ЛIэужьыгъуэ куэду зэхэт каратэмкIэ, апхуэдэуи зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэмкIэ (ММА) дуней псомрэ Урысей Федерацэмрэ пашэныгъэхэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэхэм теухуа зэIущIэ иджыблагъэ щызэхашащ Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм.
Республикэм и журналистхэм яхуэзащ КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хэжь Заур, КъБР-м ММА-мкIэ и федерацэм и унафэщI ПщыукI Залым, КъБР-м лIэужьыгъуэ куэду зэхэт каратэмкIэ и федерацэм и тхьэмадэ Сэбаншы Мурат сымэ, зэпеуэм хэта спортсмен ныбжьыщIэхэр, абыхэм я тренерхэмрэ адэ-анэхэмрэ.
ММА-мкIэ дуней псом пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Смоленск къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм хэтащ республикэм и спортсменищ икIи абыхэм ящыщу Мэкъуауэ Ахъмэт дыжьын медаль къыщихьащ килограмм 70 зи хьэлъагъхэм я деж. Зэпеуэм хэтахэр зи ныбжьыр илъэс 16-17-м щIимыгъуа бэнакIуэхэрщ.
Абы нэмыщI, а зэхьэзэхуэм хыхьэу екIуэкIащ ММА-мкIэ урысейпсо зэIущIэ. Мыбы щызэпеуащ илъэс 12 - 13, 14 - 15 зи ныбжь спортсменхэр икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу Къармокъуэ Темырлан (кг 44-рэ) етIуанэ, Мэкъуауэ Елдар (кг 36-рэ) ещанэ хъуахэщ.
Башкортостаным и къалащхьэ Уфа дэт спорт центрым щекIуэкIащ Урысей Федерацэм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэр. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 66-м я зэуакIуэ 1600-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 12-м къыщыщIэдзауэ 20-м нэс хъууэ.
Ди республикэм и спортсменхэм хъарзынэу абы зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи медалибгъу къахьащ: 5-р дыщэу, 1-р дыжьыну, 3-р домбеякъыу. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ щыхъуахэщ Блий Эмир (кг 40), Гуэбэшы Аскэр (кг 45-рэ), Токъуий Алим (кг 52-рэ), Гуэбэшы Арнеллэ (кг 53-рэ), Токъуий Алим (кг 55-рэ). ЕтIуанэ увыпIэр къихьащ Ирыгу Ренат (кг 60). Едгъул Софие (кг 42-рэ), Балъкъэр Алинэ (кг 59-рэ), КIэбышэ Ислъам (кг 61-рэ) сымэ ещанэ хъуахэщ. Командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Гуэбэшы Аслъэн, Мэш Азэмэт, КIэмпIарэ Рустам, Щомахуэ Владимир сымэ.
2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 21 - 25-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ лIэужьыгъуэ куэду зэхэт каратэмкIэ дуней псом пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ командэ 45-м я спортсмен 2000-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм зэхьэзэхуэм медалу 25-рэ къыщахьащ - 11-р дыщэу, 8-р дыжьыну, 6-р домбеякъыу. Спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ ДыщэкI Мухьэмэд, КIэш Даут, Мэкъуауэ Алан, Шахмурзаев Щыхьмырзэ, Сэбаншы Мурат, Щоджэн Руслан, Крапенкэ Данил сымэ.
КъБР-м ММА-мкIэ и федерацэм и унафэщI ПщыукI Залым республикэм СпортымкIэ и министерствэм фIыщIэ хуищIащ тренерхэмрэ спортсменхэмрэ къазэрыдэIэпыкъуам папщIэ икIи журналистхэм яхутепсэлъыхьащ къапэщылъ къалэнхэмрэ ММА спорт лIэужьыгъуэм щIыналъэм зыщегъэужьын папщIэ щIапхъэхэмрэ.
Спортсменхэри къызэхуэсахэм ядэгуэшащ зыхэта зэхьэзэхуэхэм щахузэфIэкIахэмкIэ, етIанэгъэ зыхэтыну зэIущIэхэм зэрызыхуагъэхьэзырыну щIыкIэхэмкIэ, къапэщылъ къалэнхэмкIэ.
ЗэIущIэм и кIэм Хэжь Заур тренерхэм псалъэ гуапэ яжриIащ, я гъэсэнхэр зэхьэзэхуэхэм екIуу зэрыхуагъэхьэзырам, зэфIэкIыфIхэр абыхэм къызэрагъэлъэгъуам щхьэкIэ.
- Ди министерствэм лъэкI къигъанэркъым спортым гу хуэзыщIа дэтхэнэ зыми дэIэпыкъун, лъагапIэ нэхъ ин дыдэхэм ар нэсыфын папщIэ. Фэ тренерхэр я гумрэ псэмрэ спортым етауэ къывдолажьэ, я щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ къывбгъэдалъхьэ. Иджыпсту ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр фэ зыIэрывгъэхьащ, лъагапIэ гуэрхэми фынэсащ, республикэм и щIыхьри дахэу фIэтащ, ауэ зыфхузогъазэ зэщывмыгъэгъупщэну чемпион нэс къыфхэкIын папщIэ махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу фылэжьэн зэрыхуейр. Армырауэ ехъулIэныгъэ щыIэнукъым, – жиIащ Хэжь Заур.
АЛБЕРДЫКЪУЭ Iэмин.