Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ищхъэрэ, Шэрэдж щIыналъэм и Аушыджэр къуажэхэм щагъэлъэпIащ УФ-м щIыхь зиIэ и художник, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием хэт КIыщ Мухьэдин. Зэхыхьэхэр къызэрагъэпэщащ ди лъэпкъэгъу сурэтыщI цIэрыIуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.
Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм ГъуазджэхэмкIэ и сабий школ, Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэм и унафэщI КIуж Ритэ, еджапIэм и лэжьакIуэхэм, адыгэ фащэхэр зыщыгъ я гъэсэнхэм лъэпкъ шхыныгъуэхэмрэ махъсымэмрэ яIыгъыу, зы гупи къафэу гуапэу ирагъэблэгъащ КIыщ Мухьэдинрэ и щхьэгъусэ икIи и менеджер Жаклинрэ. Школым хьэщIэхэм зыщрагъэплъыхьащ, ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэри ирагъэлъэгъуащ.
Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Iэхъуэбэч Андзор КIыщ Мухьэдин ехъуэхъуа нэужь, район унафэщIым и Iэ зыщIэлъ щIыхь тхылъ иритыжащ. Абы къыхигъэщащ КIыщ Мухьэдин дунейпсо сурэтыщI гъуазджэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къызэрылъытэгъуейр, и лэжьыгъэхэм щIэблэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр.
- Дэнэ щIыпIэ сыщыIэми, сыт хуэдэ къэрал сыщылажьэми, сыщалъхуа щIыналъэм сыкъыхуопабгъэ. Мыпхуэдиз зэфIэкI зиIэ сабийхэр зэкIуалIэ школыр сигу ирихьащ. НыбжьыщIэхэм я дэтхэнэ лэжьыгъэми хыболъагъуэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ пыщIэныгъэ зэрыхуаIэр. ЩIэблэм гъуазджэм щаIэ зэфIэкIхэр къызэрызэкъуахым укIэлъыплъыну гъэщIэгъуэнщ. Мы лэжьыгъэхэр щыплъагъукIэ, къэкIуэнум фIыкIэ ущымыгугъынкIэ Iэмал иIэкъым! - жиIащ Мухьэдин.
Зэхыхьэ гуапэм хуагъэхьэзыра концертым хьэщIэхэр ирагъэплъащ.
КъыкIэлъыкIуэу КIыщ Мухьэдинрэ Жаклинрэ хуагъэзащ Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Аушыджэр къуажэм и сурэтыщI ныбжьыщIэхэм.
Шэрэдж районым и администрацэм и Iэтащхьэ Кульбаев Алан зэрыжиIамкIэ, сабийхэм я дежкIэ зэIущIэр щхьэпэщ. КIыщ Мухьэдин и лэжьыгъэ щхъуэкIэплъыкIэхэр дуней псом щыпсэухэм ялъэгъуащ икIи музей цIэрыIуэхэм щахъумэр.
Къэбгъэлъагъуэмэ, художникыр Шэрэдж щIыналъэм ещанэу кIуащ. 2007 гъэм Мухьэдин Балъкъэр Ипщэ къуажэм и курыт еджапIэ №1-м и гъэсэнхэм папщIэ дерсхэр итауэ щытащ. КъыкIэлъыкIуэу, Балъкъэр Ипщэ къуажэм и еджакIуэхэм 2017 гъэм яIущIащ КIыщыр. Сурэт щIыным дихьэххэм гукъинэж ящыхъуат а зэхыхьэхэр.
Мы зэIущIэр щIэдзапIэ хуэхъуащ дяпэкIи ахэр зэдэлэжьэну зэраубзыхуам. Гуэл щхъуантIэхэм я Iэгъуэблагъэм щыIэ мозаикэ стеллэр, КIыщ Мухьэдин и лэжьыгъэр, къагъэщIэрэщIэжынущ, нэхъапэм иIа теплъэр зэрагъэпэщыжу.
КIыщ Мухьэдин щIэблэм щепсалъэм къыхигъэщащ балигъхэм нэхърэ сабийхэм сурэтхэр нэхъыфIу зэращIыр, абыхэм я гупсысэмрэ зэхэщIыкIымрэ зыми зэримылъахъэр. ЗэIущIэм и пэ къихуэу, ныбжьыщIэхэм Мухьэдин и лэжьыгъэхэм сурэтхэр къытращIыкIати, КIыщыр тепсэлъыхьащ ахэр зытеухуам.
КъищынэмыщIауэ, Шэджэм къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм, ДыщэкI КIунэ и цIэр зезыхьэм, щагъэлъэпIащ «Чегемский родник-2024» IX гъуазджэхэмкIэ урысейпсо фестивалым, КIыщ Мухьэдин и цIэкIэ къызэрагъэпэщам, щытекIуахэр. Абы хыхьэу екIуэкIащ концерт гукъинэжи.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.