Гъуэгу захуэм дытетщ![]() Дыгъэгъазэм и 13 - 15 махуэхэм Москва щекIуэкIащ къэрал лъэпкъ политикэм епхауэ къэув упщIэхэм теухуа урысейпсо семинар. Ар къызэригъэпэщащ «Урысейм ис лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жылагъуэ-къэрал зэгухьэныгъэм икIи абы и къудамэхэм я тхьэмадэхэр щызэхуэсащ. ЛIыкIуэхэр къикIат Урысей Федерацэм и хэгъэгу 76-м. Ди республикэм къыбгъэдэкIыу абы хэтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Урысейм ис лъэпкъхэм я ассамблее» зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и Iэтащхьэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Адыгэ Республикэм и лIыкIуэт Адыгэ Хасэм, зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм я тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан. Къызэхуэсахэр куэд зыгъэпIейтей, иджырей зэманым къигъэув Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхьащ, жылагъуэ, къэрал лэжьакIуэхэр я гупсысэхэмкIэ, лэжьыгъэм и пIалъэкIэ зэчэнджэщащ, лъэпкъ зэхущытыкIэхэр нэхъри гъэбыдэным и хэкIыпIэхэр яубзыхуащ.
Къэбарт Мирэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||








