Псыкуэд илъэсищэ ирикъуащ

Аруан районым хиубыдэ Псыкуэд къуажэр къызэ­ры­у­нэхурэ илъэси 100 зэрыри­къуар ягъэлъэпIащ жэпуэ­гъуэм и 27-м. Абы ехьэлIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм хэтащ Аруан районым и администрацэм и унафэщI къалэн­-хэр зыгъэзащIэ ЛIыжьыкъуэ ­Хьэ­зрит, абы и къуэдзэ Къа­рэ­цIыкIу Мухьэмэд, районым ит къуа­жэхэм я администрацэхэм я унафэщIхэр, Псыкуэд дэс нэхъыжьыфIхэр, езы къуа­­жэр илъэсищэ ипэкIэ къызыгуэкIа Анзорейм и лIы­кIуэхэр. 

Къуажэдэсхэм хъуэхъу пса­лъэкIэ защыхуигъазэм, ЛIыжьыкъуэ Хьэзрит къыхигъэщащ псыкуэддэсхэр игъащIэми лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ­хэм къахэкIа цIыхухэр фIыуэ щызэгурыIуэ, лэжьыгъэм пщIэ щыхуащI, хабзэ дахэ зыдэлъ къуажэу зэрыщытыр. «Дэ дрогушхуэ мэкъумэшым, щIэныгъэм, щэнхабзэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа ди хэкуэгъу­хэу мы къуажэм къыдэкIахэм», - жиIащ районым и унафэщIым икIи я Iуэху дя­пэкIи ефIакIуэу псэуну ехъуэ­хъуащ къуажэдэс­хэм. 
Мы махуэшхуэм ирихьэлIэу цIыху нэхъыбэкIэ цIэрыIуэ, ныбжьиплI-тху къызэзынэкIа унэцIэ щхьэхуэхэм яхухэха «лъэпкъ пщIантIэхэр» ягъэхьэзырат: ­Аунусхэ, Джаурджийхэ, УнащIэхэ, Сосмакъхэ, Къуэшийхэ, Якуэкъутхэ, Щоджэнхэ. Хьэ­щIэ­хэмрэ махуэшхуэм кърихьэлIахэмрэ я пащхьэм кърагъэуват пасэрей хьэпшыпхэмрэ лъэпкъ шхыныгъуэхэмрэ, дэтхэнэ зыри еплъыну, хэIэбэну ­хуиту. Концертышхуэ игъэхьэ­зыращ Ар­уан районым и Уардэунэми. Абы хэтащ республикэм фIыуэ щацIыху артистхэмрэ творчес­кэ гупхэмрэ. 
ЩIалэгъуалэр жыджэру ­кхъуейплъыжькIэрыщIэм хэтащ. Апхуэдэ дауэдапщэр хэ­хъуэ зиIэ унагъуэхэм е мыпхуэдэ махуэшхуэхэм ирырагъэхьэлIэ хабзэщ. Дагъэ зыщIэзыфа кIапсэмкIэ дэпщейуэрэ, ныбжьыщIэхэм къыфIахыфын ­хуейщ пкъом ирикIуэу кIэрыщIа хьэпшыпхэр. Дауи, псоми яте­кIуар ищхьэ дыдэм нэсу ­кхъуей плъыжьым зэ едзэкъэфа­хэрщ. Абы иужькIэщ пкъом фIэщIа хьэпшыпыр къыфIэпхыну ущы­хуитри цIыхухэм я Iэ­гуауэр къыщыптракъутэри. 
ЦIыхубэм игу дыхьащ зэхаубла спорт зэхьэзэхуэхэри. Футболыр фIыуэ зылъагъухэм я зэпэщIэтыкIэр, кIапсэ гъу­мым зэпекъуа гупитIыр - куэд ялъэгъуащ мы махуэ дахэм Псыкуэд и хьэщIэхэмрэ къуа­жэдэсхэмрэ. Зэпеуэхэм къы­хэжаныкIа дэтхэнэ зыми къуа­жэ администрацэм къыбгъэ­дэ­кIыу саугъэт лъапIэхэр иратащ.
Апхуэдэу зэрыкъуажэу щы­зэхэплъэжа махуэшхуэ дахэ ­хъуащ Псыкуэдым и япэ илъэсищэр. ДяпэкIэ къыкIэлъыкIуэнухэри нэхъыфIыж хъуну ди ­гуапэщ. 

КЪУДЕЙ Iэминэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.12.2025 - 09:03

Спортым щыхъыбархэр

КиокушинымкIэ зэпоуэ

12.12.2025 - 09:03

Карате лIэужьыгъуэщIэмкIэ зэпоуэ

«Кавказым и Кубокыр» зендокай каратемкIэ къэхьыным хуэунэтIа урсейпсо зэхьэзэхуэ япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ мы махуэхэм. Абы щызэпеуащ Урысей Ипщэм и спортсмен 200-м нэблагъэ.

11.12.2025 - 12:25

Жылагъуэм гулъытэшхуэ щызыгъуэта къыдэкIыгъуэ

Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ (РИЦ) Псыхуабэ къызэрыщыщызэIуахрэ куэд щIакъым.

11.12.2025 - 09:03

Дылэжьэн хуейуэ ара къудейщ…

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и лIыкIуэхэр есэпымрэ биологиемкIэ егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьыным теухуауэ Мэзкуу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа щIэнIуатэм

11.12.2025 - 09:03

ФСБ-м и унафэщIым иригъэкIуэкIащ НАК-мрэ ФОШ-мрэ я лэжьыгъэхэм 2025 гъэм кърикIуахэр щызэхалъхьэжа зэIущIэр

Заседание ФСБ