«ЛIыхъужьым и партэ»![]() Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэм ехьэлIа Iуэхухэм хэтащ Урысейм и суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэри. Налшык дэт школ № 6-м а махуэм щекIуэкIащ «ЛIыхъужьым и партэ» къыщызэIуаха зэхыхьэ. Абы щеджауэ дзэ Iуэху хэхам хэта, ЛIыгъэм и орденрэ Джаурджий щихъым и жор дамыгъэмрэ зыхуагъэфэща Тотоев Руслан Сергей и къуэм теухуа Iуэхум кърихьэлIащ щIыпIэ администрацэм, КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм я лIыкIуэхэр, Тотоевым и Iыхьлыхэр, егъэджакIуэхэмрэ школакIуэхэмрэ. БАХЪСЭН Лянэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









