КъБР-м и Лъэпкъ къэрал библиотекэм, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэм, зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ республикэм къыщыдэкI «Адыгэ псалъэ», «Заман», «Кабардино-Балкарская правда», газетхэр илъэси 100 зэрырикъум. Зэхыхьэр ягъэхьэзыращ библиотекэм и лъэпкъ, лъахэхутэ литературэмкIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ библиотекэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ док-тор, КъБР-м щIэныгъэ- хэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Емуз Анатолэ.
Библиотекэм щеджэ и пэшышхуэм щагъэуват «Адыгэ псалъэ», «Заман», «Кабардино-Балкарская правда», газетхэм я къыдэкIыгъуэхэр, абыхэм я тхыдэм теухуа тхылъ гъэщIэгъуэнхэр, сурэтхэр, къакIуа лIэщIыгъуэм къриубыдэу къыхуагъэфэща фIыщIэ, щIыхь тхылъхэр. Апхуэдэу экранымкIэ ягъэлъэгъуащ газетищым я махуэхэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу траха видео фильмыр.
- Мы махуэр махуэгъэп-сым къыщыхьа бжыгъэ къудейкъым, атIэ ди щIыналъэм и тхыдэм, абы щыпсэу цIыхухэм я зыужьыныгъэм мыхьэнэ зиIэ щыщ Iыхьэщ. КъыдэкIыгъуэхэм къыщыгъэлъэгъуэжащ цIыхубэм я хъуэпсапIэхэр, ди республикэми нэгъуэщI щIыпIэхэ-ми къыщыхъу Iуэхугъуэхэр, - жиIащ Емуз Анатолэ. - Лъэпкъ къэрал библиотекэм и лэжьакIуэхэм, ди тхылъеджэхэм, си щхьэм къыбгъэдэкIыу республикэм и къыдэкIыгъуищыр илъэси 100 зэрырикъуамкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу абы щылажьэхэм. ЛIэщIыгъуэ хъуауэ ди щIыналъэм фыхуэпэ- жу фыхуолажьэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыхъу политикэ, экономикэ, социальнэ, щэнхабзэ, щIэныгъэ-егъэджэныгъэ, дзэ Iуэхухэм ятеухуа хъыбарыщIэхэм гулъытэ яхуэфщIу, ахэр цIыхубэм я деж нэфхьэсу. КъыдэкIыгъуэхэм зи IэнатIэм фIыуэ хэзыщIыкI, ар фIыуэ зылъагъу цIыхухэр щолажьэ. Фи япэ ита нэхъыжьыфIхэм я хабзэхэр фымыгъэкIуэду, газетеджэхэм яхувиIэ зэпыщIэныгъэм зевгъэубгъуу, фи тхыгъэхэм пэплъэхэм ныбжьэгъу пэж фахуэхъуу, я чэнджэщэгъуфIуи фыкъэнэжу фыкъогъуэгурыкIуэ. Апхуэдэу цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэм, ахэр зыхуей-зыщыщIэхэм, я зэгурыIуэныгъэр гъэбыдэным, лъэпкъхэм я зэхуаку зэныбжьэгъугъэ дэлъхьэным фытолажьэ. Ди гъэтIылъыгъэхэм «Социалистическая Кабардино-Балкария», «Ленин гъуэгу», «Коммунизмге жол» газет къыдэкIыгъуэхэм щыщхэр зэрыхэлъым, микрофильмхэм «Къэрэхьэлъкъ», «Красная Кабарда», «Ленинский путь» газетхэр зэрытетым дрогушхуэ. Япэу къыдэкIын зэрыщIадзэрэ нобэм къэсыху газетхэм я щхьэр яхъумэжын, я щIэупщIэр ямыгъэкIуэдын яхузэфIэкIащ. ГъащIэм къигъэувхэм зыдев-гъэкIуу фи лэжьыгъэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэфлъхьэн, бжыгъэхэм я зэманым зыдевгъэкIун хуей мэхъу, газетеджэхэм я дежкIэ къыдэкIыгъуэ щIэщыгъуэу фыкъэнэжын папщIэ. Республикэм и библиотекэ нэхъыщхьэм быдэу фыкъызэрыпыщIар, ди IуэхущIапIэм щекIуэкI зэхыхьэхэр цIыхубэм я деж зэрынэфхьэсыр къыдолъытэ. ПщIэрэ фIыщIэ инрэ фхуэфащэщ! Къэблэгъа ИлъэсыщIэмкIи дынывохъуэхъу! ГъащIэ кIыхь фыхъуну, узыншагъэ быдэрэ ехъулIэныгъэрэ фиIэну!
«Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъБР-м и Парламентым и депутат, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым литературэмрэ гъуазджэм-кIэ и лауреат Бжьахъуэ Ранетэ зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ щахуищIым, къыхигъэщащ республикэм и хъыбарегъащIэ къыдэкIыгъуищыр лIэщIыгъуэ зэрырикъуам теухуа зэхыхьэр зэрызыхуащIыж Iуэхур зи жэрдэмхэм къыхуащIа гулъытэр гуапэ зэрыщыхъуар. Абы жиIащ щIыналъэм и щыIэкIэ-псэукIэм, зыужьыныгъэм, унагъуэм и лъапIэныгъэхэм гулъытэ зэрыхуащIыр, я IэнатIэм зэрыхуэпэжыр, цIыхубэм я деж нахьэс хъыбархэм я фIагъымрэ пэжагъымкIэ жэуап зэрахьыр зэрызыхащIэр, зыхуагъэувыжа къалэнхэмрэ мурадхэмрэ зрагъэхъулIэным зэрыхущIэкъур.
- Газетхэм къакIуа илъэсищэ тхыдэ гъуэгуанэм дриплъэжмэ, дэркIэ газетыр къыдэкIыгъуэ къудейкъым, атIэ ар цIыхубэм я гъащIэщ, лъэпкъ щэнхабзэм, хабзэм щыщ Iыхьэщ. Лъэпкъ газетхэм я тхыдэ щIэнгъуазэщ ди илъэсищэм ирихьэлIэу иджыблагъэ къыдэкIа тхылъхэр. Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа а къыдэкIыгъуэхэми зыхэвгъэгъуазэ хъунущ. Иужь зэманым тиражыр нэхъ мащIэ хъуами, газетхэм я щIэупщIэр зэредмыгъэхыным, цIыхубэр зэрыдедгъэхьэхыным дыхущIокъу, - жиIащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъБР-м и Журналист-
хэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Жыласэ Заурбэч. - Иджыри къэс тщIыгъуа ди щIэджыкIакIуэхэр иджыри ди ныбжьэгъу пэжу фыкъызэрынэжынум шэч къытетхьэркъым! Къэблэгъа ИлъэсыщIэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу!
«Заман» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Конаков Хьэсэни фIыщIэ яхуищIащ зэхыхьэмрэ гъэлъэгъуэныгъэмрэ къызэзыгъэпэщахэм икIи къыхигъэщащ республикэ газетхэм я тхыдэм теухуауэ гъэщIэгъуэн, щIэщыгъуэ куэд абы хыхьэу зэрызэхуахьэсар.
«Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ, тхакIуэ, драматург, жылагъуэ лэжьакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Къаныкъуэ Заринэ игу къигъэкIыжащ 90 гъэхэм «Адыгэ псалъэ» газетым лэжьэн зэрыщыщIидзар, щылажьэхэм щIэныгъэ зэрабгъэдэлъыр, зыпэрыт Iуэхум гудзакъэ зэрыхуаIэр, бзэр фIыуэ зэращIэр, уадэлэжьэнуи зэрытыншыр, зыпэрыт IэнатIэр зэрырагъэфIэкIуэным ахэр зэпымыууэ зэрегугъур. Апхуэдэу игу къигъэкIыжащ журналист IэнатIэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуэзыщIа, газетхэм я илъэсищэр щагъэлъапIэм иримыхьэлIа нэхъыжьыфIхэри.
КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Те- куев Амурбий къыдэкIыгъуэхэр илъэсищэ зэрырикъуамкIэ абыхэм я лэжьакIуэхэм гуапэу ехъуэхъуащ, хъыбарыщIэхэр цIыхубэм я деж нэхьэсынымкIэ я нэхъыжьыфIхэр я щапхъэу, цIыхубэм я деж нахьэс хъыбархэм я пэжыпIэр зэхагъэкIыфу дяпэкIи я лэжьыгъэр ирагъэфIэкIуэну, я IэнатIэм зрагъэужьыну, я пщIэр къалъытэну.
ЗэIущIэм хэтащ «Минги Тау» журналым и редактор нэхъыщхьэ, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Додуев Аскэр, «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщхьэ, тхакIуэ, усакIуэ, зэдзэкIакIуэ Мамыщ Владимир, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, усакIуэ, журналист, критик, публицист Моттаевэ Светланэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщI Уэрдокъуэ Женя, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, журналист Текуевэ Хьэуа, библиотекэм и лэжьакIуэхэр, еджакIуэхэр.
Емуз Анатолэ газетищым я редактор нэхъыщхьэхэм ехъуэхъуа нэужь, яхуэупсащ «Народы Кабардино-Балкарии. Этнокультурный атлас» тхылъымкIэ.
Пшыхьыр ягъэдэхащ Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэхэу Белоцерковская Динэрэ Жубоев Жамбулэтрэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Мамбэт Мадинэ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр
Къарей Элинэ трихащ.