ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ 2024 гъэм. Абыхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтымрэ щIыгъуу жэпуэгъуэм и 29-м академием иригъэкIуэкIа зэIущIэр. Ар теухуат адыгэ узэщIакIуэ Нэгумэ Шорэ къызэралъхурэ мы гъэм илъэс 230-рэ зэрырикъум.
- Адыгэ тхыдэм уриплъэжмэ, Нэгумэ Шорэ увыпIэ щхьэхуэ щиубыду къысщохъу. Сыту жыпIэмэ, ар псыпэхэшт. Псыпэхэшт Колумб Христофор, Ленин Владимир, Къалмыкъ Юрэ, Бэрбэч ХьэтIутIэ, КIуэкIуэ Валерэ. Абыхэм яхуэдэт Нэгумэри. Адыгэбзэм алыфбей лIэужьыгъуитI хузэхигъэувауэ щытащ абы, ар къигъэсэбэпуи тхыбзэ лъэпкъым хилъхьащ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, итхащ «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэ» тхылъри. ЗэрыжаIэмкIэ, IуэрыIуатэрщ абы тегъэщIапIэ ищIар. Езым ныбжьышхуэ къимыгъэщIами, адрей лъэпкъхэр лIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ къызыхуэкIуэ Iуэхугъуэшхуэхэр Нэгумэм къехъулIащ дунейм тетыху. КъищынэмыщIауэ, абы фIыуэ хищIыкIырт экономикэми юриспруденцэми. Шорэ ицIыхуу щытащ Пушкиныр. «Бгырысым и къуэм усэ екIухэр етх, сыт хуэдэ Iуэхугъуэ утемыпсэлъыхьми къыбдиIыгъыфу къытхэтщ!», - ягъэщIагъуэу тетхыхьырт абы урысей тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ. Зыхалъхуа лъэхъэнэмрэ щIалъхуа щIыналъэмрэ дыщэпсу къыхэлыдыкIа узэщIакIуэщ Нэгумэр, - жиIащ ЩIДАА-м и щIэныгъэ секретарь нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий зэIущIэр къыщызэIуихым.
Нэгумэм урысей академик Шёгрен Андрей игъэныбжьэгъуу, дэлажьэу зэрыщытам, къызэринэкIа, нобэм къэмысу кIуэдыжа и IэдакъэщIэкIхэм тепсэлъыхьащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и унафэщI Дзэмыхь Къасболэт.
- Нэгумэ Шорэ адыгэ щэнхабзэмрэ щIэныгъэмрэ хуилэжьар къэплъытэмэ, министерствитI илъэс бжыгъэкIэ зэлэжьым хуэдиз мэхъу. Сыту жыпIэмэ, лъэпкъым зэи имыIа алыфбей хузэхэбгъэувэныр, бзэм макъыу хэтыр зэхэгъэщхьэхукIауэ хьэрфкIэ къэбгъэлъэгъуэныр, а псори тегъэщIапIэ пщIыуэ лъэпкъ литературэр тхылъ напэхэм тебдзэжыныр зы цIыхум дежкIэ лэжьыгъэ хьэлъэщ икIи инщ. Ар къэплъытэмэ, Нэгумэм фэеплъ иIэну хуэфащэт. 1990 гъэхэм къыхэтлъхьауэ щытащ ар икIи КъБКъУ-м и Iэхэлъахэм щыдгъэувыну мывэ дгъэтIылъат, уеблэмэ. Ауэ Iуэхур зыщIыпIи нэсакъым. ГъэщIэгъуэнщ урысей тхыдэдж, этнограф, зыплъыхьакIуэ, бзэм и лэжьакIуэ Шёгрен Андрейрэ Нэгумэмрэ зэрыгъэныбжьэгъуу зэрыщытар. Шёгрен осетинхэмрэ куржыхэмрэ я бзэмрэ хабзэмрэ иджу Кавказым щыIащ. Я къэхутэныгъэхэмрэ щIэныгъэмкIэ зэдэгуашэу, уеблэмэ нэгузыужь нэгъунэ зэщIыгъуу кIуэуэ апхуэдэу зэрыгъэныбжьэгъуащ Нэгумэмрэ Шёгренрэ. ЖаIэж Шорэ дунейм щехыжам щыгъуэ, Андрей и щхьэгъусэм сабий цIынэр иIыгъыу, езым Нэгумэм къыщIэна Iэрытххэр зэрылъ къэлътмакъышхуэр и плIэм илъу, ди щIыналъэм бгыщхьэ защIэкIэ ирихауэ. Абы ищIэрт а лъэхъэнэм мыбдеж Шорэ и IэдакъэщIэкIхэм гъуэгу зэрыщамыгъуэтынури ахэр къыдэзыгъэкIыжын зэрыщымыIэри. Апхуэдэу лъэпкъ тхыдэр япэ дыдэу зытхыжа ди узэщIакIуэм и щIэиным дуней нэху зэрилъэгъуар зи фIыгъэр Шёгрену жыпIэмэ ущыуэнукъым, - къыхигъэщащ щIэныгъэлIым.
Педагогикэм и лэжьакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ къэрал IуэхущIапIэм и методист нэхъыщхьэ Мамхэгъ Астемыр дэфтэрхэм куэд щIауэ хоплъэ, Нэгумэр къызыхэкIа лъэпкъымрэ унэцIэм къикIымрэ къихутэн мурадкIэ.
- Нэгумэм и адэр абазэхыу, Къэбэрдейм къэIэпхъуэу къэбэрдей щыхъужауэ жаIэ. Къыщалъхуа гъэм утепсэлъыхьмэ, зэхуэмыдэу къокIуэ: хэти 1794 гъэм Пятигорск и Iэхэлъахэм щыIэ Джуцэ къуажэ цIыкIум къыщалъхуауэ, хэти 1801 гъэрауэ етх. Дэфтэрхэм къазэрыхэщыжымкIи, беслъэн уэркъщ, хэти уэркъ щауэлI гъусэу жеIэ. Нэгумэ къэбэрдей къэпсэлъыкIэм къытемыхьэу къухьэпIэ адыгэхэми лIакъуэцIэ зыбжанэ яIэщ. Я лъэпкъ дамыгъэхэр зэбгъапщэмэ, я лъабжьэр зыуэ, ауэ зыгуэр тIэкIу-тIэкIукIэ зэтемыхуэу къокIуэ. Псори зэпэплъытыжмэ, Хьэмырзэ Хьэтокъущокъуэ и дамыгъэщ зэкIуэлIэжыр, - жиIащ абы.
Адыгэ IуэрыIуатэмрэ тхыдэмрэ Нэгумэм зэритхыжам тепсэлъыхьащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Гъут Iэдэм.
- Нэгумэ Шорэ лэжьыгъэ куэдымкIэ псыпэхэшу щытауэ жыпIэмэ ущыуэнукъым. Си лэжьыгъэр зэрыщыту зытеухуар адыгэ IуэрыIуатэращи, алъандэрэ сызэджам сриплъэжмэ, щыхьэт сытохъуэ Нэгумэм адыгэ IуэрыIуатэр джыным и лъабжьэр зэригъэтIылъам. Языныкъуэхэм жаIэ литературэр IуэрыIуатэм къытехъукIыжауэ. Ауэ ар пэжкъым. IуэрыIуатэр щхьэхуэщ. Лъэпкъым илъэс мин бжыгъэкIэ зэхуихьэса щIэныгъэр зыр адрейм хуиIуэтэж защIэкIэрэ нобэм къихьэсауэ аращ. Абы щхьэкIэ пасэрейр хуэныкъуэтэкъым къалэми тхылъымпIи. Ауэ щыхъукIэ, IуэрыIуатэр - лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ, ар зыхуэныкъуэ, уасэншэу къилъытэ гуэрщи, литературэм хэбгъэгъуэщэнкIэ Iэмал иIэкъым. Иджы а лъэпкъ Iущыгъэу, дыщэ пхъуантэм хуэдэу яхъумар япэ дыдэ тхылъымпIэм нэзыгъэсар, ар зэритхыжа тхыбзэри зыгъэпсыжар Нэгумэрщ. Абы ипэIуэкIэ лъэпкъым тхыбзэ иIакъым, гъэщIэгъуэнращи! Зыгуэрхэм ар ягъэпсыну зрапщытами, къайхъулIакъым. Ауэ, Нэгумэм алыфбейр зэхигъэувэ къудей мыхъуу, иритхэрт, сабийхэри игъасэрт. А зым фIэкIа имыщIами, революцэ игъэхъащ а лIы хахуэм. Нэгумэм къыщIэна лэжьыгъэр губгъуэ мывам хуэдэщ - улъэпхъащэмэ, къэптIэщIыну псори пщIэркъым. КъытщIэхъуэ щIэблэми къалэнышхуэ я пщэ къыдохуэ а псори дунейм къытегъэхьэжыным, къэгъуэтыжыным теухуауэ, - жиIащ щIэныгъэлIым.
«Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм» адыгэм къикIуа гъуэгуанэр кIэщIу, ауэ купщIафIэу къызэрыщыгъэлъэгъуам теухуат тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Къэжэр Артур и къэпсэлъэныгъэр. Нэгумэм зэхигъэува псалъалъэм и убзыхукIэм хуэгъэзат филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъУ-м и егъэджакIуэ УнэлIокъуэ Вячеслав игъэхьэзыра тхыгъэр.
ЗэрыжаIэу, гъунапкъэншэт Нэгумэм и IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ. ЩIэныгъэм и закъуэ мыхъуу, узэщIакIуэр егъэджэныгъэми зэрыхэлIыфIыхьам и гугъу ищIащ педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Урысмамбэт Лаурэ.
Гу лъытапхъэщ, а псоми къинэмыщIауэ, Нэгумэм урысыдзэм къулыкъу зэрыщищIам, хьэрыпыбзэми, тыркубзэми, къэжэрыбзэми, урысыбзэми, абазэбзэми хуиту ирипсалъэу зэрыщытам. 1828 гъэм ар Налшык къалэ щылэжьащ урысыбзэмрэ тыркубзэмкIэ егъэджакIуэу.
Фырэ Анфисэ.
Сурэтыр Уэлджыр Артур трихащ.