Унагъуэрщ нэхъыщхьэр

Урысейм и Президент Путин Владимир иригъэкIуэкIа Къэрал Советым и зэIущIэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ. Ар теухуауэ щытащ Урысей Федерацэм и унагъуэхэр дэIыгъыным. 

Къэрал УнафэщIым къыхилъхьащ уна­гъуэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ жэрдэмыщIэхэр, апхуэдэуи къыхуриджащ лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ япэу урысей уна­гъуэхэм, псом хуэмыдэу бынунагъуэшхуэхэм, я Iуэхур дэгъэкIыным хуаунэтIыну.
«Унагъуэр щIыщыIэр, абы и мыхьэнэр, псом япэрауэ лъэпкъым къыпыщэнырщ, апхуэдэ щIыкIэкIи лъэпкъыбэу зэхэт Урысейм и цIыхухэм къахэгъэхъуэнырщ. Унагъуэм - абы хохьэ нэхъыжьхэри, адэ-анэ ныбжьы­щIэхэри, сабийхэри - къэрал политикэм пэрыт увыпIэр щиубыдын хуейщ. Абы щыгъуэщ демографие и лъэныкъуэкIэ щыIэ гугъуехьхэр ехъулIэныгъэкIэ щызэфIэтхыфынур, адэ-анэ­хэм бын нэхъыбэ зрагъэгъуэтыным тегуш­хуэнымкIэ щытыкIэ псори къахузэдгъэпэщыпхъэщ», - къыхигъэщащ Президентым. 
ЗэIущIэм къыщапщытэжащ а унэтIыныгъэмкIэ иужьрей илъэситхум ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэр, Унагъуэм и илъэсым зэфIагъэкIахэри хэту. Мыхьэнэшхуэ ирату къыхагъэщащ «Унагъуэ» лъэпкъ проекты­щIэр. Ар цIыхухэм я зэIузэпэщ псэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ, я узыншагъэр хъумэ­нымкIэ, жылагъуэр зэкъуэгъэувэнымкIэ лъэпкъ Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ.
ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ иужьрей илъэситхум къэралым щыпсэу бынунагъуэшхуэхэм я бжыгъэм процент 27-кIэ зэрыхэхъуар. Апхуэдэу щытми, Президентым къигъэлъэ­гъуащ къалъхухэм я бжыгъэр нэхъыбэ щIыным хуэунэтIа Iэмал щхьэхуэхэр адэкIи Iуэхум къыхэлъытэн зэрыхуейр. Лъэныкъуэ куэдкIэ унагъуэр дэIыгъынырщ а къалэным и хэкIыпIэ нэхъыщхьэр.
«Къэбэрдей-Балъкъэрым сабий мин 220-рэ щопсэу, ар жылагъуэм и процент 24,3-рэ мэхъу. Сабиищ къэс еплIанэр бынуна­гъуэшхуэхэм щопсэу, ахэр адэкIи нэхъыбэ ­хъун хуейщ. А IуэхумкIэ щIэгъэкъуэн хъар­зынэщ социальнэ ахъшэхэр зэрыхухахыр, курыт еджапIэхэр, зи школ кIуэгъуэ мыхъуа цIыкIу­хэм папщIэ гъэсапIэхэр зэраухуэр, узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм анэмрэ ­сабиймрэ папщIэ иджырей IуэхущIапIэхэр къызэры­щызэрагъэпэщыр, нэгъуэщI куэди. Мыхьэнэшхуэ иIэщ унагъуэ лъапIэныгъэхэм жыла­гъуэм гулъытэ щыхуэщIыным. Унагъуэм и илъэсым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым а Iуэхум хуэунэтIауэ зэхыхьэ 800-м ­щIигъу щекIуэкIащ. Дэ ди унагъуэхэр щIыналъэ зэхьэзэхуэхэм я мызакъуэу, къэрал зэпеуэшхуэхэми ехъулIэныгъэхэр щаIэу хэтащ. Лъэпкъ проектыщIэхэр ди щIэгъэкъуэну дэ адэкIи а Iуэхухэм къыпытщэнущ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм зи гугъу щащIахэм теухуа и еплъыкIэр къыщигъэлъагъуэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.09.2026 - 12:25

Дерс щхьэпэхэр драгъэкIуэкIащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и полицейхэм Терроризмэм ебэнхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа зэIущIэхэр щрагъэкIуэкIащ республикэм и школхэм. 

05.09.2026 - 09:03

Къытедгъэзарэт жытIэу дыкъокIуэж

ЗэрыфщIэщи, «Адыгэ псалъэ» газетым щIэх-щIэхыурэ дыщытопсэлъыхь республикэм и гъэмахуэ хъупIэхэм щылажьэхэм я Iуэху зытетым.

05.09.2026 - 09:03

Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр

ЕтIуанэ дунейпсо зауэр щиуха махуэм ирихьэлIэу Налшык ­къалэм Печатым и унэм щы­тепсэлъыхьащ тхыдэ пэжыр ­хъумэным и мыхьэнэм. ЗэIущIэр зыхуагъэпсар милитарист Японием зэращытекIуарт. 

04.09.2026 - 09:15

Гурэ псэкIэ Хэкум хуэпэжхэр

Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу, жылагъуэ гъащIэм зи гуащIэр езы­хьэлIэ республикэм и лэжьакIуэхэм дамыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ

04.09.2026 - 09:13

Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ 30-м щIигъу щоджэ

Дерс щхьэхуэхэр куууэ щадж ку­рыт школ № 6-м, къызыхуэтыншэу зэ­рагъэпэщыжа нэужь, Налшык и бжэхэр къыщызэIуихыжащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ ЩIэ­ныгъэм и махуэмрэ ирихьэлIэу.