ЩIыгулъ - ерыскъылъэ

Мы гъэм епщыкIузанэу ЩIыгулъым  и дунейпсо махуэр зыгъэлъапIэхэм ящыщщ Урысей Федерацэри. 

ЩIы щхьэфэм и зэхэлъыкIэм куэд епхащ. Хьэуам и пкъыгъуэу абы зыщIишэ­хэм псыежэххэмрэ щIыщIагъыпсхэмрэ ягъэкъабзэ. ЩIыгулъым зэтреIыгъэ, шынагъуэ гуэри пымылъыжу еущыкъуей  зыуцIэпIу лъэIэса псори. Щымыщу хыхьэ, узыфэ къэзышэ микробхэр щIыгулъ узыншэм еукI, егъэкIуэд, цIыхухэмрэ ­дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ къабзагъэ, экологие щытыкIэ узыншэ къахузэрегъэпэщ. АрщхьэкIэ, ямылейуэ яуцIэпIа щIым шынагъуэ къешэ, и фIагъым кIэ­роху, мэж, мэгъущIэри, къызэрымыкIуэ къэхъукъащIэхэр къэунэхунымкIи щхьэу­сыгъуэ мэхъу.
Псалъэ папщIэ, гъавэ щIапIэхэр и чэ­-зум зэрызэрамыхъуэкIым щIым и къарур щIех, хьэпIацIэхэмрэ удзыжьхэмрэ егъэбагъуэ, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр къегъэунэху, бэвагъым кIэрегъэху. Псым щIилъэсыкI, жьыбгъэм игъэжэщI-игъэ­жэпхъ, минерал шыгъухэр зэбэкI, шэ­ды­лъэ хъу щIыпIэхэм гъавэ щIагъуэ къы­щыпхутехкъым. 
Мыри къыжыIэпхъэщ. Къэбэрдей-­Балъкъэрым вапIэу иIэм щыщу зы цIы­-хум хуэзэр УФ-м ику иту зэрыщыхъум ­нэхърэ куэдкIэ нэхъ мащIэщ. Ари и зы щхьэусыгъуэщ, республикэ, муниципаль­нэ IуэхущIапIэхэри щIыр къэзыгъэсэбэп IэнатIэ псори гъавэ щIапIэхэм хуэсакъыным, я фIагъым хэгъэхъуэным егу­гъун щIыхуейм.

И къежьэкIэ

Илъэс 22 ипэкIэ, 2002 гъэм, ЩIыгулъым и зэхэлъыкIэр къэпщытэнымкIэ къэ­ралхэм я зэгухьэныгъэм ди планетэм цIыхуцIэ зиIэу тесыр къыхуриджащ псэу­ныгъэ екIу диIэнымкIэ зи мыхьэнэр ин дыдэ, дунейпсо фIыгъуэхэм ящыщ зыуэ къалъытэ къэщIыгъэм дяпэкIэ нэхъри дыхуэсакъын зэрыхуейм. 2013 гъэм а жэрдэмыр къыдищтащ ООН-м Ерыскъы­хэкI­хэмрэ мэкъумэш IуэхухэмкIэ и IуэхущIапIэм икIи а IэнатIэм и Зэхуэс (Ассамблее) Нэхъыщхьэу абдеж дыдэм щекIуэкIам дыгъэгъазэм и 5-р ЩIыгулъым и дуней­псо махуэу щагъэуващ.
Ди планетэм, щIэзыхъумэ щIыгур имы­Iатэмэ, цIыхухэри, хьэкIэкхъуэкIэхэри, ­къуалэбзухэри, гъудэбадзэхэри щып­сэуфыныр фIэщщIыгъуейт. Сыти жыIи, къэкIыгъэхэм зыщIаф псыIагъэмрэ зы­халъхьэ пкъыгъуэхэмрэ зыхъумэр аращ, щIыгум къытекIырщ мэкъумэшыщIэхэр зыщыгугъри Iэщ зыIыгъхэм гугъапIэу яIэри. Мэш щIэным, Iэщ гъэхъуным мы­хьэнэшхуэ ирату ижь-ижьыж лъандэрэ къэгъуэгурыкIуэ адыгэхэр а псоми фIыуэ щыгъуазэщ.

Гу лъытапхъэщ 

- ЩIэныгъэлIхэм къызэрабжамкIэ, дунейм псэ зыIутуи зыIумытуи тетым я процент 90-м нэблагъэр ерыскъыхэкIхэмкIэ къызэзыгъэпэщыр щIыгулъырщ. Аращ гъавэ щIапIэхэмрэ мэкъупIэхэмрэ я щы­тыкIэр зыхуэдэнур зэлъытари. 
- Дызэрыщыгъуазэщи, ди планетэм и Iыхьэ щанэр щIыгурэ къуршхэмкIэ щIэ­хъумащ. Адрейр, зэрытщIэщи, псыщ. ИтIани, щIэныгъэлIхэм къызэрабжамкIэ, псым хэсхэм елъытауэ, щIыгур къэзыгъэсэбэпхэр, я бжыгъэкIи лIэужьыгъуэкIи хуэдэ 700-кIэ нэхъыбэщ.
- Ди планетэм и щIыгум щыщу мэкъу­мэш лэжьыгъэхэр хуиту щебгъэкIуэкI хъуну иIэр и процент 11 къудейрщ. Адрейр пшахъуалъэщ, къуршылъэ-бгылъэщ е мэзхэмкIэ щIэхъумащ.
- Телъыджэщ, ауэ ЩIы Хъурейм гъудэ-бадзэу тетым я процент 95-м я гъащIэр, къыгуэхыпIэ имыIэу, щIыгулъым епхащ. 
- Ди къэралым доктор степеныр щIэныгъэлIхэм щыхуагъэфэщэнымкIэ япэ ды­дэу жэрдэм къыхэзылъхьауэ щытар щIыгулъ щIыпIэхэмрэ абыхэм я зэхэлъыкIэр джынымкIэ еджагъэшхуэ Докучаев Ва­силийщ. Ар къыщыхъуар 1883 гъэм ды­гъэгъазэм и 5-рщ. ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и унафэкIэ, ЩIыгулъым и дунейпсо махуэр абы щIытрагъэхуари аращ. 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2026 - 09:35

Гушхуэныгъэ къозыт япэ лъэбакъуэхэр

Лъэпкъыр ину зыIэтын хъыбар щызэхэпхым деж умыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къыхаха гъуэгум Iэижь хуэ­хъуауэ, ехъулIэныгъэфIхэр щызрагъэгъуэтауэ къыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэм къахэкIыр мащIэкъым.

18.05.2026 - 09:33

Зэрызэмыщхьырщ щIэщыгъуэ зыщIыр

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищ­хъэ­рэ къэрал институтым накъыгъэм и 14-м щыпащащ ­«Кинокавказ-2026» V кинофестивалым.

17.05.2026 - 09:03

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр.

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы