Жылагъуэм и гуращэхэм япэ ирагъэщ![]() Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэхуэс иджыблагъэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. ЦIыху 20-м нэблагъэ зэхуэзышэса зэхуэсышхуэм щытепсэлъыхьащ граждан жылагъуэм и зыужьыныгъэм епха Iуэхугъуэхэм. Зэхуэсым кърихьэлIащ къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ щIыналъэхэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ я IуэхущIапIэхэмрэ я лэжьакIуэхэр, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэтхэр, лъэпкъ икIи дин хасэхэм, КъБР-м и гъэзэщIакIуэ IэнатIэхэм я жылагъуэ советхэм я лIыкIуэхэр, къэралым иригъэкIуэкI лъэпкъ политикэмкIэ экспертхэр, социологхэр, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министр КIурашын Анзор, УФ-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къулыкъущIапIэм щIыналъэхэм къэралым щригъэкIуэкI лъэпкъ политикэр Кавказ Ищхъэрэм щызегъэкIуэнымкIэ и къудамэм и унафэщI Лукьянов Сергей, Дагъыстаным лъэпкъ политикэмрэ дин зэхущытыкIэхэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Махмудов Арсен, КъБР-м егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрыт и егъэджакIуэхэм зэпымыууэ я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым и унафэщI Къэжэр Артур. Зэхуэсым нэхъыщхьэу зыщытепсэлъыхьа Iуэхугъуэхэр епхащ щIыналъэм щылажьэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэхуаку зэпыщIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыдэлъхьа, абыхэм къэралым и лъэпкъ политикэр щIыналъэм щыпхыгъэкIыным хуэунэтIауэ пэхуэщIэ зэхуэмыдэхэр къыхэлъхьа, щIыпIэхэм щыIэ хабзэубзыху икIи гъэзэщIакIуэ къулыкъущIапIэхэм зэрадэлажьэ щIыкIэхэр нэхъри убгъуа зэрыхъуным. Апхуэдэу псалъэмакъ зыбжанэ тращIыхьащ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэми я мыхьэнэм, жылагъуэм я зэхэщIыкIыр къэIэтынымрэ къыхалъхьэ жэрдэмхэр щIэгъэхуэбжьэнымкIэ абыхэм ябгъэдэлъ къарум. ЗэIущIэм кърихьэлIахэм фIэхъус гуапэ яриха нэужь, министр КIурашын Анзор къыхигъэщащ илъэс къэс жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр зэрызэхуишэсыр, абыхэм я пащхьэ къиувэ Iуэхугъуэхэм зэрытригъэпсэлъыхьыр, ахэр зэрыхъукIэ езыр зи унафэщI министерствэм и лэжьыгъэм зэрыхилъхьэр. «Ди щIыналъэм жылагъуэ жэрдэмхэр мащIэ зэи щыхъуркъым. Абы ущыгуфIыкIыну щытщ. Абы къегъэлъагъуэ цIыхухэм щалъхуа Хэкум и зыужьыкIэ хъунур къазэрыфIэIуэхур, ар фIы хуэзэмэ, я гуапэу зэрыщытыр. Апхуэдэу нэрылъагъущ щIыналъэм унафэ пыухыкIа щызымыгъуэта Iуэхугъуэхэм хэлъ щыщIэныгъэхэр абыхэм ягъэмэщIэну зэрыхэтыр. Псалъэм и хьэтыркIэ, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, анэдэлъхубзэхэмрэ лъэпкъ хабзэхэмрэ хъумэнымкIэ, узыншагъэмрэ щIыуэпсымрэ я Iуэхур къэIэтынымкIэ, унагъуэ хуэмыщIахэм ядэIэпыкъунымкIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм Iуэхугъуэ щхьэпэ куэд къыхалъхьэ, икIи, ар Iэмалыншэу къыхэгъэщын хуейщ, хъарзынэуи полъэщ. Дэри дыхущIокъу дунейм къытехьэ а зэгухьэныгъэхэр дунэтIыну, абыхэм я лэжьэкIэм теухуауэ къэрал хабзэхэм къагъэув мардэхэм щыдгъэгъуэзэну, щIэх-щIэхыурэ зэIущIэхэр къахузэдгъэпэщурэ щыIэ унафэхэм щыгъуазэ экспертхэр къедгъэблагъэурэ ядгъэпсэлъылIэну. КъБР-м щылажьэ зэгухьэныгъэхэм псоми я майл-хэщIапIэхэр диIэщи, сыт хуэдэ хъыбарыщIэ къыкъуэмыкIми, псоми ялъыдогъэIэс, зэбрыттыкI хъыбарым и купщIэр гъэнэхуэн хуеймэ, къэпсалъэу ар зэхагъэкIынуи дэтхэнэми Iэмал идот. Шэч хэлъкъым, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр щыIэныр икIи къэунэхуныр къэралым и зыужьыныгъэм и нэщэнэу щытщ. Абыхэм я гуращэ-хъуэпсапIэхэр щыIэныгъэм и лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хуэунэтIами, зэзыпх щыIэщ: языхэзри хущIокъу щIыналъэм щызекIуэ псэкупсэ лъапIэныгъэхэр хъумэным, абы цIыхубэр къешэлIэным, гъуэгу захуэм тету къащIэувэ щIэблэм гъэсэныгъэ етыным тегъэгушхуэным. Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэфIэкI псори къыпхуэмылъытэным хуэдизу инщ. Аращ къэрал унафэщIым абыхэм я лэжьыгъэр ящызыгъэпсынщIэ Iэмалхэр нэхъыбэ, яхуэунэтIа къэрал унафэхэр нэхъ Iэрыхуэ, гурыIуэгъуэ, зэхэщIыкIыгъуэ щIыным дыкъыщIыхуриджэр, аращ дэри дызыхущIэкъур», – жиIащ министрым. АдэкIэ министрым и къэпсэлъэныгъэм къыхэщащ КъБР-м щылажьэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ират къэрал субсидиехэм епха зэхьэзэхуэхэм иджы пэIудзауэ ухыхьэ зэрыхъунур. «УФ-м хыхьэ щIыналъэхэм ящыщу дэращ ар япэу зыхузэфIэкIар, адрейхэм апхуэдэ Iэмалхэр къащыхузэгъэпэщынур дызытехьэ 2025 гъэращ. Дэ ди лъэныкъуэкIэ зы Iуэху къыхэзгъэщынут: сыт щыгъуи дыхьэзырщ ди зэфIэкIхэмкIэ гъунэгъу щIыналъэхэм дадэгуэшэну, тхузэфIэкIамрэ дыкъэзылъэхъахэмкIэ чэнджэщэгъу дахуэхъуну. Къыхэзгъэщынут ди министерствэм ита къэрал субсидиехэр сом мелуан 17-рэ мин 200-рэ зэрыхъур. Мы гъэм япэ дыдэу дыхыхьащ Президент грантхэм я фондым къызэригъэпэщ зэпеуэхэм. КъищынэмыщIауэ, ди къулыкъущIапIэм жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядригъэкIуэкI лэжьыгъэр хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къыщыгъэлъэгъуэжыным хуэунэтIауэ лэжьыгъэшхуэ зэфIэдгъэкIащ, дыщызэхуэзэ, Iуэху щызэдэтщIэ щIыпIэхэр хэпщIыкIыу нэхъыбэ хъуащ. Псори къызэщIэпкъуэжрэ жыпIэмэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэшхуэр къыпхуэлъытэнкIэ Iэмал иIэкъым. Ар сыт щыгъуи цIыхум къыбгъэдэкI жэрдэмщ, езым фIэфIу жылэм яхуищIэ Iуэхутхьэбзэщ, щалъхуа лъахэм ифI зыхэлъхэр гъащIэм хэпщэнымкIэ хъуэпсапIэщ. Дэри ар къыдгуроIуэ, зэрыхъукIи защIэгъэкъуэну иужь дитщ», – жиIащ КIурашын Анзор. ЗэIущIэм и утыкум къыщыпсэлъахэм къыхагъэщащ КъБР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэр фIыуэ зэрыщIэхуэбжьар, абы къыхэкI щхьэпэми хъарзынэу зэрыхэхъуар. Лэжьыгъэр зытеухуа Iуэхум и лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэщIрагъэубыдэу тепсэлъыхьащ лъэпкъхэм я зэхущытыкIэхэм, дин зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэм, лъэпкъ хасэхэм я унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм. ИлъэсыщIэм къэралым жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядригъэкIуэкI лэжьыгъэр къызэрымытIэсхъэнур, уеблэмэ нэхъыбэ зэрыхъунури къыхагъэщащ. ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









