Багъ Алий и дерсхэр

«Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» и Бахъ­сэн щIыналъэ къудамэм и жэрдэмкIэ зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ зыгъэсэныгъэ зэIуха Бахъсэн къалэм и «Платинум» фитнес-клубым щекIуэ­кIащ.

ЗэщIэхъееныгъэм хэтхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш колледжым и студентхэм, къалэм дэт курыт еджапIэхэм щеджэхэм, спортым дихьэххэм яIущIащ УФ-м грэпплингымкIэ плIэнейрэ, дуней псом джиу-джитсумкIэ тIэунейрэ я чемпион, грэпплингымкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуа, ММА-мкIэ АСА-мрэ АСБ-мрэ я чемпион, АСА-м и Гран-прим и финалист, спортсмен цIэрыIуэ Багъ Алий. 
ХьэщIэр къызэхуэсахэм ядэгуэшащ зы­хэт спортым и щэхухэмкIэ, жэрдэм зы­щIахэм щхьэхуэу ядэлэжьащ, иужькIэ псоми я упщIэхэм жэуап яритыжащ. 
«Сэ къызолъытэ щIэблэм нэхъыбэрэ дахуэзэн, ди щIэныгъэхэмкIэ, зэфIэкI­хэмкIэ дадэгуэшэн хуейуэ», - жиIащ Багъ Алий.
Спортсмен цIэрыIуэм и гъусэу зэIущIэм хэтащ «ACA YOUNG EAGLES» лигэм и зэ­уакIуэ Къаскъул Аслъэн. 
«Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» и Бахъ­сэн щIыналъэ къудамэм къыбгъэдэкIыу хьэ­щIэм фIыщIэ тхылъ иратащ, къытщIэхъуэ щIэблэм жыджэру зрадэлажьэм пап­щIэ. 
ИужькIэ псоми зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ.
ТОМЭКЪУЭ  Алыдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.08.2026 - 14:39

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.

13.08.2026 - 11:37

Жэуаплыныгъэмрэ щIыхьымрэ япэ изыгъэщт

Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм и Унэм дыгъуасэ зэхыхьэшхуэ ще­кIуэ­кIащ, Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теух

13.08.2026 - 10:07

Зы махуэм фIылъагъуныгъэ зыхуащIа

Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэ Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм япэу утыку къыщрахьащ дэфтэрхэр зи лъабжьэ «Влюбиться за один день: Нальчик» фильмыр.

12.08.2026 - 15:25

Дуней псом и теплъэхэр

Налшык и «Искож» хьэблэм, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым, щагъэлъагъуэ «Моя планета. Природа. Люди. Путешествия» выставкэр. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм и «Моя планета» телеканалым.

12.08.2026 - 10:45

ДыкъэувыIэну ди мурадкъым

Физкультурникым и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Урысейм бэнэкIэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэмкIэ и пелуан Емельяненкэ Александррэ Шэшэн Республикэм и УнафэщIым и лIыкIуэу Къэбэ