КъБР: Инфляцэмрэ уасэхэмрэ

2024 гъэм и жэпуэгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым инфляцэр, илъэс пIалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, проценти 7,49-м нэсу щыдэкIуеящ, фокIадэм ар зэрыхъуар проценти 6,91-рэщ. Кавказ Ищхъэрэм а бжыгъэхэр проценти 9,14-рэ, къэралым – проценти 8,54-рэ иджыпсту щохъу. ЩIыналъэм инфляцэм зыщIыщиIэтам и щхьэусыгъуэр языныкъуэ IуэхущIапIэхэм я продукцэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ, ахэр къытхуезыгъашэхэмрэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ я уасэхэм зэрыхагъэхъуарщ.

Ерыскъы хьэзырымрэ ерыскъыхэкIымрэ я уасэхэм жэпуэгъуэм процент 1,04-кIэ хэхъуащ икIи ар проценти 9,42-м нэсащ. Мыбдежым абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар лэжьэныр зэрымэщIамрэ улахуэхэм зэрыхагъэхъуамрэщ: цIыхухэр я IэнатIэхэм IумыкIыжын е IэщIагъэлIхэр кърашэлIэн щхьэкIэ хущIагъуахэрщ.

КIэртIофыр зыхащIэу щыта щIым и куэдагъым зэрыкIэрачамрэ дунейр хуабащэу зэрыщытамрэ къыхэкIыу апхуэдэу мы гъэм кърахьэлIэжар нэхъ мащIэщ, нэгъабэ елъытауэ. Абыхэм къарикIуэу, кIэртIофыр сату щIыпIэхэм щымащIэ хъуащ, зэрыгурыIуэгъуэщи, и уасэми хэхъуащ.

Хамэ къэралхэм кърашу ди деж къашэ пхъэщхьэмыщхьэхэм я уасэри дэкIуеящ, ахэр къызэращэхуу щытам, гъуэгупщIэм, хъумапIапщIэм зэрыхагъэхъуам щхьэкIэ. Апельсиным, лимоным, кхъужьым я уасэм хэхъуащ икIи, илъэс пIалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, нэгъабэ и фокIадэм абыхэм я уасэр нэхъ мэщIащ.  Бананым и уасэр зытетам къытеувыIащ.

ГъэшхэкIым, лым, псыIэфIым елэжь IуэхущIапIэхэми я уасэхэм хагъэхъуащ ахэр зыкIуэцIалъхьэхэм, зракIэхэм, гъуэгупщIэм, лэжьакIуэхэм я улахуахэм зэрыхухагъэхъуам къыхэкIыу, илъэс пIалъэкIи къэбгъэлъагъуэмэ, шэм, шатэм, кхъуейлъалъэм, тхъуцIынэм, псыIэфIхэм я уасэхэм хэхъуащ, нэкулъхэкIхэм ейм хэхъуакъым.

Хьэцэпэцэу кърахьэлIэжам и куэдагъым зэрыкIэрыхуам къыхэкIыу, хьэжыгъэм и уасэри дэкIуеящ. Абы къыкIэлъыкIуэу, IэфIыкIэхэкIхэм елэжьхэм я уасэхэми хагъэхъуащ, псом хуэмыдэу, печенэхэмрэ тортхэмрэ, зэрыжаIэуи, мазэ къэс хэхъуэурэ макIуэ. Мыбдежми щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу къагъэлъагъуэр я лэжьакIуэхэм я улахуэм зэрыхухагъэхъуарщ.

ШхапIэхэм щагъэхьэзырхэм я уасэ хагъэхъуахэр трагуэшащ ерыскъымрэ ахэр япщэфIын щхьэкIэ къащэхуахэм трагъэкIуэдамрэ икIи, фокIадэм щыIа уасэхэм елъытауэ, шхапIэ къызэрыгуэкIхэм, кафехэм я шэджагъуашхэм щIатын хуейхэм фIыуэ хагъэхъуащ жэпуэгъуэм.

Хьэпшыпхэми я уасэм жэпуэгъуэм процент 0,45-кIэ хэхъуащ икIи проценти 4,30-м нэсащ.

Дызэрыт илъэсым и жэпуэгъуэм бензиным и уасэри зымащIэкIэ дэкIуеящ. Апхуэдэу щыхъукIи, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм абы и уасэр ех зэпыту екIуэкIащ, ауэ ар къызыхэкIар бензиныр хамэ къэралхэм иращэну хуимыту абы щыгъуэ къыдагъэкIа унафэрщ. Иджы а гъэсыныпхъэм и уасэм хэхъуэ зэпытщ.

Дыщэри дунейм нэхъ лъапIэ зэрыщыхъум къыхэкIыу, дыщэхэкIхэм я уасэми хэхъуащ, ар къэщэхуным, къэшэным, хъумэным трагъэкIуадэхэри зэрыдэкIуеяр и щхьэусыгъуэу.

Хамэ къэралхэм къраш вакъэхэм я куэдагъым кIэрыхуащ, абы къыдэкIуэу ар къызыхащIыкIхэм я уасэмрэ абы елэжьхэм я улахуэмрэ хагъэхъуащ. Илъэс пIалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, вакъэм и уасэм хэхъуэныр къызэтеувыIащ.

Iуэхутхьэбзэхэми я уасэхэм процент 0,16-кIэ жэпуэгъуэм хэхъуащ икIи проценти 9,2-рэ хъуащ. Мыбдежми ахэр щIыдэкIуеям я щхьэусыгъуэр лэжьакIуэхэм я улахуэхэм, бэджэндыпщIэм, я лэжьыгъэхэм къыщагъэсэбэп хьэпшыпхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ я уасэхэм зэрыхэхъуарщ. Псом хуэмыдэу хэхъуащ зыщагъэдахэ щIыпIэхэм, жьыщIапIэхэм я Iуэхутхьэбзэхэм. Абы нэмыщI, илъэс пIалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, щхьэщIэщапIэхэмрэ химчисткэхэмрэ я Iуэхутхьэбзэхэм я уасэми хэхъуащ.

Медицинэ IуэхущIапIэхэми улахуэхэмрэ хущхъуэ къащэхухэм трагъэкIуадэмрэ нэхъыбэ хъуащ, абы къыхэкIыуи я Iуэхутхьэбзэхэр нэхъ лъапIэщ.

ЩэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэхэм щылажьэхэми я улахуэхэм  зэрыхагъэхъуам, унэхэр зыхуей хуэгъэзэным, ахэр зэгъэпэщыжыным трагъэкIуадэр нэхъыбэ зэрыхъуам щхьэкIэ театрхэм я билетхэм я уасэм фокIадэм елъытауэ жэпуэгъуэм хэхъуащ.

         Росстатым къызэритамкIэ, илъэс пIалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, фокIадэм щыIа инфляцэм (проценти 8,63-рэ) елъытауэ, жэпуэгъуэм ар проценти 8,54-м къызэрыщызэтеувыIар. Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр туризмэмрэ транспортымрэ я Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэм зэрыхэмыхъуарщ. АтIэми, УФ-м инфляцэр нэхъыбэ зыщIын нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри щыIэщ. Псалъэм папщIэ, щIэупщIэр нэхъыбэщ, хьэпшыпхэмрэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ нэхърэ. 

Илъэс пIалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, 2024 гъэм и кIэхэм УФ-м инфляцэр проценти 8,0 - 8,5-хэм деж къыщызэтеувыIэн гугъэхэр щыIэщ. Къэралым къыщекIуэкI ахъшэ-кредит политикэм ипкъ иткIэ, Урысейм и Банкым зэригугъэмкIэ, 2025 гъэм инфляцэр проценти 4,5 - 5,0-м, 2026 гъэм – проценти 4,0-м нэсыху ехынущ икIи абдеж къыщыувыIэнущ.

                                                              ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.07.2026 - 09:03

Пэжыр зи гъуазэм насыпыр и гъуэгущ

КъШР-м щIыхь зиIэ и дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Даур Борис Индрис и къуэм и ныбжьыр илъэс 80 ирикъуащ. Ар Хьэ­бэз адыгэ къуажэм къыщалъхуащ.

15.07.2026 - 09:03

Республикэм и гъуэгухэр къепщытэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Каз­бек дыгъуасэ щыгъуазэ зи­щIащ республикэм гъуэгу­хэр щызэгъэ­пэщыжыным хуэгъэзауэ щекIуэкI лэ­жьыгъэхэм ящыщ зыбжанэм.

14.07.2026 - 15:59

Тыншу икIи дахэу

«ГъащIэм папщIэ инфраструктурэ» лъэпкъ проектым хыхьэ «ТыншыпIэм хуэщIа къалэ къызэгъэпэщын» къэрал программэм ипкъ иткIэ, Бахъсэн районым ­хыхьэ ПсыкIэху къуажэм и цIыху зэхуэ­сыпIэ­хэр сыт и лъэн

14.07.2026 - 09:02

Москварэ Налшыкрэ я зэпыщIэныгъэр

«Налшык и курорт щIыпIэм щыIэ «Ан­тарес» сабий егъэджэныгъэ центрыр щIэблэм я щIэныгъэм, гъэсэныгъэм щыхагъахъуэ, апхуэдэуи зыщагъэпсэху IуэхущIапIэщ.

14.07.2026 - 08:57

Удэзыхьэхщ IэпщIэлъапщIэхэм я IэщIагъэр

ЦIыхубэ художественнэ IэщIагъэхэмкIэ республикэ центрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэ­рырикъур иджыблагъэ ягъэлъэпIащ. Ар ирихьэ­лIащ ЦIыхубэ IэщIагъэ­хэм я урысейпсо махуэм.