжал лIэужьыгъуэри къыщIигъэкIыну, я IувагъкIи, я бгъуагъкIи, я теплъэкIи зэщхьэщыкIыу, узыхэдэни щыIэу.
«Первый кровельный» IуэхущIапIэм къэнжалхэр къызыхищIыкIынухэр къыщещэху «Новолипецкий металлургический комбинат», «Северсталь», «Магнитогорский металлургический комбинат» заводхэм икIи абыхэм я лIэужьыгъуэхэм хохьэ «Каскад», «Монтеррей», «Супермонтеррей» кхъуэщын теплъэ зиIэ къэнжалхэр, СН-10, R-20, C-21, CH-25, CH-35, H-60 къэнжал пIащIэхэр. Апхуэдэуи къыщIегъэкI псэуалъэхэм ирахьэлIэ, унагъуэхэм къыщагъэсэбэп нэгъуэщI гъущIхэкIхэр, сайдинг, н.къ. яхэту. 
 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.11.2026 - 09:22

Адыгагъэр, цIыхугъэр, хабзэр и лъабжьэу

Къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 21-рэ ирокъу Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.

15.11.2026 - 09:03

Бахъсэн къалэм и спорт утыкущIэхэр

Бахъсэн къалэм иджыблагъэ спорт ухуэныгъэу 3 къыщызэIуахащ: боксерхэм, зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ пэшхэмрэ топджэгу губгъуэщIэрэ.

14.11.2026 - 10:01

Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и комитетхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм депутатхэр, министерствэхэмрэ IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэхэмрэ я лIы­кIуэ­хэр я гъусэу, щытепсэ­лъыхьащ «КъБР-м и бю

14.11.2026 - 09:03

Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр

Хьэмидей жылэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ фокIадэ мазэм екIуэкIа «Вкусы России» зэхыхьэм ди республикэр цIэрыIуэ щызыщIа къуажэдэс бзылъхугъэхэр.