Нэгумэм и гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ акаде­мием­ лэжьыгъэшхуэ  иригъэкIуэкIащ 2024 гъэм. Абыхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ Къэбэрдей-Балъ­къэ­рым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтымрэ щIыгъуу жэпуэгъуэм и 29-м академием иригъэкIуэкIа зэIущIэр. Ар теухуат адыгэ узэщIакIуэ Нэгумэ Шорэ къызэралъ­ху­рэ мы гъэм илъэс 230-рэ зэрырикъум. 

- Адыгэ тхыдэм уриплъэжмэ, Нэгумэ Шорэ увы­пIэ щхьэхуэ щиубыду къысщохъу. Сыту жы­пIэмэ, ар псыпэхэшт. Псыпэхэшт Колумб Христофор, Ленин Владимир, Къалмыкъ Юрэ, Бэрбэч ХьэтIутIэ, КIуэкIуэ Валерэ. Абыхэм яхуэдэт Нэгу­мэри. Адыгэбзэм алыфбей лIэу­жьыгъуитI хузэхигъэувауэ щытащ абы, ар къигъэсэбэпуи тхыбзэ лъэпкъым хилъхьащ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, итхащ «Адыгэ лъэп­къым и тхыдэ» тхылъри. ЗэрыжаIэмкIэ, IуэрыIуатэрщ абы тегъэщIапIэ ищIар. Езым ныбжьышхуэ къимыгъэщIами, адрей лъэпкъхэр лIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ къызыхуэкIуэ Iуэху­гъуэшхуэхэр Нэгумэм къехъулIащ дунейм тетыху. Къищы­нэмыщIауэ, абы фIыуэ хищIыкIырт экономикэми юриспруденцэми. Шорэ ицIыхуу щытащ Пуш­киныр. «Бгырысым и къуэм усэ екIухэр етх, сыт хуэдэ Iуэхугъуэ утемыпсэлъыхьми къыбдиIыгъыфу къытхэтщ!», - ягъэщIагъуэу тетхыхьырт абы урысей тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ. Зыхалъхуа лъэхъэнэмрэ щIалъхуа щIыналъэмрэ дыщэпсу къыхэлыдыкIа узэщIакIуэщ Нэгумэр, - жиIащ ЩIДАА-м и щIэныгъэ секретарь нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий зэIущIэр къыщызэIуихым. 
Нэгумэм урысей академик Шёгрен Андрей игъэ­ныбжьэгъуу, дэлажьэу зэрыщытам, къы­зэ­ринэкIа, нобэм къэмысу кIуэдыжа и Iэдакъэ­щIэкIхэм тепсэлъыхьащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Гуманитар къэхутэныгъэ­хэмкIэ институтым и унафэщI Дзэмыхь Къас­болэт. 
- Нэгумэ Шорэ адыгэ щэнхабзэмрэ щIэ­ныгъэм­рэ хуилэжьар къэплъытэмэ, министерствитI илъэс бжыгъэкIэ зэлэжьым хуэдиз мэхъу. Сыту жыпIэмэ, лъэпкъым зэи имыIа алыфбей хузэхэбгъэувэныр, бзэм макъыу хэтыр зэхэгъэщхьэхукIауэ хьэрфкIэ къэбгъэлъэгъуэныр, а псори тегъэщIапIэ пщIыуэ лъэпкъ литературэр тхылъ напэхэм тебдзэжыныр зы цIыхум дежкIэ лэжьыгъэ хьэлъэщ икIи инщ. Ар къэплъытэмэ, Нэгумэм фэеплъ иIэну хуэфащэт. 1990 гъэхэм къыхэтлъ­хьауэ щытащ ар икIи КъБКъУ-м и Iэхэлъахэм щыдгъэувыну мывэ дгъэтIылъат, уеблэмэ. Ауэ Iуэхур зыщIыпIи нэсакъым. ГъэщIэгъуэнщ урысей тхыдэдж, этнограф, зыплъыхьакIуэ, бзэм и лэжьакIуэ Шёгрен Андрейрэ Нэгумэмрэ зэрыгъэныбжьэгъуу зэрыщытар. Шёгрен осетинхэмрэ куржыхэмрэ я бзэмрэ хабзэмрэ иджу ­Кавказым щыIащ. Я къэхутэныгъэхэмрэ щIэныгъэмкIэ зэдэгуашэу, уеблэмэ нэгузыужь нэ­гъунэ зэщIыгъуу кIуэуэ апхуэдэу зэ­­ры­­гъэ­ныб­жьэгъуащ Нэгумэмрэ Шёгренрэ. ЖаIэж Шорэ дунейм щехыжам щыгъуэ, Андрей и щхьэ­гъусэм сабий цIынэр иIыгъыу, езым Нэгумэм къыщIэна Iэрытххэр зэрылъ къэлътмакъышхуэр и плIэм илъу, ди щIыналъэм бгыщхьэ защIэкIэ ирихауэ. Абы ищIэрт а лъэхъэнэм мыбдеж Шорэ и IэдакъэщIэкIхэм гъуэгу зэрыщамыгъуэтынури ахэр къыдэзыгъэкIыжын зэрыщымыIэри. Апхуэдэу лъэпкъ тхыдэр япэ дыдэу зытхыжа ди узэщIа­кIуэм и щIэиным дуней нэху зэрилъэгъуар зи фIыгъэр Шёгрену жыпIэмэ ущыуэнукъым, - къыхигъэщащ щIэныгъэлIым. 
Педагогикэм и лэжьакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ къэрал IуэхущIапIэм и методист нэхъыщхьэ Мамхэгъ Астемыр дэфтэрхэм куэд щIауэ хоплъэ, Нэгумэр къызыхэкIа лъэпкъымрэ унэцIэм къикIымрэ къихутэн мурадкIэ. 
- Нэгумэм и адэр абазэхыу, Къэбэрдейм къэIэпхъуэу къэбэрдей щыхъужауэ жаIэ. Къыщалъхуа гъэм утепсэлъыхьмэ, зэхуэмыдэу къо­кIуэ: хэти 1794 гъэм Пятигорск и Iэхэлъахэм щыIэ Джуцэ къуажэ цIыкIум къыщалъхуауэ, хэти 1801 гъэрауэ етх. Дэфтэрхэм къазэ­рыхэ­щыжымкIи, беслъэн уэркъщ, хэти уэркъ щауэлI гъусэу жеIэ. Нэгумэ къэбэрдей къэпсэлъыкIэм къытемыхьэу къухьэпIэ адыгэхэми лIакъуэцIэ зыбжанэ яIэщ. Я лъэпкъ дамыгъэхэр зэбгъапщэмэ, я лъабжьэр зыуэ, ауэ зыгуэр тIэкIу-тIэкIукIэ зэтемыхуэу къокIуэ. Псори зэпэп­лъытыжмэ, Хьэмырзэ Хьэ­токъу­щокъуэ и дамыгъэщ зэкIуэлIэжыр, - жиIащ абы.
Адыгэ IуэрыIуатэмрэ тхыдэмрэ Нэгумэм зэритхыжам тепсэлъыхьащ филологие щIэ­ныгъэ­хэмкIэ доктор Гъут Iэдэм. 
- Нэгумэ Шорэ лэжьыгъэ куэдымкIэ псыпэхэшу щытауэ жыпIэмэ ущыуэнукъым. Си лэжьыгъэр зэрыщыту зытеухуар адыгэ IуэрыIуатэращи, алъандэрэ сызэджам сриплъэжмэ, щыхьэт сытохъуэ Нэгумэм адыгэ IуэрыIуатэр джыным и лъабжьэр зэригъэтIылъам. Языныкъуэхэм жаIэ литературэр IуэрыIуатэм къытехъукIыжауэ. Ауэ ар пэжкъым. IуэрыIуатэр щхьэхуэщ. Лъэпкъым илъэс мин бжыгъэкIэ зэхуихьэса щIэныгъэр зыр адрейм хуиIуэтэж защIэкIэрэ нобэм къихьэсауэ аращ. Абы щхьэкIэ пасэрейр хуэныкъуэтэкъым къалэми тхылъымпIи. Ауэ щыхъукIэ, IуэрыIуатэр – лъэпкъым дежкIэ мых­ьэнэшхуэ зиIэ, ар зыхуэ­ныкъуэ, уасэншэу къилъытэ гуэрщи, литературэм хэбгъэгъуэщэнкIэ Iэмал иIэкъым. Иджы а лъэпкъ Iущыгъэу, дыщэ пхъуантэм хуэдэу яхъу­мар япэ дыдэ тхылъымпIэм нэзыгъэсар, ар зэритхыжа тхыбзэри зыгъэпсыжар Нэгумэрщ. Абы ипэIуэкIэ лъэпкъым тхыбзэ иIакъым, гъэщIэгъуэнращи! Зыгуэрхэм ар ягъэпсыну зрапщытами, къайхъу­лIакъым. Ауэ, Нэгумэм алыфбейр зэхигъэувэ къудей мыхъуу, иритхэрт, сабийхэри игъасэрт. А зым фIэкIа имыщIами, революцэ игъэхъащ а лIы хахуэм. Нэгумэм къыщIэна лэжьыгъэр губгъуэ мывам хуэдэщ – улъэпхъащэмэ, къэптIэщIыну псори пщIэркъым. КъытщIэхъуэ щIэблэми къалэнышхуэ я пщэ къыдохуэ а псори дунейм къытегъэ­хьэ­жыным, къэгъуэты­жыным теухуауэ, - жиIащ щIэныгъэлIым. 
«Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм» адыгэм къикIуа гъуэ­гуанэр кIэщIу, ауэ купщIафIэу къызэрыщыгъэлъэгъуам теухуат тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Къэжэр Артур и къэп­сэлъэныгъэр. Нэгумэм зэхигъэува псалъалъэм и убзыхукIэм хуэгъэзат филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъУ-м и егъэджакIуэ УнэлIокъуэ Вячеслав игъэхьэзыра тхыгъэр. 
ЗэрыжаIэу, гъунапкъэншэт Нэгумэм и IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ. ЩIэныгъэм и закъуэ мыхъуу, узэщIакIуэр егъэджэныгъэми зэрыхэлIы­фIыхьам и гугъу ищIащ педагогикэ щIэныгъэ­хэмкIэ кандидат Урысмамбэт Лаурэ. 
Гу лъытапхъэщ, а псоми къинэмыщIауэ, Нэгу­мэм урысыдзэм къулыкъу зэрыщищIам, хьэ­ры­пыбзэми, тыркубзэми, къэжэрыбзэми, уры­сыбзэми, абазэбзэми хуиту ирипсалъэу зэ­ры­щытам. 1828 гъэм ар Налшык къалэ щылэжьащ урысыбзэмрэ тыркубзэмкIэ егъэджакIуэу. 

Сурэтыр Уэлджыр Артур трихащ.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.

15.05.2026 - 09:03

Дипломат ныбжьыщIэхэр ягъэхьэзыр

ООН-м къызэригъэпэщ «Мамырыгъэм    и жьэгу» джэгукIэм тращIыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэр иджы­благъэ ди республикэм щызэхашащ.