Узыр хэвмыгъэтIасэ

Лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм дэт щIэныгъэ IуэхущIапIэм операцэшхуэ щрагъэкIуэкIащ иджыблагъэ: ДНР щыщ сымаджэм и эндопротез къутар хузэрахъуэкIащ.

ЩIалэм зэрыжиIэмкIэ, иджыри сабийуэ къупщхьэ лышхыр къеуалIэри, и лъэгуажьэзэрытыпIэр зрахъуэкIат. БалигъыпIэ иувэу протезыр нэхъ инкIэ зрахъуэкIын хуей щыхъум, операцэр хъарзынэу зэфIэкIат, ауэ илъэси 10 фIэкI хэмылъауэ зэпыщIыкIри, къимыкIухьыжыф хъуат. Сымаджэр щыпсэу щIыналъэм дохутырхэр зыри сэбэп къащыхуэмыхъуфым, Ростов щыIэ онкоцентрым къаунэтIащ.

- ЩIалэм и узыфэм ирагъэIэза, операцэ хуащIа нэужь илъэс 15-кIэ лышхым къытригъэзакъым. Ауэ, и лъэгуажьэзэрытыпIэм ипIэкIэ илъэси 10 ипэ хагъэувауэ щыта протезыр зэпыщIыкIри, щIакъуэ баш иIыгъыу фIэкI къимыкIухьыжыфу къэнат. Дохутырхэр дызэчэнджэщри, протезыр зэхъуэкIын хуейуэ къэтлъытащ икIи сымаджэр операцэ тщIыри, а ныкъусэныгъэр дгъэзэкIуэжащ. Иджыпсту щIалэм зыри къеузкъым, псори тэмэму зэфIэкIащ, - жеIэ IуэщIапIэм и дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Барашев Артем.

Гу лъытапхъэщ лышх протезхэмрэ къызэрыгуэкIхэмрэ зэрызэщхьэщыкIыр икIи а узыфэ шынагъуэр къызэфыкIхэм я протезхэр онкоцентрхэм фIэкI нэгъуэщI сымаджэщхэм зэрыщызрамыхъуэкIыфыр.

Лышх узыфэр цIыхум куэд щIауэ ицIыхуми, ар къызыхэкIыр нобэр къыздэсым къахуэщIакъым. Дауи, щыIэщ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ. Ахэр зэхэплъхьэжрэ уриплъэмэ, цIыхум нэхъыбэу зытригъэчыныхьыр дыкъэзыхъуреихь дунейм къыпкъырыкI радиацэмрэ щIыуэпсыр Iей зэрыхъуамрэщ. ЩыIэщ щIэныгъэлIхэри, лышхыр вирус зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу къалъытэу. Пэжыр пэжщ – а псори зэщIыгъуу цIыхум и узыншагъэм йогуауэ, и ДНК-м зэран хуохъу.

КъищынэмыщIауэ, цIыхум къыдалъхункIэ хъунущ а узыр. Псалъэм папщIэ, цIыхум и адэ-анэм, адэшхуэ-анэшхуэм ефыкIамэ, езыри бэлэрыгъынкIэ Iэмал иIэкъым – а узыр анэдэлъхуу иIэнри хэлъщ.

Лышх узыр зэрагъэхъуж Iэмалу 3 ецIыху нобэрей медицинэм: операцэ, луч терапие, химиотерапие. Къыхэгъэщыпхъэщ: цIыху къэс езым и узыншагъэм, лышхым и лIэужьыгъуэм, зэрызиубгъуам, и анализхэм тещIыхьауэ йоIэзэ. Къагъэсэбэпыну Iэмалхэр зыхуэдэнум и унафэр дохутыр зыбжанэм ящI, зочэнджэщри.

Лышхыр къызэрахутэу, занщIэу еIэзэн щIадзэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ищхьэIуэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, «Iейр» псынщIэу хохъуэ, зэман дэпхынкIэ Iэмал иIэкъым.

Мыхьэнэшхуэ иIэщ узыкIэлъыплъыжынми. Дуней псор къапщтэмэ, 2000 гъэм  лышх узыр зэфыкIхэм я бжыгъэр цIыху мелуани I0 ирикъурт, 2020 гъэм а бжыгъэр мелуан I6-м нэсыну жаIэ. Ар къэмыхъун папщIэ, дохутырхэр кIэщI-кIэщIурэ зыкIэлъыгъэплъын хуейщ – лышхым и 1-2-нэ лIэужьыгъуэхэр хъарзынэу къахутэ икIи яхуогъэхъуж, хэбгъэтIасэмэ – ухъужыныр нэхъыбэм елъытащ.  

А узыфэ шынагъуэр зэуалIэхэм я бжыгъэр Европэм процент 20-кIэ нэхъ мащIэ щыхъуащ, цIыхухэм тутын ефэн щагъэтыжа, я шхэкIэр тэмэму зэтраубла, дыгъэм нэхъ зыщахъумэу щIадза нэужь.

ЦIыхум и кIуэцIым лышхыр къыщыунэхуамэ, хэтIэсэху зыкъригъащIэркъым, къызэремыузым къыхэкIыу. Апхуэдэу тхьэмщIыгъур процент 69-кIэ, чэр - 66,7-кIэ, тхьэмбылыр – 35,6-рэ, лъатэр – 34,4-кIэ, кIэтIийр – 29,4-кIэ хэтIэсауэ къыщахутэ Къэбэрдей-Балъкъэрым. ИрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, хэтIэсахэм я процент 54,6-р къызыхэкIар узыр зэрызыхамыщIэрщ, 36,9-р – къеузу, ауэ къафIэмыIуэхуу, зэман ямыIэу е сымаджэщым кIуэн шынэу езы сымаджэхэм я къуэншагъэщ, проценти 6,4-м - зрагъэплъын ядэххакъым, проценти 2,1-м - къеузыр яхузэхэмыгъэкIыу кърашэкIыурэ хагъэтIэсащ.

ФЫРЭ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.