Махъсидэ Елизаветэ дрогушхуэИджыблагъэ хъыбар къызэрытIэрыхьамкIэ, гимнасткэ ныбжьыщIэ Махъсидэ Елизаветэ зыщегъасэ тренер цIэрыIуэ Винер Иринэ и центру Мэзкуу областым и Новогорск къалэм щыIэм, ауэ зэхьэзэхуэхэм щыхэтым деж Къэбэрдей-Балъкъэрым и ныпым щIоувэ. Псалъэм къыдэкIуэу, Кавказ Ищхъэрэм художественнэ гимнастикэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм екIуэкIа зэпеуэм домбеякъ медаль къыщихьащ адыгэ пщащэ цIыкIум. Абы нэмыщI, ар хэтащ фокIадэм ирагъэкIуэкIа «Клубхэм я лигэ» зэхьэзэхуэ зэIухам. Топыр иIыгъыу абы утыкум къыщигъэлъэгъуахэм щхьэкIэ етIуанэ увыпIэр къратащ. АЛБЕРДЫКЪУЭ Iэмин.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|