Дапщэщ щиухынур?![]() Путин Владимир и эфир занщIэр сыхьэтым щIигъуауэ йокIуэкI. Абы къриубыдэу ират упщIэхэм я нэхъыбэр зытеухуауэ щытыр Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхаращ. ЦIыхухэр щIоупщIэ Iуэхур щиухынур дапщэщми, хуит къащIыжа щIыналъэхэм псэукIэр щызэтрагъэувэжынур сыт щыгъуэми, Урысейм и Iэщэ нэхъ лъэщхэр сыт хуэдэхэрами… А упщIэхэм жэуап щаритым Путин Владимир жиIащ: «Дзэ Iуэху хэхар щиухыну махуэр сэ жысIэфынукъым. Абы зэпэщIэтыныгъэ гугъухэр щокIуэкI. Нэхъыщхьэр дэ дзэ Iуэху хэхар щедгъажьэм зэхуэдгъэувыжа къалэнхэмрэ мурадхэмрэ дытету дызэрыкIуэрщ», - къыхигъэщащ къэрал УнафэщIым.
НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









