МелуанитIым щIегъу

ТхьэмахуитIым къриубыдэу пресс-конференцым Путиным папщIэ къагъэхьа упщIэхэр мелуанитIрэ мин щитIым щIигъуащ. Абыхэм ящыщ куэд зэрагъэзэхуащ пресс-конференцымрэ эфир занщIэ зэхэтымрэ езыгъэкIуэкIа Суворовэ Александрэрэ Кулько Дмитрийрэ. Абыхэм лъэныкъуэ куэд къызэщIаубыдэ. УпщIэхэр нэхъыбэу теухуащ социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэм, уасэхэр зэрыхэхъуэм, лэжьапIэншэхэм я жыгъэр зэрыкуэдым, гъуэгухэм я щытыкIэм, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэр къызэрызэгъэпэщам, пенсэхэр хэгъэхъуэным, дзэ Iуэху хэхам щыIэ зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ защIэгъэкъуэным, узыншагъэр хъумэным, спортым, къэралкIуэцI, къэралщIыб политикэм, экономикэ зыужьыныгъэм, улахуэр зэрымащIэм, нэгъуэщIхэми.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.

15.05.2026 - 09:03

Дипломат ныбжьыщIэхэр ягъэхьэзыр

ООН-м къызэригъэпэщ «Мамырыгъэм    и жьэгу» джэгукIэм тращIыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэр иджы­благъэ ди республикэм щызэхашащ.

14.05.2026 - 15:02

Гъу­кIэхэ я дамыгъэ лъапIэхэр

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм хэтащ Гъу­кIэхэ Батэрэ Дисэрэ я щIалитI - Мусарэ Нахъуэрэ.

14.05.2026 - 09:03

Адыгэм и хьэщIэр быдапIэ исщ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым менеджментымкIэ, туризмэмрэ хьэщIагъэм епха хуэIухуэщIэхэмкIэ и институтым иджыблагъэ пшыхь дахэ щызэхэтащ.