ЕтIуанэ Iыхьэ
Умар Иорданым щыщт, еджэныр щхьэусыгъуэ ищIри, къэкIуэжат Къэбэрдейм щыпсэуну. Иорданым щимызакъуэу, хьэрып къэрал псоми, Европэми, Америкэми уэрэджыIакIуэ Iэзэу къыщацIыхурт. Сэри си уэрэдхэр тету кассетэ къыдэзгъэкIыну сыхунэсат, ауэ Умар хуэдэ сыхъуным иджыри куэд дыдэ иIэт. Зэгуэрым IуэхущIапIэ дыщызэрихьэлIэри, нэIуасэ дызэхуэхъуат. И цIэм ирипагэрт, ауэ зыкъыфIэщIыжауэ, цIыху зэримыпэсу щыттэкъым. Ныбжьэгъу куэд нэхъ зэриIэным, ахэр зэриIыгъыным, зэригъэпэжыным хущIэкъурт. НыбжьэгъуфIыр мащIэщ. Уи щIыбагъ къэбгъэзамэ, джатэ къыпхуизыхыжыр нэхъыбэщ. Умар и щIыбагъым джатэ къихакIэ куэд дыдэ къыдэту къыщIэкIащ. Абы хужамыIэр укIуэдыж, жыхуаIэм хуэдэт. И щхьэр щIрагъэхьат. Дагъуэ лъэпкъ дэслъагъуртэкъыми, а псори си жагъуэ мыхъуу къэнакъым.
Дэ ди зэрыцIыхури зэпсалъэри кIэщI дыдэ хъури, Умар Иорданым кIуэжат. ЩIадзыжат еджапIэми, мыкIуэжу хъуакъым. Гухэлъ къабзэ зэхуэтIуэтахэмрэ мурад сщIахэмрэ зэуэзэпсу бзэхыжат. ИтIанэщ къыщыспкърыхьэжар - фIыщэу слъэгъуат сэ а щIалэр. Си псэр Умар и нэ фIыцIитIым, и щытыкIэм, и гупсысэкIэм сфIахьэхуат. СыткIи сыдихьэхат. АдыгэбзэкIэ зы псалъэ зэримыщIэри, и щхьэц зыщIэпIиехэри, уигу ирихьынкIэ Iэмал зимыIэ нэгъуэщI зыгуэрхэри дэнэ къыщиздзэнт?! Сахуэнэфт, сахуэдэгу сагърот сэ абыхэм. Езы Умар зэпIэзэрытт, зэтеубыдат, иныкъуэхэми цIыху ткIийт, зи псалъэхэр жьым хэзыпхъэхэм ящыщтэкъым. Лъагъуныгъэм теухуауэ къызжиIэ псалъэхэр мащIэ дыдэми, купщIафIэт, къару ящIэлът, си гур хагъахъуэрт. Фи фIэщ хъурэ, къыщызэпсалъэкIэ къызжимыIэф, гъэсэныгъэм ипкъ иткIэ ибзыщI и гурылъ IэфIхэр и нэгум къищырт. Сэ абы сеплъыху гуфIэгъуэм сызэщIищтэрт сызэрыщыту. И гухэлъ нэхъ IэфI дыдэхэр къысхуиIэ щытыкIэмкIэт къызэрысхуиIуатэр. Сэ апхуэдэ «бзэр» сигу ирихьым и мызакъуэу, лъагъуныгъэ куу хузиIэр нэхъри ин ищIырт. Абы хъыбар хьэлэмэтхэм сыкъригъэдаIуэрт, хэхэс адыгэхэм къысхутепсэлъыхьырт, япэм зэи зэхэзмыха гъэщIэгъуэн куэдым щыгъуазэ сищIырт. Езыри Къэбэрдейм щыпсэухэм я щытыкIэмрэ зэхэтыкIэмрэ фIэхьэлэмэт дыдэу щIэупщIэрт.
ЦIыхум гу лъамытэу, Iуэху ямыщIу къэнэнт апхуэдэр?! Абы и щытыкIэр нэгъуэщIти, «цIэрыIуэхэм закъыфIощIыжти, хэутIыпщхьати, укъигъэпэжынутэкъыми»… арат зэхэсхыр.
Iуэхуншэшхуэхэр щывут си хъуреягъым. Псом хуэмыдэу, адыгэбзэ зэримыщIэр къыдрагъэжейрт. Сэ инджылызыбзэкIэ сыгурыIуэфырти, ар дагъуэу къэслъытэххэртэкъым. Iу бахъэт ахэр псори си дежкIэ. Iуэхур нэгъуэщIт - гъатхэ гъагъэу щIэращIэ ди лъагъуныгъэм жьапщэ уэлбанэу зыкъызэредзэкI зэуэ. КъызыхэкIари къэхъуари къызгурыIуэртэкъым. Къэгубжьауэ къэпсалъэщ, фIыуэ къыстритхъуэщ - къыстритхъуэри, мо зэгуагъэпам, «Уэри уарещхьщ адрейхэм, зыкIи уакъыкIэрыхукъым, сэ пщэдей сожьэж!» - жиIэщ, гур икъутэуи, и телефоныр трипIытIэжащ. Зэуэ си щхьэм ар дэуеят, ауэ сэри сыкъэгубжьыжщ, пагагъэм зезгъэхьри, сыт ар къызэрызлэжьар, жысIэуи сыкIэлъыупщIэжакъым асыхьэтым. Сегупсысыжу сыщыпсэлъам, кIуэжакIэт. Си нэпсыр мыгъущу нэху щыху сыгъауэ щытащ абы щыгъуэ. Си Iыхьлы гуэр щIэслъхьэжам хуэдэу, псоми Тхьэм игу къобгъэнщ, уи жьэр къегъэх, жаIэу, сахуэмыгъэувыIэу сыгъыу, си псэр хуэм-хуэмурэ гъууэ хуежьащ. Абдеж щыщIидзащ си бэлыхьым. Сымышхэу, жэщкIэрэ сымыжейуэ, си фэр пыкIарэ, нэпсым си нэр щIисыкIыу зэманыр кIуэрт. ЦIыхум и гъащIэм езым щыуагъэ куэд хещIыхьыж. Сэ ар си япэ щыуагъэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщт. Пагагъэр къыщезэгъи къыщемызэгъыххи щыIэщ. Ар зэхэбгъэкIыфмэ, уи насыпщ. ЗэхыумыгъэкIыфмэ, уи мыгъуэ махуэр жыжьэкъым. Сэ зэхэзгъэкIынуи сыпылъыххакъым.
Иджы, мис, а емынэ лъэрыкIуэм срихужьащ. Сеху, хьэри бгъэри къыскIэрыщIауэ. Си адэ-ани, ныбжьэгъуи, шыпхъуи сахуэмыубыду. Сыхуейщ си псэм и щIасэр къэзгъуэту и нэгум сыщIэплъэну, и гум къысхуилъыр, гукъутэ псалъэхэр къызидзу щIежьэжар, си лъагъуныгъэр тафэм къытридза джейуэ къыщIигъэнар зэзгъэщIэну, си псэм псэхугъуэ естыну. Дызэрыгъуэтыжынщи, сытыншыжынщ е си гур бгъэдэкIынщ. Дауи, папэ ищIэркъым сэ Умар деж сызэрыкIуэр, мы дунейм теткъым къызэрысхуидэн, ар фIэщхьэфIэхщ абы. Си ныбжьэгъу гуэрхэм срагъэблэгъауэ, си нэгу зезгъэужьыну, сымыкIуэмэ, силIыкIыну жесIауэ аращ. Ауэ си анэмрэ Динэрэ Iуэхум и пэжыпIэр ящIэ.
***
Кхъухьлъатэм сыкъыщикIым, зы гукъэкI гуэр къызэуэлIащ. Ар фIырэ Iейрэ къызгурыIуакъым, ауэ си лъэр зэщIэнэри, зызмыгъэхъеижыфу, си пIэм сижыхьат. СыкъикIыну сыхуейтэкъым, згъэзэжарэт, жысIэрт, ауэ... Си ужь ит цIыхубзыр къыскIыщIэтIыркъэри, сыкъиувыкIащ. ЗищIысыр сымыщIэ мэ сымыцIыху гуэррэ хуабэмрэ зэхыхьэжауэ, сатхьэлэным хуэдэу си пщэм къыщIэгъуэлъхьащ. Си хъуреягъыр мыцIыхут – цIыхухэри а цIыхухэр зытет щIыри. ЗыкIэ сышынэжати! Апхуэдэу сыкъэрабгъэ си гугъакъым… Машинэ къасщтэри, хьэщIэщым сынэсащ. Си пэшыр ебланэ къатт. Къэбэрдейми си фэтэрыр ебланэт зытетыр. Сыту хьэлэмэт! Къабзэу зэлъыIухауэ, нэхуу, пэш хъарзынэт. А пщыхьэщхьэм зыщIыпIи сыкIуэфакъым, сешати, зызгъэпсэхуащ. Апхуэдизу си нэ къызыхуикIа къэралым сыкъыщысым, сызылъыхъуэри сщыгъупщэжауэ, лъэсу къэскIухьу махуищкIэ сыдэтащ Амман. Унэхэр псори мывэ хужьым къыхэщIыкIат. Дыдейхэм хуэмыдэми, уэрамхэм къэкIыгъэр, щхъуантIагъэр, удз гъэгъахэр щымащIэ дыдэми, Иорданым езым и дахагъэ иIэжт. Хьэуар гъущэт, хуабэт, дыгъэми фIыуэ сисат. БлэкIхэм я псалъэмакъхэм седаIуэрт, адыгэбзэ зэхэсхын си гугъэу. АрщхьэкIэ псори зэрыпсалъэр хьэрыпыбзэт, иныкъуэхэми инджылызыбзэ, франджыбзэ, нэмыцэбзэхэр зэхэсхт.
Сытми, Амман и дахагъым симытхьэкъупэ щIыкIэ зыкъэсщIэжри, сыкъыщIэкIуам иужь сихьэжащ. Псом япэ лъыхъуэныр щыщIэздзар шхапIэ-ефапIэхэращ. Ауэ тэмэму зыми зыри къыпкърысхыфакъым. Псоми яцIыхурт, ауэ къыщызгъуэтынур ящIэртэкъым. Ауэрэ тхьэмахуэ кIуащ. Пщэдджыжь гуэрым жьыуэ сыщIыхьащ хуэкъулейуэ къещIэкIа шхапIэм. СызэрыщIэбакъуэу, жьы къабзэ, щIыIэтыIэ къысIурыуауэ къысщыхъуащ.
- Мухьэмэд, бдзэжьейр щIыIалъэм дэплъхьакIэ? Уэ пщыгъупщэ уи хабзэщ! – къэIуащ адыгэбзэ. Пэжщ, ар сэ сызэса бзэм хуэдэу къабзэтэкъым, бжьэдыгъу псэлъэкIэм нэхъ ещхьт, ауэ къызгурыIуэрт ари. КъызэрыслъытамкIэ, мы шхапIэр зейр адыгэт.
Ди Тхьэшхуэм и фIыщIэщ, адыгэу мин хыщIым щIигъу дэсщ жыхуаIэ къэралым зы къыщызгъуэтамэ!