ДыщэкI Мурат и «Унагъуэм и нэхур»

Налшык къалэм щыIэ «Гранд Кавказ» арт-хьэ­щIэ­щым дыгъэгъазэм и 12-м къыщызэIуахащ сурэтыщI ДыщэкI Мурат и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэ­ныгъэр. Мы Iуэхур даIыгъыну къекIуэлIат Мурат и ныбжьэгъухэр, цIыхугъэхэр, ДыщэкI лъэпкъым и нэхъыжьхэмрэ щэнхабзэм и лэжьакIуэхэмрэ. 

СурэтыщIым и гъэлъэ­гъуэныгъэр теухуащ мифологием. Лъэпкъ хэхам и мифологие мыхъуу, ГъащIэр ЩIым къыщыщыунэхуа лъэхъэнэ жыжьэм, зэрыжаIэу, «цIыху­хэм зы бзэ яIурылъу, зы щIыналъэ ису, зы лъэпкъыу» щыщыта лъэхъэнэм уагъэгъэзэж ДыщэкIым и IэдакъэщIэкIхэм. ГъащIэр псым къызэрыхэкIамкIэ зэдэарэ­зыщ щIэныгъэлIхэр. Пасэрей лъэпкъыжьу, илъэс мини 7-кIэ узэIэбэкIыжмэ псэуа шумерхэм къащIэна «Энума Элиш» мифологие поэмэм ар дыдэрщ жиIэри. «Уафэр щымыджэмыпцIэу, щIылъэр щызэпцIагъащIэм дунейр хъыкIэ яухуэрт…», - аращ а поэмэр къызэрыщIидзэр. Адыгэ IуэрыIуатэмрэ шумер мифологиемрэ зэхуэдэу хэт а жыIэгъуэрщ Мурат а поэмэм дежкIэ езыгъэплъэкIари. 
ДыщэкIым и сурэтхэм яфIищащ шумерхэмрэ аккадхэмрэ къащIэна тхыгъэхэм къахэщыж, Дунеймрэ ГъащIэмрэ къэзыгъэщIыжауэ мифологием дигъэцIыху тхьэхэу Апсу, Тиамэт, Нэмму, Ин Анэ, Гулэ, Лэхьэму, Лэхь­му, Аншар, Къишар, Нингъэл, Наннэ, Шэмэш, Хьайе сымэ, нэгъуэщIхэри. Ауэрэ сурэты­щIыр «къокIуатэ» нарт эпо­сымрэ, тхыдэр щыхьэт зытехъуэу, зэрыщыIам шэч хэ­мылъ хьэтхэм я дежкIэ. Ди нэгу къыщIегъэувэ Хьэт къэ­ралыгъуэм и къалащхьэу Хьэтуссэр, абы и дыхьэпIэм деж щыт мывэ сэхым зи сурэт къыхэбзыкIа нэрыбгей щхьэгуащэу КIунэ хахуэр, хьэт пщышхуэхэр, икIэм-икIэжым, Хьэдрыхэр. 
ГъащIэр къыщигъэщIам къы­щыщIэдзауэ, цIыхум тхы­бзэр къыщигупсыса, гъущIым елэжьын щыщIидза, цивилизацэр щипсыхьа лъэхъэнэм нэс я зэхуаку дэлъа илъэс мин бжыгъэхэр сурэ­тыщIым и нэгу щIэкIарэ, абы и хъыбар къытхуиIуэтэжым хуэдэщ. 
- Адыгэм и «Нарт» IуэрыIуа­тэм дегъэцIыхуж лIыхъужь хахуэу Сосрыкъуэр. Лъэп­къым папщIэ лIыгъэ къы­зэ­рымыкIуэ игъэхъащ абы: нартхэм мафIэр къахуихьыжри, уаем къригъэлащ, Емынэжь ихьа жылэр къихьыжащ, гупсысэри, мэгъугъэри, и Iэп­щэм щIэлъ къарури зэхуэдэу къигъэсэбэпурэ нартхэр куэд­рэ щхьэщишащ щыхупIэ за­дэм. Адрей нарт лIыхъужьхэми хуэдэу, Сосрыкъуэ къызэралъхуари и кIуэ­дыжыкIари къызэрымыкIуэщ. А нарт щауэрщ сытым дежи лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ и пщалъэу къэслъытэу щытар. Нобэрей сабийхэр видеоджэгухэм дахьэхыпауэ щыджэгум деж къызгуроIуэ абыхэм я гум щыщIэр… Апхуэдэ гуэрщ сэри зыхэсщIэу щытар, си анэшхуэм нарт хъыбархэр къыщысхуиIуэтэжым. Мы гъэ­лъэгъуэныгъэмкIэ сэ къэ­сIуэтыну сыхущIэкъуащ ди IэдакъэщIэкIхэр гъащIэм щыщу къызэрыддекIуэкIыр. Су­рэ­тым къегъэлъагъуэ уи гу­м щыщIэр, IэфIымрэ дахэмрэ зыхэплъагъуэр. Укъэзыухъуреихь дунейм ущыхэплъэ­- кIэ, шыIэныгъэ дахэ, хахуа­-гъэ къызэрымыкIуэ зыхэлъ цIыху­хэм уащыкIэлъыплъкIэ, уогушхуэ цIыхуу укъызэригъэщIам щхьэкIэ. Телевиденэр къызэрежьэрэ сабийхэм хуиту я нэгу къыщIоувэ лIыгъэр зэралэжь щIыкIэхэмрэ ар къызэбэкI лIыхъужьхэмрэ. Ахэращ щIэблэм щапхъэ яхуэхъури. Гъуазджэми къыщокIуэкI апхуэдэ зэхъуэкIы­ныгъэр. Захъуэж сурэтыщI­хэм къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ я лэжьыгъэр зытраухуэмрэ. Илъэ­сипщI ипэкIэ къесхьэ­жьа Iуэхущ нобэ фи пащхьэ ислъхьэр. А зэманым къриубыдэу зыщызгъэгъуэзащ адыгэ лъэпкъми сыкъы­зы­хэкIа ДыщэкI лIакъуэми я тхыдэм, - жеIэ Мурат. 
Сурэт щIыным и закъуэкъым ДыщэкIыр дэзыхьэхыр. Абы пасэрей адыгэм и тхы­дэмрэ мифологиемрэ куууэ зэриджым и щыхьэтщ утыку кърихьа и IэдакъэщIэкIхэр. Абы ищIыIужкIэ, Мурат къо­джэф лъэпкъ дамыгъэхэмрэ къитхъымрэ. Ари нэрылъагъу щыпщыхъур и сурэтхэм наб­дзэгубдзаплъэу уахэплъэ­мэщ: зэ IуплъэгъуэкIэ гу зы­лъу­мытэ, ауэ композицэм дахащэу хэухуэна, нэху зэры­теп­сэм елъытауэ наIуэ къэхъу ­дамыгъэхэр къэбгъуэта нэужьщ гъэлъэгъуэныгъэм «Уна­гъуэм и нэху» щIыфIищар къыщыбгурыIуэр.
- 2011 гъэм къэхъуащ нобэр къыздэсым си гум имыкIыж Iуэхугъуэ дахэ - ДыщэкI лъэп­къым и зэхуэсышхуэ. ЦIыху 1200-рэ дызэхыхьэри, гуапэу дыуэршэру, дыкъа­фэу, ды­джэгуу, дыхъуахъуэу, гу зы­щыдмыхуэжу дызэхэсат. Гукъинэ сщыхъуащ, ДыщэкIхэ ди лъэпкъ дамыгъэхэу а махуэм утыкум кърахьахэр. Гъэ­щIэгъуэнкъэ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэр дамыгъэкIэ къызэрыпIуэтэфыр?! Дэф­тэрхэмрэ хьэпшыпхэмрэ я ­закъуэ мыхъуу, ди япэ итахэм я хьэл-щэныр, щыпсэуа щIы­пIэр, зэрахьа щэнхабзэр си нэгу къыщIэувэрт апхуэдэ дамыгъэхэр къызэрагъэщIа щIыкIэм сегупсысыху. Зы дамыгъэм зэхъуэкIыныгъэ ­игъуэтурэ зэрызихъуэжым сриплъэрт… Дэтхэнэми мы­хьэнэрэ тхыдэрэ иIэжщ, дауи. А гуп­сысэр си гъуазэу, ГъащIэр къыщыунэхуа лъэхъэнэ жы­жьэм къыщыщIэдзауэ но­бэм къэса лъэпкъхэм щхьэ­щэ яхуэсщI щIыкIэу дамыгъэхэр хэзухуэнащ мифологие су­рэтхэм. Си лэжьыгъэхэмкIэ къызогъэлъагъуэ Нэхур къы­зэрыхъумрэ ар къызыпкъ­рыкIымрэ. Иныкъуэхэм деж ар Дыгъэрщ, зэми нэбзий зыпиху нэхулъэ гуэрщ. Сурэтхэм къыщыгъэлъэгъуар дунейм и Iыхьищщ: Уафэр, ЩIылъэр, ЩIы лъабжьэр. Теплъэгъуэм дыгъэ нэбзий къищмэ - ар тхьэм и лIыкIуэщ, псэншэм псэ зэрыхалъхьам и щы­хьэтщ. Унагъуэм и хуабэрщ дэтхэнэ зыми ди гуащIэмрэ гъащIэмрэ щIэзыгъэхуабжьэр. Тхылъ лъапIэхэм къа­Iуэтэж хъыбар, адэ-анэмрэ унагъуэмрэ ебэкъуа къуэм къызэригъэзэжам теухуауэ. Рембрандт сурэт трищIыкIат а хъыбарым. Унагъуэм, жьэгум я хуабагъэр зыгъуэты­-жам и гум щыщIэр Дыгъэ нэбзийм хуэбгъадэ хъуну къысщохъу. КъищынэмыщIауэ, дунейм фIыуэ, дахэу, гуа­пэу тетыр Дыгъэм идогъапщэ! Нобэ къэзгъэлъэгъуа лэжьыгъэхэр зы гупсысэкIэ зэпхащ - домбеякъ лъэхъэнэ жыжьэм цIыхум и псэукIамрэ и фIэщхъуныгъэмрэ къокIуэлIэж псори. ГъэзэщIэкIэм теухуауэ… Сыхуеящ Iэмалы­щIэхэм срилэжьэну, пхъэмрэ чэтэ­нымрэ зэрызэдекIур къэс­­пщы­тэну. Чэтэным сытри тезагъэркъым. Плъыфэмрэ теп­лъэмрэ къапщтэмэ, сы­тым дежи щIэщыгъуэ солъыхъуэ. Теплъэмрэ гупсысэмрэ зэтехуамэ си лэжьыгъэр ­  екIуу згъэзэщIауэ собж, - къыджиIащ сурэтыщIым. 
ДыщэкIым и гъэлъэгъуэныгъэр къызэзгъэпэща, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэрэ, пшыхьым къекIуэ­лIахэмрэ псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ, и Iуэхур къыдэ­зы­Iыгъахэм, фIыщIэ яхуищIащ. 
Гупсысэ куу зэкIэлъыгъэ­кIуар екIуу утыку къизыхьа ДыщэкIым зи щхьэр мащIэу тригъэкIуэта «дыщэ пхъуантэм» иджыри къыдихынкIэ хъунум дыщигъэгъуэзэну дыкъигъэгугъащи, «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къыщедгъэблэгъэнум дыпоплъэ. 

Фырэ Анфисэ.
Сурэтхэр тезыхар
Къарей Элинэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.12.2025 - 10:10

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ гъащIэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэм зэрызыщрагъэу­жьым иджыблагъэ щы­теп­сэлъыхьащ республикэм и Парламентым.

16.12.2025 - 10:08

Республикэм и щIыхьыр зыIэтхэр

Налшык къалэм дэт, ЩIалэгъуалэм я унэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ дунейпсо утыкухэм республикэм и щIыхьыр лъагэу щызыIэта спортсменхэмрэ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм къыхилъхьа жэ

16.12.2025 - 10:07

«Дыщэ къалэмым» къызэщIиубыдэр

Ди гъунэгъу Шэшэн Республикэм и къалащхьэ Гроз­нэ блэкIа тхьэмахуэм и кIэу­хым Iуэхугъуэ хьэлэмэт ще­кIуэкIащ.

15.12.2025 - 14:02

Сыжажэ Алихъан чемпионатым щытокIуэ

Мэзкуу къалэм киокусинкай-каратэмкIэ зэхьэзэхуэ зыбжанэ зэуэ щекIуэкIащ мы махуэхэм.

15.12.2025 - 14:01

Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ

Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и жэрдэмкIэ, я нэIэм щIэт IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я сабийхэм сурэт щIынымкIэ я зэпеуэ ирагъэкIуэкIащ Хэкум и лIыхъужьхэм я махуэм ирихьэлIэ