ТхыцIэм и щхьи и лъабжьи…

Кавказ Ищхъэрэм и Къу­хьэпIэ дахащэм ноби узыщрихьэлIэ адыгэ лъагъуэжь­хэмкIэ дрикIуэну, хы ФIы­цIэ Iуфэм ухуэзышэ гъуэгур къэтхутэн мурадыр диIэу, си адэ шыпхъум и ­къуэ Уэлджыр Зауррэ сэрэ дызэхэзокIуэ.

Рыфыбг псыкъелъэхэм ухуэзышэ лъэсырызекIуэ лъэ­мыжым уфIэкIрэ, Щхьэгуащэ тIуащIэм удэту километри 2 хуэдиз удэкIуеижмэ, гъуэгукум телъу зы мывэжь урохьэлIэ. Абы цIэ зыбжанэ иIэщ. Адыгэхэр мывэ джейм ДжэгупIэжькIэ йоджэ.
Ипэхэм мы мывэм и Iэ­хэ­лъахэм шу зэпеуэ щрагъэ­кIуэкIыу щытащ икIи зэ­хьэ­зэхуэм къыщыхэжаныкIар мывэ дум псом япэ дэжейрт. Ар къызэхъулIэр адрейхэм ятекIуауэ къалъытэрт. Нэ­гъуэщI IуэрыIуатэ хъыбари иIэщ ДжэгупIэжьым. Абы­хэм ящыщ зым и гугъу фхуэт­щIынщ.
ХъунщIакIуэ гуп, гъэрхэр ящIыгъуу, мы щIыпIэм блэ­кIырт. Абыхэм зы пщащэ цIыкIу къахэкIуэсыкIыжащ. Хъыджэбзым мывэм зы­къуигъэпщкIуащ. АрщхьэкIэ къыкIэлъыпхъэрахэм къащIащ ар абы зэрыкъуэсыр. Пщащэм, закъримыгъэу­быдын щхьэкIэ, абдежым ­гъунэгъуу блэж псышхуэм зыхидзащ. Псым ар итхьэлакъым. Зы мащIэрэ ирихьэхри ныджэ пшахъуэм къытрихьащ. Абдежым псыкъелъэ иIэм и гъунэгъуу щыт чыцэ гуэрэныр гъэпщкIупIэ хуэ­хъуащ хъыджэбз цIыкIум. И гур къыщызэрыгъуэтыжыху а щIыпIэм щыIэри, бзылъхугъэр я деж кIуэжащ.
Щхьэгуащэ псыхъуэм ды­дэту адэкIэ зы километр хуэдиз дыдокIуей, Дахэ станицэм дынэмысу ижьымкIэ ­телъ лъэмыжым докIри, Лагъуэнакъэ бгыщхьэ тафэ цIэрыIуэм дэкI гъуэгум дытохьэ. Ар, нашэкъашэу мэ­зылъэ джабэм здекIуэкIым, хуей гуэрым хуокIуэ. Абдеж нэгузыужьыпIэщ: Щхьэгуа­щэ псыхъуэр уи Iэгум илъым хуэдэу уолъагъу, къуэм зы­дэзыубгъуа Дахэ станицэр, Щхьэгуащэпсым и адрыщI­кIэ къыщылъ мэзылъэ бгы екIуэкIыр, абы и щIыбагъ къыдэт къуршхэр - псори нэри псэри зыхьэхущ.
Адрей бгыхэм йопэгэкI дзакIэ-дзакIэу зэхэт ТхьэщIы Iуащхьэр. А бгы уардэр Лабэ ЦIыкIурэ Щхьэгуащэрэ я зэхуаку дэт шытхым и лъагапIэ нэхъ дахэхэм ящыщщ. ­Iуащхьэм и цIэр тIууэ зэхэтщ: «Тхьэ»-рэ, «щIы»-уэ. Аращи, «Тхьэ-щIы», «Тхьэм ищI» мыхьэнэращ къикIыр.
Мы зи гугъу тщIы хуейм цIыхухэри, машинэхэри, шы­хэри щызэхэтщ. Шыхэр уанэгум ису къэзыкIухьын зы­фIэфIхэм папщIэ мыбде­жым щаIыгъщ. Дэ ди гупыр зэи дымылъэгъуа Лагъуэнакъэ щIыпIэм дыхуэпIащIэрти, дэкIыным иужь дихьэжащ.
Зы бгыщхьэ шытхыр адрей шытхымкIэ зэрихъуэкIыурэ, гъуэгум гъэщIэгъуэну зе­IуантIэ. Куэд дэмыкIыу сэмэгумкIэ зы испы унэ цIыкIу дрохьэлIэ. Илъэс мин зыбжанэ къызэзынэкIа фэеплъ хьэлэмэтыр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, теплъаджэ хъуащ. ИкIи туристхэр къезышэкI гъуэгугъуазэхэм ящыщ зым зэрыжиIам тетщIыхьмэ, «Блокпост» фильмым и пы­чыгъуэхэр а щIыпIэм щы­траха иужь, испы унэр къе­къутэхащ.
Мыбдежым Лагъуэнакъэ бгыщхьэ хъупIэхэм щыщIадзэ. Километр зэбгъузэнатIэ 650-рэ зыубыд тафэшхуэр Къущхьэхъу щIыпIэу ижь-ижьыж лъандэрэ къагъэ­сэбэп. Мыбы къыщожьэ Кавказым и Ищхъэрэ-Къухьэ­пIэм и псы нэхъ удэзыхьэххэм ящыщ Щхьэгуащэ, Кхъу­жьыпс, Пщыхьэ, ЦIыцIэ, Шахэ сымэ. Иужьрейр Кавка­зыбгым и адрей лъэны­къуэмкIэ щожэх. ГъэщIэ­гъуэнщ мы хъупIэ те­лъы­-
­джэм Кавказ шытхышхуэм и лъэ­ныкъуитIымкIи Iэщыр къы­зэ­рыщыдахур. 
Иджы «Лагъуэнакъэ» цIэм теухуауэ. Адыгэ щIыпIэцIэ­хэм куэд щIауэ елэжьхэм хэти «Лэгъунэкъуэ» мыдрейхэми «Лэгъонакъ» жаIэ. «Лъа­гъуэ нэщI», «ЛъагапIэ-НэкIы» («ЛъагапIэ нэщI») зытхи щыIэщ. Языныкъуэ жур­налистхэм «Лъагъуэныкъуэ», «Лагъуэ-НакIэ» жы­зыIи къахокI. ЩIыпIэцIэхэр зэхуэхьэсыжыным илъэс куэдкIэ яужь ита Мэрэтыкъуэ Къасым зэритхыр «Лэгъунэкъэ» жиIэущ. ТхакIуэ цIэ­рыIуэ КIэрашэ Тембот къигъэсэбэпар «Лъэхъэнакъэ» фIэщыгъэщ. 
АтIэми, щIыпIэцIэхэм уа­щы­хэплъэкIэ, дэ дызэреплъымкIэ, къэлъытапхъэщ, адыгэхэм нэмыщI, Iэхэлъахэм абазэхэри убыххэри зэрыщыпсэуар. ИкIи зи гугъу тщIы щIыпIэцIэм и къежьэ­кIэ хъуар къызэрыдгуры­мы­Iуащэм къыхэкIыу, хуагъэ­фэщахэм ящыщ зым, «Ла­гъуэ­накъэ» жыхуиIэм, дыкъытеувыIащ.
Асфальт гъуэгу нашэкъашэмкIэ иджыри километр зыбжанэ дрикIуэу Азыш щхьэдэхыпIэм дыщы­фIэ­кIым, зи теплъэр дахащэ щIыпIэ гуэрым дынэсащ: Щхьэгуащэрэ Кхъужьыпсрэ я зэхуаку дэт Хы Мывэ (Мыжъохы) тхыцIэм дыкъытехутащ. Бгым зыщызыплъыхь­хэм я нэхъыбапIэр мыбдеж къыщоувыIэ. Гугъу уехьу мыбы нэс укъыщIыдэкIуеяр псэкIэ зыхыбощIэ. Дызытет тхыцIэм и щыгу тафэм псыгъуэу зеукъуэдий, пхраша ­гъуэгури нэхъ захуи бгъуфIи щохъу. Лъэсу ущрикIуэкIэ, нэм къиплъыхьым узыIэпешэ. ИжьымкIэ зи щIэр умылъагъу къуэладжэ куу къыщылъщ. Ар Кхъужьыпс и псыщхьэхэрщ. ТIуащIэм адэ­кIэ къэлъагъуэ джабэ екIуэкIыр зэрылъагэм и мызакъуэу икIи мэзыншэщ. Жыг гуэрэн здэщыIэу гу зылъыптэр бгыщIэм кIэрылъ уэсхэмрэ адэ-мыдэкIэ къы­щызыпхив псынэхэмрэ къагъэщI псыежэх мащIэхэр щежэх къуэкIий цIыкIухэрщ.
Гъэмахуэкуми, джабэ нэкIу щхъуантIэм щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ хужьыпсу къы­щыхолыдыкI уэсыр. Кхъу­жьыпс адрыщIкIэ тафэщ, Къущхьэхъум зэрыщыхабзэу къуэкIий-къуэкIийхэмкIэ зэ­прыхулыкIыжауэ. 
Хуиту ущызекIуэ хъу гъуэгур абдежым щеух. АдэкIэ укIуэцIрыкIын папщIэ пщIэ щIэптын хуейщ. Къинэмы­щIауэ, зи лъащIэр лъагэу Iэта машинэхэм нэмыщI адрейхэр щызекIуэфыркъым.
Жыжьэу уплъэмэ, Уэщтенэ бгыр уолъагъу. Ар Фыщт ищхъэрэкIэ щыIэщ. Дызытет шытхыжьым и сэмэгураб­гъур щыхупIэ задэщ. Зауррэ дэрэ мы ди зекIуэм и къы­кIэлъыкIуэ махуэм, Гъуазэ­рыплъкIэ дыкъикIыу, лъэсу абы дыкъыхуэкIуэнущ. Ауэ нобэкIэ хэщIапIэ тхуэхъун къэтлъыхъуэн хуейт. Бгы­щхьэм дыкъинэну дытегу­шхуакъым, жэщым жьы къыщепщэу жаIати. 
Пшапэр зэхэуэным сыхьэт фIэкIа къэмынэжауэ, Гъуа­зэрыплъ жылэ цIыкIум дынэсащ. Ипэгъэм елъытауэ, зе­кIуэным мы илъэсым нэхъ дыхуэхьэзырт: чэтэн унэ цIы­кIур тIыгът, губгъуэм ущри­пщэфIэным хуэщIа лъэгъу­пыIэмпIэхэмкIи дызэгъэпэщат. ИкIи гъуэгу дыкъыщы­техьэм фэтэр къэд­мы­лъы-
­хъуэну дигу итлъхьати, къуа­жэкIэмкIэ щыIэ хуей дахэ­шхуэу уэздыгъей уардэхэмкIэ къэухъуреихьыжам «дыщепсыхащ».
ПсынщIэ-псынщIэу унэ цIыкIур къэдухуэри, мафIи зэщIэтщIащ, шыуанри пыддзащ. Дэри зыдгъэщIы­IэтыIэну Щхьэгуащэпс ды­ды­хьащ… 
Пшапэри зэхэуащ, кIыфIи хъуащ. Ауэ дэ абы зыкIи дигъэгузавэртэкъым. ЗэщIэдгъэста мафIэм нэху къищIыжа Iэгъуэблагъэр псэгъэтын­шыгъуэ гуэрым зэщIиIыгъэрт. Дызигъунэгъу жы­гы­ш-­
хуэхэри къыдэдэхащIэ хуэ­дэт. Гъунэгъубзэу ех псыш­хуэм и ушэ макъри псэм и ­гуапэт. КIыфIым тIэкIу-тIэкIуу­рэ хэкIуасэ псым адрыщIкIэ къыщылъ мэзыш­хуэ­ми «щхьэукъуэн» щIи­дзат…
Нэху дыкъекIащ. ЩIы­уэ­псым и курыкупсэм ухигъэ­сыхьу, гущэкъукIэ зыгуэрым ущыщIиупскIэ хуэдэт. Ды­гъуасэрей ешым и лъэужьи къытхэмынэжауэ, махуэ­щIэм дыпежьащ. Пщэд­джы­жьы­шхэр зэфIэкIри, Зауррэ дэрэ дежьащ. 
Дыгъэм дыкъызэщIигъэ­п­лъауэ дэгъэзеигъуэ защIэкIэ сыхьэтитI хуэдиз дыкIуауэ, «шкIур-шкIур» жригъэIэу ­къежэх псынэпс щIыIэтыIэ гуэр дрихьэлIати, хуабжьу дыщыгуфIыкIащ. Мывалъэ къуэ цIыкIум псынщIэу зы­дэддзэри, псылъэ тIыгъхэм ярытыр зэтхъуэкIащ, дэри абдежым дыщетIысэхащ, шэджэгъуашхэ щытщIын ­мурад диIэу.
Псы къабзэ цIыкIум фIыуэ дыкъигъэщIыIэтыIауэ, гъуэгуанэ къэлътмакъхэр яIыгъыу щIалитI къыдихьэлIащ. Ахэр Москва щыщт. Кавказым и щIыуэпсым зэрыдихьэххэм къыхэкIыу, лъэсу АдыгеймкIэ икIыу хы ФIыцIэ Iуфэм хуэкIуэну я мураду арат. 
Къытхуэза щIалитIым ядэ­тлъэгъуа лIыгъэр дгъэщIэ­гъуащ: мы щIыпIэхэр зрагъэцIыхун папщIэ Урысейм и кум нэс къикIащ, лъэсу хы ФIыцIэ Iуфэм екIуэлIэн гугъэ яIэу.
Иджыри сыхьэтитIкIэ дрикIуауэ, гъуэгум и кIэр къэ­лъагъуэу хуежьащ. Дыгъуасэ Лагъуэнакъэ дыщыдэ­кIам, адрей лъэныкъуэмкIэ зи джабэ дызытета, иджы мыдрей и лъэныкъуэмкIэ дызыхуэкIуэ Хы мывэ бгы екIуэкIри, абы къыхэщхьэ­хукI Нагъуэ къущхьэ лъагапIэжьри нэхъ гъунэгъу къытхуэхъуащ. ГъуэгубгъуитIымкIи къыщыт мэзыр зэкIэ­щIэкIуэтри, хуей дахэшхуэм и курыкупсэм ит, зи бгъуа­гъыр метри 100-м нэблэгъэн хыжьейм дрихьэлIащ.
Гугъу дехьу километр 18-кIэ дыкъыщIыдэкIуеяр къыдгу­рыIуэжащ дахагъэр щытеп­щэ щIыпIэм дыкъызэры­щыхутэу. Дыкъызыщхьэ­пры­кIа мэзхэми аддэ жы­жьэу къэлъагъуэ уэсылъэ бгыжьхэми дызыIэпашэрт. Псы хъурейм и адрей лъэныкъуэмкIэ щыIэ джабэ нэкIум лъэс лъагъуэ закъуэ дэкIырт. Уэздыгъей, пхъэхуей жыг закъуэтIакъуэхэр зыкIэрыт, кIуэ пэтми нэхъ задэ хъу, щхъуантIагъэм иуфэбгъуа джабэр ищхьэхэмкIэ къыр мывэ дзакIэхэм хуэкIуэжырт. Ар Нагъуэ къущхьэ щыху­пIэжьым и IуплъапIэт.
Псы хъурейм и Iуфэр тафэт, IухьэпIэхэри иIэу. Дыгъэ бзийхэр гуапэу зыхэпсэ псы къабзэм и нэзхэм бдзэ­жьей цIыкIу гуэрэнхэр хуэмурэ щесырт. Псы щхьэфэм ущхьэпрыплъмэ, адрей Iуфэм уэздыгъей жыг закъуэ, псыгъуэ кIыхь хъужауэ Iутт. Арагъэнщ мы псым «Уэздыгъей закъуэм и гуэлкIэ» щIеджэри. А цIэм нэмыщI, псы хъурейм «Партизан гуэл­кIи» йоджэ. Хъыбар щы­Iэщ Хэку зауэшхуэм и зэма­ным нэмыцэ зэрыпхъуа­кIуэхэм япэува партизанхэм мы щIыпIэр хэщIапIэу яIауэ.
МызыгъуэгукIэ дэ къэдмыгъуэта щхьэкIэ, шэч хэмылъу, псы хъурейм адыгэбзэкIи цIэ гуэр иIэщ. Къыхэдгъэщыну дыхуейт мы гупсысэри - дызрикIуэ лъагъуэм и кIыхьагъкIэ зы дакъикъи дигу ихуа­къым мы щIыпIэ дахэкIейхэр ди лъэпкъым ауэ сытми фIырыфIкIэ зэримыбгынар. Ар щIыжытIэр адыгэхэр езыр-езыру хэкум икIауэ, зэгурыIуэ-зэрыIыгъ яку дэмы­лъауэ зыIуатэхэри зэрыщы­Iэрщ.
Дыхуейт апхуэдэхэм Урысейм и зауэ тхыдэтх Эсадзе Семён 20-нэ лIэщIыгъуэм ипэхэм и Iэдакъэ къыщIэкIа «Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавка­зыр къызэрыдзэурэ илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу» жы­хуи­Iэ и тхылъым ит сатырхэмкIэ пэгъуэкI еттыжыну: «Иджы апхуэдиз илъэс дэкIа иужь къэтлъытэжми ягъэ кIы­нукъым шэрджэсхэм (адыгэ­­хэм, абазэхэм, убых­хэм) къагъэлъэгъуа лIыгъэр, я хэкум хуаIэу щыта лъа­гъуныгъэр зыхуэдизыр».
Апхуэдэуи абы и тхылъым итщ: «Бгырысхэм езэуа ди дзэлIхэм ягъэунэхуауэ ятхыжахэм ущриплъэжкIэ, гу лъы­ботэ икIи умыгъэщIэ­гъуэн плъэкIыркъым шэрджэсхэм я щIыпIэм и зы дэтхэнэ къуэгъэнапIи къагъэ­сэ­бэпыфу зэрыщытар. ДэнэкIэ зигъазэми, адыгэр тыншу иригъуазэт лъагъуэхэм, къуэладжэхэм, бгы цIыкIухэм. Псынэ цIыкIу нэгъунэ, цIэ зимыIэ зыри яхэттэкъым… Я гугъэщ адыгэ лIакъуэхэр зэкIэлъымыгъуазэу, зэры­мы­­Iыгъыу щытауэ. Дэ абы­хэм дащезауэм куэдрэ гу лъыттэрт абазэхэхэм убых­хэр къазэрыбгъэдэувэм, ди теуэгъуэ къэси псынщIэу зэрызэрыгъуэтым. Апхуэдэ зэхущытыкIэ адрей лIакъуэ­хэми я зэхуаку дэлът».
Сытми мы иджырей ди зекIуэм и «лъагапIэ» нэхъы­щхьэу щыт хыжьей дахэр зэрыт хуеишхуэм Зауррэ дэрэ дыщепсыхри, зыдгъэ­псэхуащ, псыми зыщыдгъэпскIащ. Апхуэдизу а щIыпIэр дигу ирихьати, жэщ щитхыну дыхуейт. АрщхьэкIэ ди хьэпшыпхэр къыщыдгъэна Гъуазэрыплъ къуажэкIэм щыIэ бжьэпэм дехыжмэ нэхъыфIу къэтлъытащ. ИкIи машинэшхуэ гуэр къыдихьэлIэри, дыкъызрикIуа километр I8–м абыкIэ тыншу дыкъришэхыжащ. ЕтIуанэ пщэдджыжьым Мейкъуапэ дгъэзэжащ.
КЪУМАХУЭ  Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.01.2025 - 15:59

Гъэ блэкIам кърикIуар

2024 гъэм къриубыдэу, республикэм и цIыхухэм газ зэрырикIуэ бжьамийхэм зыпащIэнымкIэ «Газпром межрегионгаз Нальчик» ООО-м лъэIу тхылъу 3752-рэ Iэрагъэхьащ.

23.01.2025 - 09:03

ГъащIэщIэм и хъумакIуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Перинатальнэ центрым иджыблагъэ къыщрагъэлащ мылъхуэсу дунейм къыщытехьа сабий цIыкIуитI.

23.01.2025 - 09:03

ХьэщIагъэрэ гуапагъэрэ кIэлъызэрахьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэзахъстанымрэ кикбоксингымкIэ я спортсменхэм я еджэныгъэ-зыгъэсэныгъэ зэхуэс Налшык къалэм щекIуэкIащ.

23.01.2025 - 09:03

Ставрополь къалэр къапоплъэ

Спорт хъыбархэр

22.01.2025 - 15:02

Къуажэдэсхэм я псэукIэр ирагъэфIакIуэ

«Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ щаухуэнущ социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэщIэхэр.