30 сентября, 2019 - 06:56
Урысей гвардием Къэбэрдей Балъкъэрым щиIэ управленэм иджыблагъэ Iуэху гуапэ щекIуэкIащ. Лъы щат республикэ станцым и дохутыр нэхъыщхьэ ЛъэнкIэпIашэ Русланрэ къудамэм и унафэщI Дудар Азэрэ «Урысейм щIыхь зиIэ и донор» цIэр зэрыфIащэм щыхьэт техъуэ тхылъхэр иратыжащ полицэм и капитанхэу Гъэунэ Аслъэнбийрэ Жэмыхъуэ Зауррэ. Абыхэм 40-м щIигъурэ лъы ятащ.
КъБР-м и Урысей гвардием и лэжьакIуэхэр жыджэру хэтщ лъы ятыным теухуауэ къызэрагъэпэщ Iуэхухэм. ЩIыналъэ управленэм къулыкъу щащIэ «Урысейм щIыхь зиIэ и донор» цIэр зезыхьэ цIыхуи 4-м, апхуэдэуи лэжьакIуэ 20-м щIигъум, хабзэ яхуэхъуауэ, щIэх-щIэхыурэ лъы ят.
- Ди зэманым медицинэм хущхъуэ лIэужьыгъуэ куэд къыхыхьащ. Ауэ лъым и пIэкIэ къэбгъэсэбэп хъун абыхэм яхэткъым. Фи лэжьакIуэхэм хуэдэу гущIэгъу зыхэлъхэм я фIыгъэкIэ илъэс къэс цIыху мелуанхэм я гъащIэр дохутырхэм кърагъэл, - жиIащ ЛъэнкIэпIашэ Руслан.