Ипщэ дзэ округым и зауэлIхэм дзэ Iуэху хэхам къахуигъэув къалэнхэр ягъэзащIэкIэрэ, НАТО-м хыхьэ къэралхэм щащIа Iэщэрэ зауэ Iэмэпсымэу Украинэм къыщытрахахэр утыку къыщрахьа гъэлъэгъуэныгъэм щыIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Дыгъэгъазэм и 28-м Налшык къыщызэIуаха гъэлъэгъуэныгъэм хэтащ лъэсыдзэм къигъэсэбэп дзэ машинэхэу М2 «Брэдли» (США), «Мадер» (Германие), CV90 (Швецие), БМП-1У (Украинэ), шэ зыпхымыкI дзэ ма-шинэхэу М113А4, Cougar MRAP (США), М113G3DK (Дание), FV 103 Spartan (Инджылыз), бронеавтомобилхэу Roshel (Канадэ), «Вартэ», «Козак-2М1», БТР-3Е1 и БТР-4Е (Украинэ), гъуэгуанэ кIыхь зэпычыным хуэщIа автомобиль HMMWV «Хамви» (США), украин танк Т-64БВ «Булат», къинэмыщI дзэ хуэIухуэщIэхэр.
ЩIыпIэ щхьэхуэ хухахат тIасхъэщIэх Iэмэпсымэхэм, цIыху зэрымыс кхъухьлъатэ-лагъымыдзхэм, бийм танкхэмрэ топышэмрэ зэрызыщихъумэ Iэмэпсымэхэм.
Бийм и дзэ техникэр къазэрыIэрыхьа щIыкIэм тепсэлъыхьыжащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэр. Урысейм щыпсэухэр а щIыпIэм щекIуэкIым щыгъуазэ ящIын, зыпэщIэт лъэныкъуэр зэрыузэда Iэщэхэр цIыхухэм ирагъэлъагъун папщIэ, пIалъэ хэхакIэ ахэр къалэхэмрэ районхэмрэ къэкIуэжат, дэтхэнэ зыми хъыбар щхьэхуэ игъэхьэзырауэ.
«Мы гъэлъэгъуэныгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщекIуэкIым сыщогуфIыкI. Абы дигу къегъэкIыж ди зауэлIхэр зэрыхахуэр, абыхэм лIыгъэшхуэ зэрахэлъыр, псоми ди зэхуэдэ ТекIуэныгъэр нэхъ псынщIэу къэсын, ди къэралыр къахъумэн папщIэ, ахэр зыпхыкI гугъуехьым и инагъыр къыдгурагъаIуэ. Дзэ Iэмэпсымэ кхъуентхъыр урысей армэм узэрытемыкIуэным иджыри зэ и щыхьэту къоув. Хэкум и хъумакIуэхэм фIыщIэшхуэ яхузощI. ТекIуэныгъэр фи Iэпэгъуу фыкъэкIуэжыну дыфпоплъэ! Ар Урысейм ей зэрыхъунум шэч хэлъкъым!» - жиIащ КIуэкIуэ Казбек, гъэлъэгъуэныгъэм щытепсэлъыхьым.
Гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуаха япэ махуэм абы мин бжыгъэкIэ екIуэлIащ къалэдэсхэмрэ республикэм щыхьэщIэхэмрэ. Кадетхэр, школакIуэхэр, студентхэр, IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм, къулыкъущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, цIыхубэ жыджэракIуэхэмрэ туристхэмрэ, дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ - цIыху куэд къызэщIиубыдащ хэкупсэ дауэдапщэм. Гъэлъэгъуэныгъэм екIуэлIахэм язщ Урысейм и ЛIыхъужь, Ипщэ дзэ округым и унафэщIхэм я лIыкIуэ Зубахин Иван.
«Хэкум и хъумакIуэхэм я зэфIэкIым дрогушхуэ» - аращ мы гъэлъэгъуэныгъэм фIащар КъБР-м щыпсэухэм.