Лъагъуныгъэрэ гуапагъэкIэ гъэнщIа.

Мы гъэм илъэс 15 мэхъури, ди къэралым щагъэлъапIэ Гъэса­кIуэм­рэ школ кIуэгъуэ ныбжьым нэмысахэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэмрэ я махуэр. Къэрал зыужьыныгъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а IэнатIэм и щытыкIэм иджыри зэ гу лъозыгъатэ махуэшхуэщ ар, сыту жыпIэмэ хэкум къихъуэ щIэблэм ябгъэдэлъ гупсысэмрэ дуней еплъыкIэмрэ, яIэ гъэсэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ куэд елъытащи. А псоми я къежьапIэр сабий гъэсапIэхэращ. Ди республикэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ а махуэшхуэр. Налшык дэт Киноконцерт гъэлъэгъуапIэм махуэку блэкIам къыщызэрагъэпэщащ щIыналъэм и гъэсэныгъэ IэнатIэм псэ хьэлэл лэжьыгъэкIэ къы­щыхэжаныкIа IэщIагъэлIхэр, ветеранхэр зрагъэблэгъа гуфIэгъуэ пшыхь. Зэхуэсым кърихьэлIат КъБР-м цIыху­хэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэм­рэ щIа­лэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и ми­нистр Къумыкъу Iэуес, КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ, ­КъБР-м и Iэтащхьэм деж Сабийм и хуитыныгъэмкIэ щыIэ уполномоченнэ Лъынэ Светланэ, КъБР-м и егъэ­джэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Карныш Сергей, КъБКъУ-м и педколледжым и унафэщI Ашэбокъуэ ФатIимэ, нэгъуэщIхэри.
Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ Аттаев Азноррэ Хьэгъэжей Иринэрэ. Къы­зэхуэсахэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуа нэужь, ахэр кIэщIу къытеувыIащ абы къежьапIэ хуэхъуауэ щыта Iуэху­гъуэхэм.
- Тхыдэ дэфтэрхэм къызэрыхэ­щыжымкIэ, егъэджакIуэ цIэрыIуэ Симонович Аделаидэ Петербург 1863 гъэм япэ дыдэу къыщызэIуихауэ щытащ илъэси 3-8-хэм ит сабийхэм папщIэ гъэсапIэ. ЦIыкIухэр зэрыщаIыгъым, зэрыщагъэджэгум къыдэкIуэу, абыхэм ирагъащIэрт тхэкIэрэ бжэ­кIэрэ, дыкъэзыухъуреихь дунейм теухуа пэщIэдзэ щIэныгъэ иратырт. ЯпэщIыкIэ абы кIуэфу щытар унагъуэ къулейхэм я бынхэращ. ИужькIэ, 1868 гъэм, Петербург къыщызэIуахащ япэ пщIэншэ гъэсапIэр. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэм нэхъыфIу зыщиужьар ди къэралым Жэпуэгъуэ зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыщыхъуа нэужьщ. 1918 гъэм къыщыщIэдзауэ гъэсапIэ IэнатIэхэр хъуащ къэралым иригъэкIуэкI егъэджэныгъэ политикэм и зы Iыхьэшхуэ. ХХ лIэщIыгъуэм и 90 гъэ­хэм ирихьэлIэу ди къэралым а IэнатIэмкIэ щызэтеуват дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа Iуэху зехьэкIэ пэрыт, - къыхагъэщащ абыхэм. - Мы зэманым ди гъэсапIэхэм щызэфIах лэжьыгъэр хуэгъэпсащ махуэ къэс зызыхъуэж, зызыужь гъащIэм декIуфын, пэщIэдзэ щIэныгъэ, гупсысэ хэха, я ныбжьым елъыта Iуэху еплъыкIэ зиIэ щIэблэ зэчиифIэ къэгъэхъуным.
Махуэшхуэр зыхуэгъэпсахэм япэу ехъуэхъуащ Къумыкъу Iэуес. Абы зэрыжиIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым мы зэманым щыIэщ зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэм ядэлажьэ гъэсапIэ 200-м щIигъу. Абыхэм щолажьэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ, гудзакъэ зиIэ гъэсакIуэхэр, егъэджакIуэхэр.
- ГъэсакIуэу улэжьэн папщIэ, псэ хьэлэлу, жэуаплыныгъэшхуэ зыхэп­щIэу, шыIэныгъэ ин пхэлъу уи IэнатIэм упэрытын хуейщ. УмыгъэщIэ­гъуэн плъэкIыркъым сабийхэм яхэлъ зэчий зэмылIэужьыгъуэхэр наIуэ къащIын папщIэ, щалъхуа щIыналъэр фIыуэ ялъагъуу къагъэтэджын щхьэ­кIэ, ди гъэсакIуэхэм яхэлъ зэфIэкIхэм я лъагагъэр, - жиIащ абы. - Гупу зэрыIыгъыным, гъащIэм хэлъ хабзэхэм тетыныр цIыкIухэм я хьэлым хапщэф гъэсакIуэхэм. Апхуэдэ дуней еплъыкIэм мыхьэнэшхуэ иIэнущ ахэр школым кIуа нэужьи.
- Иджырей гъэсапIэхэр - ар сабийхэр щаIыгъ унэ къудейкъым, атIэ, псом япэрауэ, цIыкIухэм набдзэгуб­дзаплъу, елIалIэу яхущыт гъэсакIуэ гупхэщ, щIэблэм гъэсэныгъэфIрэ пэ­щIэдзэ щIэныгъэрэ щрат IэнатIэщ. Гъэ­сакIуэм и пщIэр жылагъуэм нэхъри къыщыIэтыным хущIокъу ар зи пщэрылъ псори, - жиIащ Емуз Нинэ къыщыпсалъэм. - Зи щIэныгъэри зэ­фIэкIри щIэблэр гъэсэным тезыухуа фэ цIыху псэ къабзэхэм сыныво­хъуэхъу фи IэщIагъэм епха махуэш­хуэмкIэ. Сабийхэм яхувиIэ лъагъуныгъэрэ гуапагъэкIэ гъэнщIа фи дэтхэнэ махуэри пщIэрэ гулъытэрэ къыф­хуэ­зыхьыж фхуэхъуну си гуа­пэщ.
ГъэсакIуэхэм апхуэдэу ехъуэхъуащ Карныш Сергеи.
Пшыхьым щагъэлъэпIащ республикэм и гъэсакIуэфIхэр, сабий IуэхущIапIэхэм я унафэщI пашэхэр. Абыхэм ящыщщ республикэм и щIыналъэхэм зи зэфIэкIкIэ къыщыхэжаныкIахэу Алътуд Мадинэ (Лэскэн), Iэчымокъуэ Лидиерэ Газаевэ Альбинэрэ (Шэджэм), Щхьэныкъуэ Заремэрэ Бжэ­ныкIэ Зулеттэрэ (Дзэлыкъуэ), Шыгъушэ Светланэ (Май), Хъарзынэ Маринэрэ Мельниченкэ Еленэрэ (Прох­ладнэ), Отаровэ Хьэлимэтрэ Элекуевэ Натальерэ (Iуащхьэмахуэ), Жэмбей Заремэ (Аруан), Лъыуасэ Окса­нэрэ Ираз ФатIимэрэ (Тэрч), Iэутлъэ Мадинэ, КъуэщIысокъуэ Ларисэ, Ныбэжь Эммэ, Быф Iэминат, Васильевэ Ольгэ сымэ (Бахъсэн), Зэбэч Iэсиятрэ Гуппоевэ Iэсиятрэ (Шэрэдж), Белъто Айнэрэ Таукъуэ Таерэ (Налшык), нэгъуэщIхэри.
Куэдым яфIэхьэлэмэтащ Дзэлы­къуэ щIыналъэм и гъэсэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм гуфIэгъуэм къы­ху­зэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэ куп­щIафIэр. Пшыхьыр ягъэдэхащ «Амикс», «Каллисто», «Бзэрабзэ», «Шэ­джэм», «Вагъуэ шыр» гупхэм, уэрэджыIакIуэхэу Шал Хъусен, ЦокIыл Азэмэт, Жаникаев Елдар сымэ, нэгъуэщIхэми.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.10.2026 - 12:25

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.