Къэбэрдей-Балъкъэрыр щIэх-щIэхыурэ зэрыхузэфIэкIкIэ доIэпыкъу Херсон областым.
Псалъэм папщIэ, ди республикэм и IэщIагъэлIхэм Тарасовскэм щыIэ «Теремок», Круглоозерскэм и «Золотая рыбка» сабий садхэм иджыпсту щрагъэкIуэкI зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр къанэ щымыIэу дызэрыт илъэсым зэфIагъэкIынущ.
КъищынэмыщIауэ, Скадовск къалэм и «Колокольчик», «Чебурашка» сабий садхэмрэ Октябрь Революцэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет, фэтэр куэду зэхэт унитIрэ къызыхуэтыншэу зэIузэпэщ ящIащ.
2024 гъэм Херсон областым щрагъэкIуэкI зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм хухахащ сом мелуан 69-рэ икIи абы и нэхъыбэр нобэкIэ къагъэсэбэпащ икIи мурад щыIэщ дызыхыхьэ илъэсми абы щрагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм пащэну.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.