Сабийхэр ягъэгушхуэ

Ныкъуэдыкъуэхэм я дунейпсо махуэм трагъахуэу, дыгъэгъа­зэм и 3-м, сабийхэм пшыхь гу­къинэж щыхуащIащ Узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Лэгъупыкъу» центрым. Ар къызэрагъэпэщат КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ, ЩэнхабзэмкIэ и министерствэхэм. 

«Лэгъупыкъум» и пэшышхуэм щызэхуашэсат зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ, егъэджакIуэхэр, гъэ­сакIуэхэр. Пшыхьыр къыщы­зэIуахым, цIыхухэр ирагъэдэIуащ гуапагъэр зищIысым, и мыхьэнэм, ар къызэрыпхуэщэхуным, цIыхум и гум илъу къыдэгъуэгурыкIуэн зэрыхуейм. «Гуапагъэр зэи жьы хъуркъым, абы цIыхур еIэт, «ин» ещI. Ауэ сытми «псалъэ гуапэр хущхъуэщ» жаIэркъым. Гуапагъэр къыпхуэмыIуэтэн гуэрщ, абыкIэ цIыхум ухуэупсэн хуейщ. Аращ зытеухуар ди пшыхьыр», - къыхагъэщащ ар езыгъэкIуэкIахэм. 
 Мы Iуэхум хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ ­Татьянэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Уянаевэ Iэминат, КъБР-м и Парламентым и депутат, «Афганистанымрэ дзэ Iуэху хэхахэмрэ я ветеранхэм я зэгухьэныгъэ» Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ IуэхущIапIэм и унафэщI Тхьэгъэлэдж Тимур,  КъБР-м лэ­жьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъу­ныгъэмкIэ и министр Тогузаев ­Тахир, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, ­КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мокаев Ачемиз, КъБР-м сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэ Лъынэ Светланэ, КъБР-м ис ЦIыхубзхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаскъул Аулият, Сабий ныкъуэдыкъуэхэм я адэ-анэ­хэм я урысейпсо IуэхущIапIэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Бозий Маринэ, Зи нэм имылъа­гъухэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм Налшык къалэм щиIэ къудамэм и унафэщI Ульбашевэ Хьэлимэт, Сабий-ныбжьыщIэ творчествэмкIэ къалэ центрым и уна­фэ­-
щIым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ Iуэху­хэм­кIэ и къуэдзэ Къэзакъ Жаннэ, Сабий-ныбжьыщIэ творчествэмкIэ Налшык къалэ центрым и унафэщIым Iуэхугъуэ зэхуэ­мы­дэхэр къызэгъэпэщынымкIэ и ­къуэдзэ Кертбиевэ Залинэ.
- Къаруушхуэ зыбгъэдэлъ ди сабийхэм нобэ я махуэщ. Дэ долъагъу бэшэчу икIи ерыщу егъэджэ­ныгъэм, спортым, гъуазджэм ехъу­­лIэныгъэшхуэхэр зэрыщызы­Iэ­рывгъэхьэр, уеблэмэ гъащIэр фIыуэ зэрыфлъагъумрэ абы жы­джэру фызэрыхэтымкIэ адрейхэм щапхъэ фазэрыхуэхъур. А псор, шэч хэмылъу, пщIэ зыхуэфащэ лэжьыгъэщ, - къыхигъэщащ Егоровэ Татьянэ сабийхэм защыхуигъазэм. - Нобэ къэралым гулъытэ хэха хуещI зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм защIэгъэкъуэным - егъэ­джэныгъэ жыпIэми, медицинэ Iуэхуу щытми. Апхуэдэ лэжьыгъэр гъэ къэс зэредгъэфIэкIуэнум дэ и ужь дитщи, дыхуейт мы Iуэхум иджыри цIыху куэд къеувэлIэну. Дызэгъусэу куэд тхузэфIэкIынущ! ФIыщIэ щхьэхуэ яхуэфащэщ адэ-анэхэм зи гуапагъэмрэ гулъы­тэмрэ хэмыщIу сабийхэм якIэ­лъыплъхэм. ИкъукIэ къыпхуэмы­лъытэн хуэдиз къалэнышхуэ фогъэзащIэ. Фи унагъуэхэм сыт щыгъуи гу хуабагъэ илъыну, узыншагъэ фиIэну, фи къарур мы­кIуэщIрэ гукъыдэж ин фхэлъу фыпсэуну си гуапэщ».
Тхьэгъэлэдж Тимур фIыщIэ ­яхуищIащ зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэм ядэлажьэхэми адэ-анэхэми. Абы Афганистанымрэ дзэ Iуэху хэхахэмрэ я ветеранхэм я зэгухьэныгъэм къыбгъэдэкIыу цIыху зыбжанэм щIыхь тхылъхэр яритащ: «Лэгъупыкъу» центрым зэрагъэхъуж физическэ щэнхабзэмкIэ и инструктор Бэрсэдж Мыхьэмэт, «Лэгъупыкъум» узыншагъэр щрагъэфIакIуэ и къудамэм и унафэщI Мусуковэ Танзиля, психолог Бэдрак Джамилэ, Налшык къалэм и курыт еджапIэ №23-м и педагог-психолог Базаев Расул сымэ. «ЩIэблэм дыф­щогугъ. Къэралым и зыужьыныгъэр зыхуэдэнур зэлъытар фэращ. Узыншагъэ фиIэну, фIыуэ феджэну, щIэныгъэ куу зэвгъэ­гъуэтыну дынывохъуэхъу, ди нэхъыжьхэм я щIэиныр фхъумэну ди хъуэпсапIэщ, - жиIащ депутатым.
АдэкIэ сабийхэр къафэхэмрэ уэрэдхэмрэ я псысэ телъыджэм хашами ярейт. Пшыхьым цIыкIу­хэм я гукъыдэжыр къыщаIэтащ «Кавказ пшэплъхэр», «Эльбрус», «Арабеск» сабий ансамблхэм, уэрэдхэр ягъэзэщIащ Иуан Каринэ, Ким Виктор, Болэт Мира­бель сымэ. Пэшым щIэсхэр ягъэгушхуащ, ягъэджэгуащ, псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэм ещхьу зы­зыхуэпахэм абыхэм я гукъыдэжыр къаIэтащ. Пшыхьым и курых хуэ­дэт «сабий дыгъэхэр» утыкум къыз­драшэу, IэпэтэрмэшкIэ уэ­рэдым зэрыдежьууар. Пшыхь нэу­жьым сабийхэм IэфIыкIэхэмрэ псы IэфIхэмрэ хуагъэхьэзырауэ къа­пэплъэрт.
 Гуапагъэ, гущIэгъу, зэрылъытэ - мыпхуэдэ гурыщIэхэр тщIыгъумэ, ди гъащIэри, шэч хэмылъу, нэхъ тынш хъунущ. 
БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.01.2026 - 15:59

Налшыкыпсым и Iуфэр мыгувэу къыпхуэцIыхужынукъым

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зыщигъэгъуэзащ Нал- шык къалэ 2-нэ Тамань дивизэм и цIэр зезыхьэ и уэрамым къыщызэрагъэпэщ спорт-нэгузыужь IуэхущIапIэхэм лэжьыгъэр зэрыщекIуэкIым.

19.01.2026 - 10:01

Зэлэжьынур ягъэбелджылы

КъБР-м и Парламентым и Президиумым гъатхэ лэжьэгъуэм хыхьэу и япэ зэIущIэр екIуэкIащ. 

19.01.2026 - 09:24

IэмалыщIэхэм нэхъ трагъащIэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэпы­щIэныгъэхэмкIэ и министр Бозий Аскэр.

19.01.2026 - 09:22

Нэхъыбэж къызэщIаубыдэ

«Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Дадэ МуIэед КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуиIуэтащ блэ­кIа илъэсым ирагъэкIуэкIа лэ­жьы­­гъэхэмрэ абыхэм къапэкIуа­хэмрэ.

19.01.2026 - 09:21

«Унащхьэм» щызэрагъэзахуэхэр

Адыгэбзэр, адыгэ хабзэр, щэнхабзэр хъу­мэным зи лэжьыгъэр теухуа «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым къызэригъэпэща «Сыринэ» ныбжьыщIэ адыгэ театр-студием иджыблагъэ утыку кърихьащ драматург, усакIуэ, «Жан