КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щрагъэкIуэкIащ «Хэку зауэшхуэм и тхыдэм теухуа тест» дунейпсо Iуэхур. Ар къызэрагъэпэщащ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и ЩIалэгъуалэ палатэмрэ «Урысейм и дзэ-тхыдэ зэгухьэныгъэ» жылагъуэ-къэрал IуэхущIапIэм и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэмрэ.
ЩIалэгъуалэ палатэм и унафэщI АфэщIагъуэ Анзор зэхыхьэр къыщызэIуихым, къыхигъэщащ Налшык къалэм и курыт школхэм я еджакIуэ 60-м щIигъу Хэкум и тхыдэр фIыуэ зэращIэр къапщытэжыну КъБР-м Парламентым къызэрырагъэблэгъар. Апхуэдэуи абы дыщIигъуащ ТекIуэныгъэ Иныр зэрыдгъэлъапIэрэ илъэс 80 щрикъур къызэрыблэгъам теухуауэ къыхалъхьа Iуэхум и мыхьэнэр нэхъ ин зэрищIыр. «Мы IуэхумкIэ щIалэгъуалэм Хэку зауэшхуэм и тхыдэм щыщу зыщыгъуазэр къагъэлъэгъуэным и мызакъуэу, абы и ужькIэ нэхъыбэж къызэращIэнум, я щIэныгъэм хагъэхъуэну зэрыхуеинум шэч къытетхьэркъым», - жиIащ АфэщIагъуэм.
КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ жиIащ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм иджы япэу «Хэку зауэшхуэм и тхыдэм теухуа тест» дунейпсо Iуэхур зэрыщрагъэкIуэкIыр. «Ди зэманым тхыдэм и фэеплъыр хъумэным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Иджыблагъэ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ XXXIII дунейпсо дин-жылагъуэ зэхуэсым хыхьэу зэIущIэ иригъэкIуэкIати, зы гупсысэ нэхъыщхьэу абы къыхэсхащ. Нобэ, дэ, ди лъэхъэнэм къриубыдэ цIыхухэр, 1941 - 1945 гъэхэм лIыгъэ зезыхьахэм я лIыхъужьыгъэм драхъумакIуэщ, Хэку зауэшхуэм хэтахэм хъыбархэр жаIэжу зэхэтхащи. Псалъэм папщIэ, сэ си адэ-анэр зауэм хиубыда сабийхэм ящыщт. Абыхэм ди деж къахьэса тхыдэр къыткIэлъыкIуэ щIэблэми еттыжын хуейщ. А зэпыщIэныгъэр зыщIыпIэ деж къыщызэпыудмэ, ди къэкIуэнур зыхуэдэ хъунур зыми ищIэркъым. Тхыдэр хъумэн хуейщ, къэралым адэкIэ зиужьыфын папщIэ. Фэ фэлъытащ а Iуэхур. Урысейр сыт хуэдэ зэманми пэжым, захуагъэм и телъхьэу къекIуэкIащ, иджыпстуи зи ужь итыр аращ», - жиIащ Емузым.
«Ди гум илъщ, зыри тщыгъупщакъым» псалъэхэм гупсысэшхуэ ящIэлъщ - Хэку зауэшхуэм хэкIуэда цIыху мелуан 27-м я гъащIэр къызэщIиубыдэу. Абыхэм я псэр ятащ нобэ дэ мамыру дыпсэун папщIэ. Тхыдэр зэзыхъуэкIыну и ужь итхэм дапэщIэтын хуейщ, ди лIыхъужьхэм я фэеплъу. Шынагъуэкъым нобэ упщIэхэм я жэуапхэр псори фымыщIэми, ауэ шынагъуэщ абыхэм зыщывгъэгъуэзэну фыхуэмеймэ. Абы къыхэкIыу сынывохъуэхъу зэпымыууэ фи щIэныгъэм хэвгъэхъуэну гукъыдэж фиIэну», - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин щIалэгъуалэм защыхуигъазэм.
КъБР-м и Парламентым Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ и комитетым и унафэщIхэм ящыщ, ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымрэ ветеранхэм я IуэхухэмкIэ комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Безгодькэ Владимир Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ. Депутатым жиIащ Хэку зауэшхуэм и тхыдэм теухуа тестыр КъБР-м и Парламентым деж щимызакъуэу, республикэм и щIыпIэ 400-м щIигъум къызэрыщызэрагъэпэщар. «Тхыдэм и пэжыпIэр хъумэным иужьрей зэманым мыхьэнэшхуэ иIэ хъуащ. Къыхэгъэщыпхъэщ КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэр мы Iуэхум зэрыпэлъэщар. Къэрал куэд иджыпсту хэтщ Совет Союзым и ТекIуэныгъэр ягъэлъэхъшэну. Германием и щIалэгъуалэм и процент 25-рщ къэзылъытэр ди къэралым ТекIуэныгъэр къихьауэ. США-м, Англием, Франджым щымащIэ дыдэщ апхуэдэ Iуэху еплъыкIэр дэзыIыгъыр. Аращ тхыдэм гулъытэ хуэтщIын щIыхуейр», - жиIащ къэпсэлъам.
ЩIалэгъуалэм упщIэ 40-м жэуап иратащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIамкIэ, ахэр зэхагъэуващ «Урысейм и дзэ-тхыдэ зэгухьэныгъэ» IуэхущIапIэм и тхыдэдж нэхъыфIхэм.
КъищынэмыщIауэ, еджакIуэхэр ирагъэплъащ КъБР-м и Парламентыр илъэс 30 зэрырикъум теухуауэ ягъэхьэзыра фильмым. ИужькIэ Iуэхум хэтахэм щыхьэт тхылъхэр иратыжащ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.