Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэтхэм я зэIущIэр Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей, Адыгей, Шэрджэс Адыгэ хасэхэм, Европэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я Федерацэм, «Хэку» зэгухьэныгъэм я тхьэмадэхэр. ПэIудза щIыкIэм тету лэжьыгъэм хэтащ Израилым, Тыркум, Ставрополь, Краснодар крайхэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэр.
ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, ДАХ-м и Нэхъыжьхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Шыхъуэстэн Амдулхьэмид, Хасащхьэм хэтхэр.
ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэр къызэIуихри, мы зэхуэсыгъуэм зытепсэлъыхьыну къыхагъэщхьэхукIа Iуэхугъуэхэм я гугъу ищIащ. Ар иригузавэу къыхигъэщащ Анкара КАФФЕД-м и Унэу дэтыр зытращIыхьа щIым и бэджэнд пIалъэр зэриухам къыхэкIыу бэлыхь зэрыхэтыр икIи къыхигъэщащ Урысейм, хэкум я лъэныкъуэкIэ зыгуэр халъхьэфынумэ, хэпсэлъыхьыну зэрыхьэзырыр. Ауэ зэкIэ апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэ зэрыхуэмыныкъуэр къыжраIащ Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм, езыхэм я къарукIэ зэфIахыфыным щыгугъыу.
Хасащхьэм хэтхэр япэу зытепсэлъыхьар ДАХ-м и Уставым хэлъхьэжын хуей Iуэхугъуэу щыIэхэр зэпкърыхынырщ, ахэр щызэрагъэзэхуэжыну пIалъэмкIэ зэгурыIуэнырщ. Къуэдзокъуэ Анатолэ жиIащ Хасащхьэм хэтхэм къагъэува Iуэхугъуэхэр зэрагъэзахуэу, Конгрессым деж IэIэткIэ хагъэхьэжын зэры- хуейр. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Уставыр щызэхагъэувэм яубзыхуауэ щытащ зы къэралым е хэгъэгум щыщу Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэтын хуейр зы хасэ закъуэу. Псоми упщIэ яIэщ ДАХ-м Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ «Хэку» зэгухьэныгъэмрэ щIыхэтым теухуауэ. Сэхъурокъуэм жиIащ ар адрейхэм ебгъапщэ зэрымыхъунур, «Хэку» зэгухьэныгъэр ДАХ-м лъабжьэ зэрыхуэхъур, ар япэ дыдэу къэунэхуа IуэхущIапIэу зэрыщытыр, ар ДАХ-р къызэрызэрагъэпэщ махуэрэ апхуэдэу зэрыщытыр. Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ Шапсыгъ Адыгэ Хасэм нэмыщI Краснодар крайм къыбгъэдэкIыу иджыри Краснодар щызэхэт Хасэ зэрыщыIэр, ахэри хъарзынэу зэрылажьэр, къыхыхьэну зэрыхуейр. Конгрессыр къэсыху абыхэм унафэ гуэр зэрыхуащIынур ягъэбелджылащ. Абы къищынэмыщIауэ Уставым хатхэнущ ДАХ-м и Нэхъыжьхэм я зэгухьэныгъэм Iуэхугъуэ гуэрым теухуауэ унафэ къищтэну хуитыныгъэ иIэныр.
Хасащхьэм хэтхэм ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и комитетхэр яубзыхуащ, абы хэтынухэр ягъэбелджылащ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, ДАХ-м иIэщ Къэрал IуэхущIапIэхэмрэ дунейпсо зэгухьэныгъэхэмрэ ядэлэжьэнымкIэ, Урысеймрэ хамэ къэралхэмрэ щыIэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэуIу щIынымкIэ, лъэпкъ, дин зэгухьэныгъэхэм яхудиIэ пыщIэныгъэхэм зегъэужьынымкIэ, ХамэщI щыпсэу адыгэхэр адэжь щIыналъэм къешэлIэжынымкIэ, Анэдэлъхубзэр хъумэнымкIэ, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ зегъэужьынымкIэ, Щэнхабзэм, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ядэлэжьэнымкIэ, ЩIалэгъуалэ политикэмкIэ, спортымрэ туризмэмкIэ гупхэр.
ГъэзэщIакIуэ гупыр 2025 - 2027 гъэхэм зэлэжьынухэм я гугъу щищIым Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ Уставым къигъэув къалэнхэр, лъэпкъым и пащхьэ къит Iуэхугъуэхэр, ДАХ-м зыхуигъэувыж мурадхэр гъэзэщIэным, лъэпкъ махуэшхуэхэмрэ махуэ хэхахэмрэ екIурэ-ещхьу дэхыным, дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэIэпыкъуным нэмыщI, зэманым къыздихь Iуэхугъуэхэми елэжьыну зэрыхьэзырыр. Иджыпсту къэрал псор щIэгузавэ, даIыгъ Iуэхум жыджэру хэтщ Дунейпсо Адыгэ Хасэри. Сэхъурокъуэм Хасэ тхьэмадэхэр къыхуриджащ иджыри къэс зэрырагъэкIуэкIам хуэдэу дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм гуманитар дэIэпыкъуныгъэ етыныр ипэ ирагъэщ Iуэхуу зэрыщытыпхъэр.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъа, КъБР-м жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор хъыбарыфIкIэ игъэгуфIащ зэIущIэм хэтахэр. Абы зэрыжиIамкIэ, «Яндекс»-м дяпэкIэ иIэнущ адыгэбзэ тэрмэшри. Абы ухыхьэн папщIэ, адыгэ псалъэухауэ мини 100 зэхуэпхьэсын хуейти, министерствэр и щIэгъэкъуэну а Iуэхур зэфIагъэкIащ «Черкесский Ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэт щIалэхэм. МазийкIэ зэлэжьа а Iуэхур и кIэм нагъэсащ, зыIэрыхьапхъэм хуаутIыпщащ, мазэ гъунэгъухэм хьэзыр хъунущ.
ЕтIанэгъэ зэлэжьынухэм, нэхъыщхьэу я пащхьэ къит къалэнхэм тепсэлъыхьащ Адыгей, Шэрджэс Хасэхэм я тхьэмадэхэу ЛIымыщокъуэ Рэмэзанрэ Аслъэн Алийрэ, видеозэпыщIэныгъэкIэ зэIущIэм къыхыхьа, Шапсыгъ Хасэм и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мэжид, КАФФЕД-м и лIыкIуэ Урым Бакир сымэ. Израилым и Iуэху зыIутымрэ абы щыIэ Хасэм и лэжьыгъэмрэ я гугъу ищIащ онлайну къэпсэлъа Тхьэухъуэ Зухьер. Къэралым иригъэкIуэкI зауэ Iуэхум къыхэкIыу, абы гъэ къэс къызэрагъэпэщ хабзэ адыгэ-щэнхабзэ фестивалыр 2025 гъэм зэрыщрамыгъэкIуэкIынур жиIащ Зухьер, къищынэмыщIауэ, къэрал политикэм теухуауэ еплъыкIэ щхьэхуэ зэраIэр, ар ину жаIэну зэрыхуэмейр, зыкъыхамыгъэщу, я лъэпкъ Iуэхур хуэмурэ дагъэкIыу Израилым зэрисыр къыхигъэщащ.
Европэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я Федерацэм и тхьэмадэ Вэрокъуэ Затий иджыблагъэ хасэ тхьэмадэу зэрыхахыжар, ар иджыри илъэситIкIэ зэрылэжьэнур жиIащ. Абы къыдэлэжьэну, адыгэбзэр фIыуэ ящIэу цIыхуитху Хасащхьэм зэрыхагъэхьар, ахэри мэлыжьыхьым хэкум къишэу ДАХ-м хэтхэм зэрырагъэцIыхунур жиIащ. Апхуэдэуи дыщIигъуащ Европэм щыIэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я гупэр хэкумкIэ къызэрыгъэзар, Федерацэр дяпэкIи ДАХ-м дэлэжьэну зэрыхьэзырыр.
Хасащхьэм хэтхэм я мурадхэр куэдщ, къапэщылъ къалэнхэри мащIэкъым. Ауэ лъэпкъ Iуэхур дэгъэкIыныр, дэнэ щыпсэу адыгэми ялъэIэсу лэжьэныр я плъапIэу илъэсыщIэм тохьэ.
НэщIэпыджэ Замирэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.