ЕджакIуэхэр ягъэгушхуэ

Дыгъэгъазэм и 12-м Урысей Федерацэм и паспортхэр КъБР-м и Парламентым щратащ республикэм и курыт школхэм щеджэ цIыху 32-м. НыбжьыщIэхэм япэщIыкIэ хабзэубзыху IуэхущIапIэм зыщ­рагъэплъыхьащ, депутатхэм я лэ­жьыгъэм щагъэгъуэзащ. 

Абыхэм ехъуэхъуну Iуэхум зыкърагъэхьэлIат КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыба­ре­гъа­щIэ политикэмкIэ комитетым и уна­фэщI Текуев Амырбий, КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Кузнецов Константин, КъБР-м щыIэ МВД-м IэпхъуэшапхъуэхэмкIэ и управленэм и нэхъыщхьэ, полицэм и полковник Зэгъэщтокъуэ Мурат, УФ-м СледствэмкIэ и комитетым и управленэу КъБР-м щыIэм и уна­фэщIым и дэIэпыкъуэгъу, юстицэм и ­майор Ульяновэ Иринэ сымэ. Апхуэдэуи зэхуэ­сым хэтащ еджакIуэхэм я адэ-анэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ.
НыбжьыщIэхэм я дэфтэрыр яритын и пэ къихуэу, Егоровэ Татьянэ абыхэм захуигъэзащ: «Нобэ махуэ къызэрыгуэкIкъым. Фэ къыват тхыдэшхуэрэ щэнхабзэ къулейрэ къызыдэгъуэгурыкIуэ къэралым и дэфтэрыр, - жиIащ Егоровэм. - Мы Iуэхум и мыхьэнэм хегъахъуэ нобэ УФ-м и Конституцэм и махуэр зэрыдгъэлъапIэм. Урысей Федерацэм и паспортыр къызэ­ры­фIэрыхьэм щIыгъуу, цIыхум и хуитыныгъэхэри къэвгъэсэбэпыну Iэмал къывет. А дакъикъэм щегъэжьауэ зыщывгъэ­гъупщэ хъунукъым къэралым, фи адэ-анэхэм, цIыхубэм я пащхьэ къалэн пыухыкIахэри зэрыщывгъэзэщIэнур. Сэ шэч къытес­хьэркъым жэуаплыныгъэ зэрыфхэлъынум. Ди къэралым и къэкIуэнур дэтхэнэ зыми фэлъытащ. Абы къыхэкIыу нобэ псоми ди зэхуэдэ Iуэхущ Урысейр нэхъ лъэщ тщIыныр, абы зедгъэужьыныр.        Ди къарур зэхэтлъхьэмэ, сыт хуэдэ гугъуехь­ри къызэднэкIыфынущ. Феджэ, зывужь, фи Хэкур фIыуэ флъагъу!».
ЕджакIуэхэм ирата паспортхэм тхылърэ УФ-м и Конституцэрэ щIыгъут.
ЩIалэгъуалэм хъуэхъукIэ зыхуагъэзащ хьэщIэхэми. «НыбжькIэ иджыри фыщIалэми, фи гъащIэм и Iыхьэ жэуаплыныгъэ зыпылъым нобэ фыхохьэ. Сынывохъуэхъу къэралым и дзыхь къызэрывигъэзым и пщIэр фымыгъэкIуэду абы фыхуэпэжыну», - къыхигъэщащ Кузнецов Константин.
- Нобэ, зэрыжаIащи, УФ-м и Конституцэм и махуэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху екIуэ­­кIащ. Къэралым и дэфтэр нэхъыщ­хьэр мыпхуэдэу хабзэубзыху IуэхущIапIэм Iэтауэ къущатыныр пщIэшхуэщ. Шэч хэмылъу, фи хуитыныгъэхэр нэхъыбэ ­хъуащ иджы. Ауэ дэтхэнэми фхузэфIэкIын хуейщ къэралым и хабзэхэм фытетыныр, абы пщIэ хуэфщIыныр. Сыхуейт хэкупсэ фыхъуну, ди япэ итахэм я лIыхъужьыгъэм хуэфэщэн щIэблэ къыфхэкIыну. УФ-м СледствэмкIэ и комитетым и управленэу КъБР-м щыIэм къыбгъэдэкIыу сыныво­хъуэ­хъу егъэджэныгъэм ехъулIэныгъэ щывиIэну, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысейм я цIэхэр ину вгъэIуну! - жиIащ Ульяновэ Иринэ.
Налшык къалэм дэт Лицей №2-м щIэс Богацкая Бэллэ ныбжьыщIэхэм къабгъэдэкIыу фIыщIэ яхуищIащ Iуэхур къы­зэ­зыгъэпэщахэм: «Нобэ пщIэ къытхуэфщIу ди дэфтэрхэр къызэрыдэфтыжар зэи тщыгъупщэнукъым. Си гугъэмкIэ, дэтхэнэ зыри хущIэкъунущ ди къэралыр егъэ­фIэкIуэным и гуащIэ зэрыхилъхьэнум», - жиIащ еджакIуэм.
Зэхуэсыр щызэхуащIыжым Урысей Федерацэм и къэрал Гимныр псоми зэгъусэу ягъэзэщIащ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.09.2026 - 09:15

Гурэ псэкIэ Хэкум хуэпэжхэр

Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу, жылагъуэ гъащIэм зи гуащIэр езы­хьэлIэ республикэм и лэжьакIуэхэм дамыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ

04.09.2026 - 09:13

Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ 30-м щIигъу щоджэ

Дерс щхьэхуэхэр куууэ щадж ку­рыт школ № 6-м, къызыхуэтыншэу зэ­рагъэпэщыжа нэужь, Налшык и бжэхэр къыщызэIуихыжащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ ЩIэ­ныгъэм и махуэмрэ ирихьэлIэу. 

04.09.2026 - 09:08

ЩIэныгъэм и гъуэгу нэхур

Республикэм и махуэм дэщIыгъуу ­фокIадэм и 1-м ди щIыналъэм щагъэ­лъэпIащ ЩIэныгъэхэм я махуэри.

03.09.2026 - 14:20

Уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум

СурэтыщIхэм, тхакIуэхэм, макъамэтххэм, сурэттеххэм зэпымыууэ дигу къагъэкIыж хуэдэщ дыкъэзыухъуреихь дунейм дызэ­рыпыщIар.

03.09.2026 - 10:40

Лаурэ и IэрыкI хьэлэмэтхэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм япэу щагъэлъагъуэ Налшык ГъуазджэхэмкIэ и школымрэ КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжымрэ ще­зыгъаджэ Бекъул Лаурэ и IэдакъэщIэкIхэр.