Къызыхуриджэм тетыжыф егъэджакIуэ

Налшык къалэм «Егъэ­джэ­ныгъэмкIэ центр-1» (МКОУ «Центр образования 1») зи фIэ­щыгъэ и еджапIэу курыт щIэныгъэ щратым иджыблагъэ зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ Iэзэ Бэрэгъун Равидэ Щалыхь и пхъур къызэралъхурэ илъэс 70 зэрыри­къуам­ теухуауэ. 

Зэхуэсыр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, уэрэджыIакIуэ, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым ЩэнхабзэмкIэ и колледжым и къудамэм и унафэщI Даур Иринэ. 
Концерт теплъэ зиIэу къызэрагъэпэща зэхыхьэр, щыжаIа ­хъуэхъухэм нэмыщI, спектакль пы­чыгъуэхэмкIэ, уэрэдрэ къа­фэкIэ зэхэухуэнат. Зэхуэсыр ­теплъэгъуэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ щIэ­­щыгъуэ зыщIар ГъуазджэхэмкIэ колледжым щеджэ ныбжьыщIэхэмрэ Налшык къалэ ГъуазджэхэмкIэ и сабий школым деж къыщызэрагъэпэща «Кавказым и сабийхэр» гупым хэтхэмрэщ. 
Концерт нэужьым дэ зыхуэдгъэзащ зи гугъу тщIы еджапIэм и унафэщIым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и ­къуэдзэ ЗэифI (ХьэшкIул) Лианэ.
- Къыпхуэбжынкъым урысыбзэмрэ литературэмкIэ ди егъэджакIуэ гъуэзэджэм, Бэрэгъун Равидэ Щалыхь и пхъум, ди сабийхэм заужьынымрэ гъэсэныгъэ тэмэм ябгъэдэлъхьэнымкIэ ехъулIэныгъэу иIэр зыхуэди­зымрэ а Iуэхум абы гуащIэрэ лэ­жьыгъэу хилъхьам и куэдагъымрэ. Бэрэгъун Равидэ 1974 гъэ лъандэрэ егъэджакIуэу мэ­лажьэ, нобэр къыздэсми а IэнатIэм пэрытщ. Сабийхэм зэра­дэлажьэрэ илъэс щэ ныкъуэм щIигъуащи, абы щыщу илъэс 23-р ди школым щигъэкIуащ. 
Лианэ зэрыжиIэмкIэ, Бэрэгъун Равидэ илъэс куэд щIауэ и уна­фэщIщ гуманитар унэтIыныгъэ­хэмкIэ Iэмалхэр къэхутэнымкIэ егъэджакIуэхэм я зэгухьэныгъэм. 
- Бэрэгъуныр и IэнатIэм зэры­пэрыта илъэс бжыгъэм къриу­быдэу, далъэгъуа икIи да­лъагъу и хьэл-щэн нэхъыфIхэм ящыщщ ар, емызэшыж лэ­жьакIуэу зэ­рыщытым и мыза­къуэу, зыхуригъаджэм хэлъэт иIэу зэрыбгъэдыхьэр, и дерсхэм фIыуэ зэрыхищIыкIыр, и зы дэтхэнэ махуэми зэрыхуэхьэзырыр, ныбжьыщIэхэм дерсхэр щариткIэ, иджырей Iэмалхэри къызэ­ригъэсэбэпыр, - къыпещэ и псалъэм Лианэ. 
Бэрэгъун Равидэ школыр къэ­зыуххэм папщIэ зэхигъэува тхы­лъыщIэ цIыкIухэу IэмалыщIэхэр зэрытхэм ящыщщ «Урысыбзэмрэ литературэмкIэ ЕГЭ-м зэрызыхуагъэхьэзыр», «Иужь­рей сочиненэм зэрызыхуагъэ­хьэзыр» зыфIищахэмрэ «ЕГЭ-м хыхьэ сочиненэм зэрелэжь Iэмалхэр» жыхуиIэмрэ. 
- Къыхэгъэщыпхъэщ, мыхэр шко­лыр къэзыуххэм илъэс зыбжанэ хъуауэ къызэрагъэсэ­бэ­пыр, иужьрей сочиненэм зыхуагъэхьэзырынымкIи уры­сыб­зэмрэ литературэмкIэ къэ­рал­ аттестацэм пхыкIынымкIи, - щыгъуазэ дыхуещI ди псэлъэгъум - АтIэми, Бэрэгъуным иригъэджахэм я иужьрей экзаменхэм, зы илъэс къэмынэу, щIэныгъэфI къыщагъэлъагъуэ. Егъэджа­кIуэ пажэм зэман куэд ятрегъэ­кIуадэ и гъэсэн цIыкIухэм ящыщу нэхъ къыкIэрыхухэми. Тху­жыIэнущ а бгъэдыхьэкIэми мы­хьэнэшхуэ зэриIэр, ди еджапIэм урысыбзэмрэ литературэмкIэ щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэ­мылъ ныбжьыщIэ куэд къызэ­ры­щIэтIысхьэр къэтлъытэмэ. Арагъэнущ, дэ дызэреплъымкIэ, 9-нэ, 11-нэ классхэр ди деж къыщызыух дэтхэнэми «Къэралым и аттестацэ къызэщIэзы­къуэж» («ГИА») зыфIащам хыхьэ экзаменхэр щIахуэтри. 
Бэрэгъун Равидэ – зи къэу­хьым зэпымыууэ зезыгъэужь лэжьакIуэщ, егъэджакIуэхэм я Iэзагъэм щыхагъахъуэ зэIущIэхэм макIуэ, щIыпIэ, республикэ мыхьэнэ зиIэ семинархэмрэ вебинархэмрэ хэтщ, 
Бэрэгъун Равидэ урысыбзэм­рэ литературэмкIэ егъэджа­кIуэхэм папщIэ игъэхьэзыра и тхылъ нэхъыфIхэм ящыщщ: «Еджа­кIуэхэм бзэщIэныгъэм (линг­вистикэ) хащIыкI хъуныр – я щIэныгъэм хезыгъэгъахъуэ IэмалыфIщ» (2017 гъэ), «Къы­зэ­щIэзыкъуэж сочиненэм ехьэлIауэ» (2018 гъэ), «Тхыгъэ къуатам сочиненэ къызэрытращIыкI» (2016 гъэ), «Урысыбзэмрэ литературэмкIэ дерсхэр - еджакIуэм и гупсысэкIэм зезыгъэужьщ» (2018 гъэ), нэгъуэщIхэри.
- Зы гъэ къэмынэу ди школым щокIуэкI «Гуманитар щIэныгъэ­хэм я тхьэмахуэ» зыфIаща зэпеуэхэр. Абы щагъэлъагъуэ дерс­хэмрэ щагъэув упщIэхэмрэ Бэ­рэгъуным езым зэхелъхьэж, - жеIэ адэкIэ ЗэифI Лианэ. – Нобэ зи илъэс 70-р дгъэлъэпIа егъэджакIуэр зи IэщIагъэр фIыуэ зылъагъу, зи IэнатIэм пэжу бгъэ­дэт, зыхущIэкъур зэзы­гъэхъу­лIэф, хуей хъумэ, еджа­кIуэхэм, мардэм щIримыгъэгъуу, яхуэпхъашэ лэжьакIуэфIщ. Зэман жыжьэм псэуа, ущиякIуэ гъуэ­зэджэу дунейм тета Кантон Нэхъыжьым зи гугъу ищIам: «Зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI, къызыхуриджэм тетыжыф егъэджакIуэр гъэсакIуэ нэсщ», - жыхуиIэм тет зэпытщ. Езыр хьэл-щэн дахэ зиIэщ, цIыхум и гукъеуэр зыхэзыщIэщ, мащIэм щыгуфIыкIыу куэдым гу лъызытэщ.

Тхыгъэри сурэтхэри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.05.2026 - 09:03

ФымыцIыхухэм дзыхь яхуэвмыщI

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ телефонымрэ интернетымрэ къагъэсэбэпурэ щIэпхъаджагъэ зе­зыхьэхэм зэрапэщIэтым, абы и лъэныкъуэкIэ ди щIыналъэм щызрагъэгъуэта ехъулIэныгъэхэм ятеухуа зэIущIэ.

09.05.2026 - 12:25

IэщIагъэлIхэр кърашалIэ

2025 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыяпэу, ди республикэм къыщызэIуахащ Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр IэщIагъэлIхэмкIэ къызэзыгъэпэщ хэгъэгу центр.

09.05.2026 - 09:03

IэщIагъэмрэ цIыхугъэмрэ зэгъусэу

Бэлагъы Залинэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетым стоматологием щыхуеджащ.

08.05.2026 - 09:22

Зэкъуэшхэр нэхъри зэкъуоувэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Абхъаз Республикэм ЩIа­лэгъуалэм я Iуэхухэмрэ спортымкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Хагбэ Тарас.

08.05.2026 - 09:21

Урысей-Абхъаз зэпыщIэныгъэхэр щIалэгъуалэм ягъэкIуатэ

Накъыгъэм и 4-8-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI Урысей-Абхъаз щIалэгъуалэ форумыр Налшык къалэм къыщызэIуахащ.