Сурэтым: (сэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ): Тау Замирэ, Аслъэныкъуэ Мадинэ, МэшлIокъуэ Саидэ, Уэзрокъуэ Чэрим, Ансыкъуэ Иринэ.
Ди республикэм и къалащхьэм и цIэр зэрихьэу Налшык дэт ресторан-музейм и щIыхьэпIэм деж щегъэжьауэ и дэтхэнэ плIанэпэми, къатми, пэшми адыгэ теплъэ яIэщ. Теплъэ къудейм и мызакъуэу, адыгэ унагъуэ укъыщыхута хуэдэу, абы щыпхузэблахыр адыгэ ерыскъы IэфIхэрщ, къыщеуэр адыгэ макъамэщ, щыпщафIэри а IэщIагъэм нэхъ хуэIэзэхэрщ. Адыгэм и шыфэлIыфэр, дуней тетыкIэр, унагъуэ зэхэтыкIэр, япщэфI шхыныгъуэр, зэрахьэ хьэпшыпыр, псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, адыгэ хаб-зэр плъагъуну, уи хьэщIэм ебгъэцIыхуну ухуеймэ, лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ псори щызэхуэхьэса ресторан-музейр абыкIэ щапхъэщ.
Ар зыгъэлажьэ Уэзрокъуэ Чэрим ди республикэми гъунэгъу хэгъэгухэми фIыуэ къыщацIыху уэрэджыIа-кIуэщ, куэдым я гум дыхьэ адыгэ щIалэ зэпIэзэрытщ. Чэрим и ныбжьэгъухэм жаIэ, сыт хуэдэ Iуэху кърихьэжьэми, зыми емыщхьу, зыхуей хуэзэу, псоми яфIэгъэщIэгъуэну къызэригъэпэщ, зэфIигъэкI зэрихабзэр. Абы ещхьу ресторан-музейм адыгэ ерыскъы щапщэфIу, адыгэм я псэукIэр уи нэгу къыщIигъэувэу игъэлажьэ къудей мыхъуу, зы проект телъыджэ къигупсысащ. «Адыгэхэм я деж хьэщIапIэ» зыфIища а Iуэху дахэм лъэпкъым и пщIэр нэхъри къиIэту илъэс зыбжанэ хъуауэ егъэлажьэ. Адыгэм и гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр зэрыдихыр, и псэукIэм и щхьэхуэныгъэхэр, хьэщIэ къегъэблэгъэкIэр, гъэхьэщIэкIэр, хабзэр, щэнхабзэр, гъуазджэр, зэхэтыкIэр, дызэрыс щIыпIэм и дахагъэр уи нэгу къыщIэзыгъэувэ видео теплъэгъуэр къыщат пэшым щызэхуэсхэр Iэнэм пэрысщ. ХьэщIэхэм хуаIуатэхэр шхыныгъуэхэм нэса нэужь, экраным къридзэ ерыскъыр а къыщигъэлъагъуэ дакъикъэ дыдэм Iэнэм къытрагъэувэ, цIыхухэр абы хэIэбэху, телевизорымкIэ ялъагъу ар къызыхэщIыкIари, зэрапщэфIри, зэрыIэфIым нэмыщI, сэбэпынагъыу пылъри. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, мы проектым хыхьэу, хьэщIэм шхыныгъуибл Iуагъахуэ: хугу хьэнтхъупс, джэш лыбжьэ, лыцIыкIулыбжьэ, кхъуейжьапхъэ пIастэ я гъусэу, дэлэн, къалмыкъ шейрэ мэжаджэрэ, тхъурыжь, щIакхъуэ Iэрыпщ, махъсымэ хуэдэхэр псоми я пащхьэ итщ. Тепщэчым къыбгъурылъщ шхыныгъуэхэм халъхьэхэр зэрыт тхылъымпIэ шыхьа цIыкIур. Ар хуейм къыздещтэ, кIуэжмэ, ипщэфIын хуэдэу. ХьэщIапIэ кIуар IэнэщIу щIагъэкIыжрэ? Абыи егупсысащ Чэрим, адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIа щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ я сурэтхэр зытет иджырей IэфIыкIэхэмкIэ яхуоупсэ.
КъБР-м, КъШР-м, АР-м къыщыдэкI «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку», «Адыгэ макъ» адыгэ газетхэм зэгъусэу къызэрагъэпэща «Журналист зэдэлэжьэныгъэ» проектым хэта журналист пщащэхэр гуапэу дригъэблэгъащ Чэрим икIи, и хэщIапIэм хьэщIэм щыкIэлъызэрахьэ хабзэм къыдэкIуэу, лэжьыгъэр къызэрыщызэгъэпэщами къытхутепсэлъыхьащ.
- Мы шхапIэр илъэс 23-рэ хъуауэ мэлажьэ, - жеIэ бы-сым щIалэм. - КъыщызэIуахым къэувауэ щыта пщафIэхэращ иджыри а Iуэхум пэрытыр. Абыхэм ныбжь яIэщ, я Iэхэр япщэфIым хуэшэры-уэщ, нэхъыфI зэрыхъунур ящIэу апхуэдэщ. Иджырей пщафIэхэр хамэ шхыныгъуэхэр зэрагъэхьэзырым нэхъ дехьэх, абы нэхъ зрагъасэри, ди адыгэ ерыскъыр яхуэпщэфIыркъым, ди жагъуэ зэрыхъущи. Ди шхапIэм щапщэфIри, щызэрахьэри, щылажьэхэр зэрыхуэпари, зэрыпсалъэри ди лъэпкъ хабзэмрэ бзэмрэ къезэгъыущ.
Мыбы щекIуэкI сыт хуэдэ Iуэхуми уи нэIэ тет зэпыту щытын хуейщ. ШхапIэ къызэIупхарэ уи ныбжьэгъухэр уи гъусэу ущIэскIэ, зэфIэкIыркъым. АтIэ къекIуалIэ дэтхэ- нэ зыми, «къытезгъэзэжарэт» жиIэу щIэкIыжын папщIэ, уигури уи псэри етауэ уи къалэным упэрытын хуейщ. Мы шхапIэр къапщтэмэ, сом къризлэжьынщ, мылъку ирисщIынщ жысIэу къесхьэжьа Iуэхукъым, сэ сызэрыпсэун къызэрызлэжьыр нэгъуэщI IэщIагъэщ. СыкъызыхэкIа лъэпкъым и сэбэп зыхэлъ гуэр сщIэну сыхуейт, адыгэр нэхъыбэм къацIыхуарэт жысIэу си гуращэти, мыпхуэдэ Iэмалыр къэзгупсысащ. Адыгэ шхыныгъуэхэмкIэ хамэ щIыпIэхэм къикIахэмрэ нэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIахэмрэ згъэхьэщIэкIэрэ лъэпкъым бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр я пащхьэ изолъхьэ, дыкъацIыхумэ, дыкъалъагъумэ сфIэфIу.
Нобэ фэ флъэгъуа проектымкIэ дгъэхьэщIэр куэд мэхъу, - къыпещэ Уэзрокъуэм. - Республикэ унафэщIхэм я деж къакIуэ хьэщIэхэр, санаторэхэм зыщагъэпсэхуну ди лъахэ къихьэ туристхэр, гъунэгъу хэгъэгухэм, хамэ къэралхэм, Урысейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа куэд къытхуоблагъэ. Ахэращ «Адыгэхэм я деж хьэщIапIэ» проектыр къыщIэдгупсысари. Зы сыхьэтым и кIуэцIкIэ, видео теплъэгъуэмкIэ зрагъащIэ адыгэм и щыIэкIэ-псэукIэр, къекIуэкIыкIар, зэрахьэ хабзэр, япщэфI, яшх ерыскъыр. Дакъикъибл нэхъ ямызэхуакуу шхыныгъуибл ядогъэшх. Ар куэду къызыщыхъункIэ хъун щыIэщ, ауэ адыгэр игъащIэм ныбаблэу, къехьэлъэкIын хуэдиз ишхыу щытакъым. АтIэ мащIэрэ-IэфIу жыхуиIэм хуэдэу, къару къезытын, къэуат зыщIэлъ защIэт ишхыр. Шхыныгъуиблыр къыщытхькIэ, тепщэчым къралъхьэ Iыхьэхэр мащIэщ, ар лъатэм къытехьэлъэркъым, ауэ къэуату щIэлъыр куэдщи, уи ныбэр изу, къарурэ гукъыдэжрэ къуиту укъотэджыж. Ар зыхащIэ япэ дыдэу адыгэ шхыныгъуэ зыIухуэ зыгъэпсэхуакIуэхэми.
Чэрим и псалъэхэм щыхьэт техъуэфын цIыху куэд ущрихьэлIэнущ ресторан-музейм. Абы гуп-гупурэ махуэ къэс къокIуэ ди лъахэм зыщызыгъэпсэхухэр. Урысейм и нэгъуэщI хэгъэгухэм къикIа е хамэ къэралхэм къыщалъхуа цIыхум, адыгэ унагъуэ къыщыхута хуэдэ, махъсымэбжьэкIэ къыпожьэри, IэфIагърэ хуабагърэ зыщIэлъ уардэунэ зэгъэпэщам щагъэтхъэж. Хуабжьу си гуапэ мэхъу абы щыIахэм я гупсысэхэр къаIуатэу сыщрихьэлIэкIэ. Налшык и уэрамхэм къыщыпкIухькIэ, и зыгъэпсэхупIэхэм уи узыншагъэр щебгъэфIакIуэкIэ, уздэщыIэ щIыпIэм исхэр къэпцIыхуркъым. КъБР-м къэкIуам мыбы ис адыгэхэр зыхуэдэмрэ я дуней тетыкIэмрэ къащIэнымкIэ уасэншэщ Чэрим къигупсыса проектыр. Абы и деж зэ щыIам «Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщыдгъэпсэхуат» щыжаIэкIэ, «адыгэхэм я деж хьэщIапIэ дыщыIат» жаIэу зэрыдыщIагъунум шэч хэлъкъым, апхуэдэ егъэблэгъэкIэ гуапэр гум къимынэнкIэ Iэмал иIэкъы-ми.
Ди журналист зэдэлэжьэныгъэм хэта пщащэхэр адыгэщ, къыздикIари адыгэ зэрыс хэгъэгущ. Ауэ Чэрим зи тхьэмадэ шхапIэ-музейм и уардагъым, езым и хьэлэлагъым, ныбжькIэ щIалэми, зигури зи псэри лъэпкъым хузэIуха дадэ Iущым хуэдэу хъыджэбзхэр зэрыригъэблэгъар телъыджэ ящыхъуащ. Апхуэдэ гуапагъэр нэм къиIуидзэ къудейкъым, атIэ шхапIэм и дэтхэнэ зы плIанэпэми щызыхыбощIэ, абы къыщаIэт ерыскъым и IэфIагъым гур щыз ещI. Шхыныгъуэхэм я IэфIагъыр щыдгъэщIагъуэм, Чэрим зы щэху къытхузэIуихащ - ерыскъыр къызыхащIыкI шатэри, шхури, кхъуейри, шэри, лыри, псори къуажэхэм, унагъуэхэм къыщищэхуу аращ. Ахэр илъэс бжыгъэ хъуауэ игъэунэхуауэ, къращэр зищIысыр ищIэу апхуэдэщ. И фIагъри, IэфIагъри, щащIа махуэри, зыщIари ещIэ, арагъэнщ пщафIэхэм я лэжьыгъэр фIыуэ къащIехъулIэр.
Ди хьэщIэхэм мызыгъуэгукIэ къацIыхуар, ялъэгъуар шхапIэм и тхьэмадэ Уэзрокъуэ Чэримщ. Ауэ абы и уэрэджыIэкIэ дахэмкIэ адыгэ утыкур зэригъэбжьыфIэр, адыгэм ехьэлIамэ, и щхьэм щызэблэкI гупсысэ жанхэмрэ ар IуэхущIафэ щхьэпэу гъащIэм зэрыхипщэфымрэ къыджиIэну делъэIуащ:
- Сэ сызэрыцIыкIурэ уэрэд жыIэным сыдехьэх, - къытхуеIуатэ бысым щIалэм. - Дунейм сыкъыщытехьам щIыпIэ куэдым къыщацIыхуа Нэхущ Чэрим «уей, уей» жригъэIэу уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэт. Ар си анэшхуэм хуабжьу игу дыхьэрти, Чэрим и цIэр къысфIищауэ щытащ. Зэман дэкIри, а IэщIагъэр сэри къыхэсхащ, Чэрими ныбжьэгъуфI, гъуэгугъэлъагъуэ схуэхъуащ. Сабий гъэсапIэм сызэрыкIуэрэ, къуажэм, районым Iуэху гуэр щыIэмэ, сашэурэ уэрэд жызагъэIэрт. Курыт еджапIэм сыщыщIэсым, тхьэмахуэм щэ си анэм Налшык сыкъишэу- рэ макъамэм сыщыхуригъаджэрт. ГъуазджэмкIэ школым - илъэсиблкIэ, иужькIэ ГъуазджэхэмкIэ колледжым сыщIэтIысхьэри, Даур Иринэ и нэIэ къыстету илъэсиплIкIэ сыщеджащ, итIанэ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтыр къэзухащ.
ЩIэныгъэ, зэчий, зэфIэкI зыбгъэдэлъ щIалэщIэм хуэдэхэрщ нобэ лъэпкъым и къэкIуэнур зыухуэр. Чэрим уэрэд жиIэ къудейкIэ зэфIэкIыркъым лъэпкъ щэнхабзэм хуищI хэлъхьэныгъэр. ХьэгъуэлIыгъуэхэр, нысашэхэр, лъэтеувэхэр, махуэшхуэхэр игъэбжьыфIэу, цIыхум яфIэфIу ираджэ щыхъум, лъэпкъыпсэ-хэкупсэу щыт щIалэм гу лъитащ адыгэ фащэм и пщIэр Iэпэдэгъэлэл зэращIым.
«Илъэс 13 ипэкIэ, нобэ хуэдэу, нысащIэхэм адыгэ фащэ ящыгъыу щытакъым, европей бостейр нэхъ къащтэрт. Лъэпкъ фащэ щызытIагъэр мылъку ябгъэдэлъу я щхьэм хуезыгъэдыжыф закъуэтIакъуэрт. Абы щыгъуэм сегупсысащ фащэ зыщIэлъ зы тыкуэн къызэзгъэпэщу, бэджэнду стыну. Сытемыгушхуащэурэ къызэIусха унэр нобэ цIыху кIуапIэщ, нэхъыбэж вжесIэнщи, апхуэдэ тыкуэнхэр ди къалэм куэд щыхъуащ, щIэупщIи яIэщ. Абы уи гур химыгъэхъуэнкIэ Iэмал иIэкъым, си гугъэщ адыгэу зыкъэзылъытэж дэтхэнэ зыри а Iуэхум щыгуфIыкIыу», - жеIэ Чэрим.
АдыгэлI нэсым и хьэлщ щIалэщIэм дэплъагъур. И щхьэ Iуэху дигъэкIынракъым игъэнэхъапэр, атIэ къызыхэкIам и пщIэр иIыгъынырщ, адыгэм и цIэр дахэу игъэIунырщ. Туристхэм я еблэгъапIэ гуп- сэху, адыгэ Iэнэ щысыну зигу къыпылъадэ хэкурысым и унэ етIуанэ ресторан-музейм нэм щилъагъу псори щхьэм и уасэу зэтригъэпсыхьащи, адыгэр зэрыадыгэм иригушхуэрэ, хамэм «сыадыгарэт» жригъэIэу ирегъэжьэж Уэзрокъуэ Чэрим.
НэщIэпыджэ Замирэ,
«Адыгэ псалъэ» газетым, политикэмкIэ, жылагъуэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист.