Сэлэт хахуэм и фэеплъу

Бахъсэн куейм хиубыдэ Зеикъуэ къуажэм футбол цIыкIумкIэ зэхьэзэхуэ щызэхэтащ иджыблагъэ. Ар фэеплъ хуащIащ я къуажэгъу, зи дзэ къалэныр хахуэу зэригъэзэщIам папщIэ «За боевые заслуги» медалыр зыхуагъэфэща Къып Беслъэн. Зэпеуэм и жэрдэмщIакIуэ хъуахэщ и классэгъуу щытахэр, ныбжьэгъухэр, благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ. КъызэгъэпэщакIуэхэм щIэгъэкъуэн яхуэхъуащ Бахъсэн район администрацэмрэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» Къэбэрдей-Балъкъэр фондым и къудамэмрэ.

Зи псэр Хэкум и сэбэп зыхэлъхэм щIэзыта сэлэт хахуэр ягу къагъэкIыжу, къэзылъхуахэмрэ зыгъэсахэмрэ фIыщIэ хуащIу къэпсэлъащ кърихьэлIа хьэщIэхэр, езыгъэджахэр, къуажэдэс нэхъыжьхэр къыщыпсэлъащ. 
Зэхьэзэхуэр щызэхэтар езы Къып Беслъэн щеджа, Шафий Хьэчим и цIэр зезыхьэ 2-нэ курыт школырщ. Ар къиуха иужь щIалэр УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм экономикэмрэ правэмрэ щыхурагъаджэу Рязань щиIэ институтым щIэтIысхьат. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэта иужь дзэм къулыкъу щищIащ. А къалэныр игъэзащIэри, Беслъэн лэжьапIэ IэнатIэхэр зыхъумэ IуэхущIапIэм щылэжьащ.
Дзэ къалэн хэха зыхуагъэувахэм ар яхыхьащ 2023 гъэм икIи хахуэу зэрызэуам, и Хэкум хуиIа лъагъуныгъэм и кууагъым и щыхьэтщ къыхуагъэфэща медалыр.

Къыпхэ я щIалэр зыцIыхуу щыта псоми зэрыжаIэжымкIэ, Беслъэн нэмысыфIэу, хабзэ хэлъу, нэфIэгуфIэу, губзыгъэу, жумарту, гуапэу дунейм тетащ. МащIэ къигъэщIами, лъэужь дахэ къэзыгъэна щIалэм и цIэр зэрыуахътыншэнум, щIэблэм щапхъэ зэрахуэхъунум зыцIыхуахэм шэч къытрахьэркъым.

ШАФИЙ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.02.2026 - 15:59

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зи чэзу зэIущIэм «комитетым хухах сы­хьэтым» хыхьэу, депутатхэр щедэIуащ УФ-м тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм 2025 гъэм

10.02.2026 - 09:09

Зыхуэсакъыпхъэ щытыкIэхэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек видео зэ­-пы­щIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ псы къиухэмрэ 2026 гъэм мафIэсым нэхъ щыхуэ­сакъыпхъэ зэма­нымрэ ­захуэгъэхьэзы­­ры-ным теу­хуа урысейпсо зэIущIэм. 

10.02.2026 - 09:08

Министрыр зыхэта «эфир занщIэ»

ЩIыналъэм и Iуэхухэр зегъэкIуэнымкIэ Центрым и «эфир занщIэм» КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам щытеп­сэ­лъы­хьащ республикэм и спорт ­инфраструктурэр егъэ­фIэ­кIуэным, IэнатIэр IэщIагъэлI

10.02.2026 - 09:06

«Къэсей-гупым» и дамыгъищ

ЕссэнтIыгу къалэм щекIуэкIа «Имена России» XI дунейпсо фестиваль-зэ­пеуэм   и дамыгъищ зэуэ къыщахьащ Бахъ­сэнёнкэ къуажэм и   къэфакIуэ ансамблым. Художественнэ уна­фэ­щIыр Хьэкъул Ибрэхьимщ.

09.02.2026 - 17:20

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къызэIуах

«ЩIэныгъэ» урысей зэгу­хьэныгъэм мазаем и 5-м Лъэпкъ центрым щригъэ­кIуэ­кIа «Урысейр унагъуэхэм я унэщ» марафоным УФ-м и Президент Путин Влади­мир къыщызэIуихащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныг