Гугъэмрэ спортымрэ

КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэр спортым щыхуагъасэ и еджапIэм екIуалIэ цIыкIухэм я зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ иджыблагъэ. «ГугъапIэхэм я къежьапIэ» - арат абы фIащар.

Зэхьэзэхуэм еплъыну икIи еджакIуэ цIыкIухэм къадэщIыну абы щыIащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэу Ахъмэт Амиррэ Шыпш Аслъэнрэ, футболым и ветеранхэм я «Дружба» клубым хэтхэр, УФ-м цIыхубзхэм футболымкIэ я командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрэ, дзэ Iуэху хэхам хэтахэр, Урысей футбол зэгухьэныгъэм и щIыналъэ менеджер Зайцевэ Татьянэ сымэ, нэгъуэщIхэри.

КъызэгъэпэщакIуэхэм къапщытэжащ дызэрыт илъэсым спорт еджапIэм и гъэсэнхэм яхузэфIэкIахэр икIи абыхэм ящыщу ехъулIэныгъэ зиIахэм фэеплъ саугъэтхэр, щIыхь тхылъхэр, медалхэр иратащ, гуфIэгъуэ Iэни къыхуаIэтащ.

                                                                                  КЪАНШЫУЕЙ Алим.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.11.2026 - 09:22

Адыгагъэр, цIыхугъэр, хабзэр и лъабжьэу

Къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 21-рэ ирокъу Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.

15.11.2026 - 09:03

Бахъсэн къалэм и спорт утыкущIэхэр

Бахъсэн къалэм иджыблагъэ спорт ухуэныгъэу 3 къыщызэIуахащ: боксерхэм, зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ пэшхэмрэ топджэгу губгъуэщIэрэ.

14.11.2026 - 10:01

Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и комитетхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм депутатхэр, министерствэхэмрэ IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэхэмрэ я лIы­кIуэ­хэр я гъусэу, щытепсэ­лъыхьащ «КъБР-м и бю

14.11.2026 - 09:03

Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр

Хьэмидей жылэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ фокIадэ мазэм екIуэкIа «Вкусы России» зэхыхьэм ди республикэр цIэрыIуэ щызыщIа къуажэдэс бзылъхугъэхэр.