БэнакIуэ цIэрыIуэм и щIыхькIэ

Олимп джэгухэм дзюдомкIэ я чемпион Хайбулаев ТIэхьир и саугъэтыр къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ Санкт-Петербург къалэм и «Юбилейный» спорт комплексым мы гъэм ещанэу щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ 2007 - 2009 гъэхэм къалъхуахэр, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту 800-м нэблагъэ.

         Къыхэдгъэщынщи, зэпеуэм кърихьэлIат УФ-м и щIыналъэ 86-мрэ хамэ къэралхэм я бэнакIуэ ныбжьыщIэхэмрэ, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ. Ахэр гуп 17-у гуэшауэ щытащ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу зэхьэзэхуэм цIыхуищ хэтащ: Джэданэ Амырхъан, БищIо Атхъан, Джэданэ Алинэ сымэ. Мыбдежым килограмм 73-рэ зи хьэлъагъхэм я деж БищIо Атхъан япэ увыпIэр къыщихьащ. Джэданэ Алинэ зэхьэзэхуэм етIуанэ щыхъуащ. Ар щыбанэр килограмм 44-рэ зи хьэлъагъхэм я дежщ.

Ди бэнакIуэхэм ядэлажьэр Джэданэ Залымрэ Куп Эдуардрэщ.

                                                                 ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.02.2026 - 17:23

МурадыфIхэм хуэгъэпса зэхуэсыпIэщIэ

Урысейм щыяпэу ди республикэм щы­зэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер.

13.02.2026 - 09:13

Я нэIэ зытетыпхъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм къыщапщытэжащ блэкIа илъэсым я лэжьыгъэм кърикIуахэр, яубзыхуащ законымрэ хабзэмрэ гъэбыдэным ехьэлIауэ 2026 гъэм зэфIахыпхъэхэр.

13.02.2026 - 09:12

ЩIэныгъэмрэ унагъуэмрэ

«Урысейм и егъэджа­кIуэ­хэр» урысейпсо форумым жыджэру хэтахэм ящыщщ ди университетыр.

13.02.2026 - 09:10

ГъэпцIакIуэхэм япэщIоувэ

ГъэпцIакIуэхэр куэд хъуащ ди зэманым. Псом хуэмыдэу телефонкIэ апхуэдэ мыхъу­мыщIагъэ зезыхьэ щIэпхъаджащIэхэм махуэ къэс япэщIохуэ цIыхубэр. 

12.02.2026 - 09:03

Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъ пхъэбгъухэр

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и къуажэ курыт еджапIэхэм фэеплъ пхъэбгъухэр щыхуфIадзащ Хэкум и хъума­кIуэхэм.