Бахъсэндэсхэр ирогушхуэ

Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ дыщигъэгъуэзащ бахъсэндэс спортсменхэр иужьрей махуэхэм зыхэта зэхьэзэхуэхэм къарикIуахэм икIи щыгуфIыкIащ абыхэм я ехъулIэныгъэхэм, гугъэ ищIащ спортсмен ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIхэмрэ Iэзагъымрэ адэкIи хагъэхъуэну, текIуэныгъэ лъагэ, ин куэд я щIыналъэм къыхуахьыну.

Псалъэм папщIэ, Ставрополь крайм и Андропов къуажэм щекIуэкIащ 2012 - 2013, 2014 - 2015 гъэхэм къалъхуахэм Iэпщэрыбанэ спортымкIэ я зэхьэзэхуэ. Мыбдежым екIуу зыкъыщагъэлъэгъуащ Бахъсэн къалэм Быф Жэмал и цIэр зэрихьэу дэт спорт еджапIэм и гъэсэнхэм икIи медаль 11 абы щызыIэрагъэхьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Мэлыхъуэ Астемыр, Мэлыхъуэ Алихъан, Батырдэгу Темырлан сымэ. ЕтIуанэ увыпIэр къахьащ Бырхьэм Асэдулыхьрэ Мэмэт Чэримрэ. Ещанэ хъуахэщ Мэлыхъуэ Къантемыр, Урыс Албэч, Щауэ Аслъэн, Ташу Уэсмэн сымэ. Командэм дэлажьэр Къармокъуэ Аскэрщ.

         КъБР-м алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Налшык къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэми бахъсэндэсхэр щыхуэмыхуакъым. Мыбдежым етIуанэ увыпIэр къыщихьащ ЛампIэжь Амир. Абы и тренерхэр Иуан Аслъэнрэ Къаскъул Ислъамрэщ. Къыхэдгъэщынщи, мы зэхьэзэхуэм хэтахэр зи ныбжьыр илъэс 16-м щIимыгъуахэрщ.

«Къулъкъужын и кубокыр» грэпплингымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэу Бахъсэн щIыналъэм щрагъэкIуэкIами хэтащ Бахъсэн къалэм дэт, Быф Жэмал и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэм и гъэсэнхэр икIи медаль 13 абы къыщахьащ.

Зыхэта гупхэм япэ щыхъуащ Къардэн Къаплъэн, Шыбзыхъуэ Каземир, Пекъу Алихъан, Бакъ Инар, Мэремкъул Амир сымэ. ЕтIуанэ увыпIэр къахьащ ГъущIынэ Эмир, Щоджэн Алихъан, Мэремщауэ Демир, Шыбзыхъуэ Андемыр, Къардэн Аскэр, Нэгъуей Долэт сымэ. Щоджэн Амиррэ Бакъ Идаррэ ещанэ хъуащ. Командэм и тренерыр Щоджэн Артурщ.

АрмрестлингымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIухауэ Къалмыкъым щекIуэкIам, «Кубок Дружбы Калмыкии» зыфIаща зэпеуэм, япэ увыпIэр къыщихьащ икIи УФ-м спортымкIэ и мастерым и мардэхэр щигъэзэщIащ бахъсэндэс Бейтыгъуэн Iэмин. Ди щIалэм зыкъыщигъэлъагъуэр килограмм 80 зи хьэлъагъхэм я дежщ икIи ар зыгъасэр ТхьэмылIокъуэ Ислъамщ.

Дызэрыт мазэм и пэщIэдзэм Нартсанэ къалэм щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ Бахъсэн къалэм и спортсменхэр икIи Даур Имранрэ Тхьэгъэпсо Айдэмыррэ япэ увыпIэхэр къыщахьащ. ЕтIуанэ хъуахэщ Шакъ Мухьэмэд, Мамхэгъ Темболэт, Уэрыш Имран сымэ.

Налшык къалэми бэнэкIэ хуитымкIэ щызэхэта щIыналъэ зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ бахъсэндэсхэр. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Мырзэкъан Мартин, Къалмыкъ Ибрэхьим, Къылъшыкъуэ Расул, Бейтыгъуэн Алихъан, Бахъсэн Амир сымэ. Ещанэ хъуахэщ Къамбий Ислъам, Къамбий Мухьэмэд, Дал Имран, Аргъэщокъуэ Сулеймэн сымэ.

СССР-м спортымкIэ и мастер, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хъубий Анатолэ и фэеплъу бэнэкIэ хуитымкIэ Шэджэм къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм щытекIуахэщ Абазэ Алихъан, Бакъей Темболэт, Къетыкъуэ Сэлим сымэ. ЕтIуанэ увыпIэхэр къахьащ Дыгулыбгъу Амир, Бакъей Жэмал, Даур Амир сымэ. Ещанэ хъуащ КIуэкIуэ ТIэхьир. Командэм и тренерхэр ПщыукI Артуррэ Бэрэгъун Рустамрэщ.

БоксымкIэ зэхьэзэхуэ зэIуха Зеикъуэ къуажэм щекIуэкIащ мы махуэхэм икIи бахъсэндэсхэм медаль хъушэ абыи къыщахьащ. Япэ хъуахэщ Хэжь Iэдэм, Бахъсэн Амир, Къуэдзокъуэ Сейфуллах, Бэрбэч Идар, Бакъ Идар, Къэзэр Имран, Ашэбокъуэ Мансур, Бакъей Яхья, Мамхэгъ Дамир, Абдокъуэ Имран, Гындыгъу Имран, Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, Нэгъуей Инал, Къэбардэ Мартин, Мэшыкъуэ Аслъэн, Нэзэр Ибрэхьим, Къунаш Iэбузар, Къунаш Умар, Бещто Ислъам, Бещто Муслим, ЛIыгуащIэ Алан, БжьыхьэлI Ансар, Бахъсэн Ибрэхьим, Бахъсэн Астемыр, КхъуэIуфэ Амир сымэ. ЕтIуанэ увыпIэр къахьащ Дыду Абдурэхьмэн, Къунаш Астемыр, Жэмырзэ Мухьэмэд сымэ.

ЕсынтIыгу къалэм боксымкIэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэ зэIухами ищхьэIуэкIэ къыщедбжэкIа щIалэхэм я нэхъыбэр хэтащ икIи медаль зэхуэмыдэ куэд дыдэ къыщахьащ. Боксер ныбжьыщIэхэм ядэлажьэр Бахъсэн Нурмухьэмэд, Алътудокъуэ Хьэсэн, Батырдэгу Рэмэзан, Бэрэгъун Рустам, Джэрыджэ Ислъам сымэщ.

                                                         КЪАНШЫУЕЙ Алим.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.12.2025 - 09:03

ЛIакъуэ­хэм я зэпыщIэныгъэ

КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм Лъы щат и станцыр «Лъы зытым и код. Хэкум и хъумакIуэхэр» урысейпсо акцэм хэту ирагъэ­кIуэкIа «Лъы тын.

05.12.2025 - 09:03

«Уэрэдыр и кIэм нэмысу»

Адыгэ литературэм и ­лъабжьэгъэтIылъ ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси 125-рэ зэрырикъум  и щIыхькIэ «Уэрэдыр и кIэм нэмысу» зыфIаща марафон-зэпеуэ щрагъэкIуэ-кIащ Бахъсэнёнкэ къуажэм    Щэн­х

05.12.2025 - 09:03

Анэхэм йогуапэ

 Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэм я советым и тхьэмадэ, полицэм и полковникыу лэжьыгъэм пэрыкIыжа Хужьо­къуэ Русланрэ щыIащ  я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я лэжь

05.12.2025 - 09:03

Егъэджэныгъэм гулъытэ хэха егъуэт

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татья­нэ я пашэу, депутатхэр иджыблагъэ щыIащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ зыбжанэм.

04.12.2025 - 15:02

Гъуазэ яхуохъу

«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр зэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс зыбжанэ хъуауэ «Шынагъуэншагъэм и еджапIэ» зыфIаща щIалэгъуалэ пэхуэщIэм епха Iуэхугъуэ щхьэпэхэр щокIуэкI.