НыбжьыщIэхэм я къэкIуэнум теухуауэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ «ЛIыхъужьхэм я щIэ­блэ» Iуэхум хэта ныбжьыщIэхэм. Абыхэм республикэ УнафэщIым зыкъыпащIауэ щытащ «эфир занщIэр» щригъэкIуэкIам икIи къелъэIуат зэхуэзэу зэдэуэршэрыну. 

ЗэIущIэм и пэщIэдзэм КIуэкIуэм яжриIащ: «ЛIыхъужьхэм я щIэблэ» проектыр зигу къэкIар Урысейм и Президент Путин Владимирщ. Абы къыхигъэщащ ди къэралым и къэкIуэнур зэрелъытар нобэ я лIыгъи, хахуагъи, гъащIи щымысхьу къэралым къулыкъу хуэзыщIэхэм. Зи нэхъыжьыр, адэр дзэ Iуэху хэхам щыIэ, хабзэхъумэ IэнатIэм пэрыт унагъуэм щIэблэ узыншэщ къихъуэнур. Ахэр сытым дежи хьэзырынущ Хэкум, ныбжьэгъум, жылагъуэм къыхуэсэбэпыну. Мы проектым ныбжьыщIэ 900 къызэщIеубыдэри, я гъащIэр адэкIэ зэраубзыхунум егупсысакIэщ. Нэхъ пасэу ар зэбгъэзэхуэху, нэхъыфIым ухуишэну аращ. Дэ сыт и лъэныкъуэкIи зыфщIэ­дгъэкъуэну дыхьэзырщ». 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «ЛIыхъужь­хэм я щIэблэ» проектыр къыщIыхалъхьар дзэ Iуэху хэхам щыIэхэмрэ абы и ветеранхэмрэ я бынхэм IэщIагъэ къыхахыу, гъащIэм лъэ быдэкIэ хэувэнымкIэ къэралыр сэбэп яхуэхъун папщIэщ. Мы гъэм мы лэжьыгъэр щокIуэкI Урысейм и хэгъэгу 21-м. ЕтIанэгъэ щыщIэдзауэ Пэрытхэм я зэгу­хьэныгъэр нэхъыбэу зэлэжьыну Iуэхухэм ящыщ зыуэ щытынущ. Ди республикэм зи гугъу тщIым щолэжь КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэр, «Росмолодежь»-р, Пэрытхэм я зэгухьэныгъэр.
НыбжьыщIэхэр зэпсэлъащ, дэзы­хьэх­хэм, ехъулIэныгъэхэм, мурадхэм теухуауэ. Къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр здрагъэкIуэкIым, абыхэм къащIащ лъэпкъым щыщ лIыхъужьхэм, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм, Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьхэм, егъэджакIуэ, дохутыр, спортсмен, щэнхабзэм и лэжьакIуэ цIэрыIуэхэм я хъыбар куэд. 
КъызыхуигъэщIа, нэхъ дэзыхьэх IэщIагъэр зыхуэдэр къащIэн папщIэ, IэщIагъэлIхэр ядэлэжьащ школакIуэ­хэм. 
Ахэр IуэхущIапIэ зэмылIэу­жьы­гъуэхэм щыIащ, абыхэм я уна­фэщIхэм епсэлъащ. Сабийхэм къахуэзащ ­КъБР-м и прокурор Х­абаров Николай, УФ-м и Президентым и Полномочнэ лIыкIуэу Ипщэ Федеральнэ щIыналъэм щыIэм и дэIэпыкъуэгъу Валиев Айдамир, КъБР-м и ­Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Миронов Николай, КъБР-м экономикэ зыужьы­ныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис, УФ-м и ­Минюстым и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Кужонов Жантемыр, ­КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэ­ныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и ми­нистр Лу Азэмэт, узыншагъэр хъу­мэнымкIэ министр Къалэбатэ Рус­там, бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, зэпыщIэныгъэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ министр Бозий Аскэр, «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым ди щIыналъэм щиIэ къудамэм и унафэщI Дадэ МуIэед, КъБР-м и Налшык щIыпIэ дзэ судым и унафэщI Мэлбахъуэ Ахьмэд, Федеральнэ антимонопольнэ къулыкъущIапIэм и къудамэу КъБР-м щыIэм и Iэтащхьэ ­Къумахуэ Аннэ, КъБР-м и Нотариальнэ палатэм и президент Хьэкъул Майе, КъБР-м щIыналъэ Iуэхухэр зэ­фIэ­хынымкIэ и центрым и унафэщI КIэдыкIуей Мадинэ, Урысейм и ­юристхэм я зэгухьэныгъэм хэт КIуэ­кIуэ Дианэ, Пэрытхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Шыпш Аслъэн, дизайнер цIэрыIуэ Сэралъп Мадинэ сымэ. 
КъБР-м и Iэтащхьэм фIыщIэ яхуи­щIащ гъэсакIуэ пэлъытэу, чэнджэщэгъуу ныбжьыщIэхэм къадэлэжьа дэтхэнэ зыми.
«ЛIыхъужьхэм я щIэблэ» зэIущIэм хэтахэм щыIэкIэ-псэукIэр езыгъэфIэ­кIуэн мурад гъэщIэгъуэнхэр утыку кърахьащ, ахэр гъащIэм хэпща зэрыхъунум и хэкIыпIэхэр къагъэлъэгъуащ. КIуэкIуэр а псоми едэIуа нэужь, ныбжьыщIэхэм я упщIэхэм жэуап яритащ икIи ехъулIэныгъэхэр яIэну ехъуэ­хъуащ. Iэтащхьэм къыхигъэбелджы­лыкIащ сабийхэм я жэрдэмхэр сыт щыгъуи къэралым, республикэм зэрадиIыгъынур. 
КIуэкIуэ Казбек школакIуэхэм яхуэза нэужь жиIащ абыхэм зэрепсэлъар хуабжьу игу зэрыдыхьар, нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэдым зэрыригъэгупсысар. Апхуэдэуи дыщIигъуащ етIанэгъэ гъатхэм адрей хэгъэгухэм мыбы ещхьу щагъэзащIэ Iуэхум хэт щIалэгъуалэр ди республикэм кърагъэблагъэу Хэку зауэшхуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэр илъэс 80 зэрырикъум иращIэкIыну ­дауэдапщэхэм хагъэ­тыныр игъуэу къызэрилъытэр. Iэтащхьэм и жэрдэ­мыр ягу ирихьащ ныбжьыщIэхэм. Абы иужь ихьэнущ ­КъБР-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.02.2026 - 15:59

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зи чэзу зэIущIэм «комитетым хухах сы­хьэтым» хыхьэу, депутатхэр щедэIуащ УФ-м тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм 2025 гъэм

10.02.2026 - 09:09

Зыхуэсакъыпхъэ щытыкIэхэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек видео зэ­-пы­щIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ псы къиухэмрэ 2026 гъэм мафIэсым нэхъ щыхуэ­сакъыпхъэ зэма­нымрэ ­захуэгъэхьэзы­­ры-ным теу­хуа урысейпсо зэIущIэм. 

10.02.2026 - 09:08

Министрыр зыхэта «эфир занщIэ»

ЩIыналъэм и Iуэхухэр зегъэкIуэнымкIэ Центрым и «эфир занщIэм» КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам щытеп­сэ­лъы­хьащ республикэм и спорт ­инфраструктурэр егъэ­фIэ­кIуэным, IэнатIэр IэщIагъэлI

10.02.2026 - 09:06

«Къэсей-гупым» и дамыгъищ

ЕссэнтIыгу къалэм щекIуэкIа «Имена России» XI дунейпсо фестиваль-зэ­пеуэм   и дамыгъищ зэуэ къыщахьащ Бахъ­сэнёнкэ къуажэм и   къэфакIуэ ансамблым. Художественнэ уна­фэ­щIыр Хьэкъул Ибрэхьимщ.

09.02.2026 - 17:20

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къызэIуах

«ЩIэныгъэ» урысей зэгу­хьэныгъэм мазаем и 5-м Лъэпкъ центрым щригъэ­кIуэ­кIа «Урысейр унагъуэхэм я унэщ» марафоным УФ-м и Президент Путин Влади­мир къыщызэIуихащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныг