Экономикэр псоми я лъабжьэщ![]() Путиным и къэпсэлъэныгъэр къызэрыщIидзар гъащIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэми лъабжьэ хуэхъу экономикэ IэнатIэм къэралым щиIэ ехъулIэныгъэхэрщ. Къэрал УнафэщIым зэрыжиIамкIэ, аращ лъабжьэ хуэхъур цIыхухэм я псэукIэм, зэпIэзэрытыныгъэм, зыхъумэжыныгъэм. «Ди къэралым и экономикэм и Iуэхур хъарзынэщ, зэпIэзэрытщ. Сыт хуэдэ лъэпощхьэпо къытхуагъэувми, зыкIи зэран къытхуэмыхъуу зыдоужь. Фэ фызэрыщыгъуазэщи, нэгъабэ экономикэр проценти 3,6-кIэ хэхъуащ, мы гъэм а бжыгъэр, проценти 3,9-рэ хъунущ, уеблэмэ 4-м нэсынущ. 2024 гъэм кърикIуа псори щызэхуахьэсыжынур илъэсыщIэм и япэ мазищырщ. Нэхъ дызыгъэпIейтейр, дауи, инфляцэрщ. Центробанкым къызэригъэлъагъуэмкIэ, инфляцэр проценти 9,2 - 9,3-рэ хъуащ. Ауэ улахуэхэри проценти 9-кIэ хэхъуащ, цIыхухэм къагъэхьэрычэтри нэхъыбэ зэрыхъуар нэрылъагъущ. Абы къыхэкIкIэ, щытыкIэр зэпIэзэрыту жысIэфынущ», - жиIащ Путиным.
НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









