ИлъэсыщIэ махуэшхуэм ирихьэлIэу республикэм и щыхьэрыр гъэщIэрэщIэным иужь ихьащ. Утхэм псейхэр щагъэув.
Iуэхум жыджэру елэжьхэм ящыщщ Налшык къалэм зезыгъэужь «Платформа» IуэхущIапIэр. Абы Къэбэрдей уэрамым и лъэс лъагъуэр игъэдахэнущ, щIымахуэм, ИлъэсыщIэм теухуа сурэтхэм я галерее къызэIуихынущ. «Платформа» IуэхущIапIэм и арт-координатор Аккизов Керим зэрыжиIэмкIэ, цIыхухэм я гукъыдэжыр къаIэтын мурадкIэ, хъуэхъу тхыгъэхэр зытет сурэтхэр ягъэхьэзырынущ КъБКъУ-м АрхитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ и институтым и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ.
Апхуэдэуи къалэм и нэгъуэщI щIыпIэхэм дежи сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр щекIуэкIынущ. «Платформэм» зэман гъунэгъум къыхилъхьэнущ гъэ къэс иригъэкIуэкI зэхьэзэхуэу тIу. Япэр - псейхэр зэрагъэщIэращIэ хьэпшып нэхъ дахэ школакIуэхэм ящIыным теухуауэ, етIуанэр хьэрычэтыщIэхэм папщIэ - тыкуэнхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я щIыхьэпIэхэр ИлъэсыщIэм зэрыхуагъэхьэзырым.
Псейхэр щащэну бэзэрхэр пщэдей, дыгъэгъазэм и 15-м, щегъэжьауэ, Абхъазым и утымрэ Налшык ипподромым дежрэ къыщызэIуахынущ.
Налшык къалэм мы махуэхэм щрагъэкIуэкI «ИлъэсыщIэмкIэ дынохъуэхъу, зауэлI!» зыфIаща Iуэхури. Апхуэдэу Лицей №2-м и езанэ «Е» классым щеджэ цIыкIухэм хъуэхъу тхыгъэхэр хуагъэхьэзыращ дзэ Iуэху хэхам хэтхэм.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.