ПсэупIэ фондым и лэжьыгъэр къалъытэ

Фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ щыIэ къэрал программэхэр щIыналъэхэм зэрагъэзащIэм и фIагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIхэм яхыхьащ. Иджыблагъэ ар щыжаIащ Санкт-Петербург щекIуэкIа, ПсэупIэ фондыр зехьэнымрэ къызыхуэтыншэу ар зэгъэпэжынымрэ хуэунэтIа урысейпсо зэхуэсым. 

КъБР-м и ПсэупIэ-коммунальнэ фондым и унафэщI Кулиев Мустафир зэIущIэм хэтахэм ядэгуэшащ и лэжьыгъэм щиIэ ехъулIэныгъэхэмкIэ икIи къыхигъэщащ Iуэхур ипэкIэ кIуэтэн 2021 гъэм зэрыщIидзар. Абы ипэкIэ цIыхухэм хуащIэ псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм къапэкIуэ ахъшэр зэрымащIэм къыхэкIыу лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIыфу щытакъым: зы илъэсым къриубыдэу фэтэр куэду зэхэт унэ зыбжанэ зыхуей хуагъэзэфу арат. АтIэми, зэрагъэпэщыжын хуей унэхэм я бжыгъэр гъэ къэс нэхъыбэ хъууэрэ кIуэрт.
2022 гъэм Фондым и лэжьыгъэр диIыгъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек икIи абы и унафэкIэ щIыналъэ бюджетым къыхэкIа мылъкукIэ зэрахъуэкIащ жьы хъуа лифт 67-рэ. Апхуэдэ щIыкIэкIи иужькIэ IуэхущIапIэм Iэмал игъуэтащ псэупIэхэр зэIузэпэщ ящIыну, псом хуэмыдэу, унащхьэхэмрэ инженер коммуникацэхэмрэ зэрагъэпэщыжыну.
2021 - 2022 гъэхэм щIыналъэ Фондым хузэфIэкIащ фэтэр куэду зэхэт унэу 126-рэ, 2023 гъэм – 91-рэ зыхуей хуагъэзэну. Дызэрыт илъэсым апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI унэ 75-м. Иужьрей илъэсипщIым Фондым зэригъэпэщыжащ фэтэр куэду зэхэт унэу 600, лифт 200 зэрихъуэкIащ. 
Урысейпсо зэхуэсым къыщалъытащ КъБР-м и ПсэупIэ-коммунальнэ фондым и унафэщIым и зэфIэкIыр икIи абы къыхуагъэфэщащ УФ-м и ЖКХ-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэм и дамыгъэр. Кулиев Мустафир дамыгъэ лъапIэр къритащ УФ-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Файзуллин Ирэк.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.