Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Къэрэгъэш къуажэм и курыт еджапIэ №2-м Iуэхугъуэ гукъинэж щекIуэкIащ: мы школым щеджа, дзэ Iуэху хэхам лIыгъэ зэрихьэу хэкIуэда Тэмазэ Тимур и фэеплъу абы къыщызэIуахащ «ЛIыхъужьым и партэр».
«ЛIыхъужьым и партэр» – ар еджакIуэхэр зыбгъэдэс стIолщ, абы трагъэуващ Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь Тэмазэ Тимур и сурэтыр, и гъащIэр къызэрекIуэкIам теухуа тхыгъэрэ къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэмрэ. Iуэхум хэтащ щIалэм и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ, ныбжьэгъухэр, къуажэдэсхэр, КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, «Хэкум и хъумакIуэхэр» щIыналъэ фондым я лIыкIуэхэр, Прохладнэ щIыналъэм и администрацэм и лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
Зи псалъэм тебгъуэтэж, зи лэжьыгъэм хуэпэж, жэуаплъыныгъэшхуэ зыхэлърэ зи къалэнхэр гу къабзэкIэ зыгъэзащIэ цIыхуу щытауэщ Тимур ягу къызэрагъэкIыжыр и гъусэу дзэ Iуэху хэхам хэтахэм, ар зыцIыхуу щытахэм. ИкIи шэч къытрахьэркъым абы и дуней тетыкIар къытщIэхъуэ щIэблэм щапхъэ зэрахуэхъунум, хэкупсэу ахэр къызэрытэджынум. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ нобэрей щIалэгъуалэм я дежкIэ икIи Тимур зэрихьа лIыгъэр и хэкуэгъухэм зэи ящыгъупщэнукъым.
Апхуэдэ дыдэ Iуэхугъуэ иджыблагъэ щызэхэтащ Тэрч щIыналъэм щыIэ Акъбащ Ипщэм и курыт еджапIэми. Абы къыщызэIуахащ дзэ Iуэху хэхам хэкIуэда я къуажэгъухэм, лъахэгъухэм я «ЛIыхъужьхэм я блынджабэр».
ЗэIущIэм хэтащ Тэрч щIыналъэм и администрацэм, КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и ЩIалэгъуалэ центрым я лэжьакIуэхэр, лIыхъужьхэм я благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ, еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ, къуажэдэсхэр, дзэ Iуэху хэхам хэтхэр, нэгъуэщIхэри.
«ЛIыхъужьхэм я блынджабэм» кIэралъхьащ Хэкур яхъумэу, лIыгъэшхуэ зэрахьэу дзэ Iуэху хэхам хэкIуэда Къудей Ратмир, Гындыгъу Алан, Ирыгу Рустам, ЛIыIэщын Къантемыр, Къамбот Батрэз, Къардэн Хъызыр, Къатей Къантемыр сымэ я сурэтхэр, я лъабжьэхэм кIэщIатхащ лIыхъужьхэм къакIуа зауэ гъуэгуанэмрэ зэрахьэ лIыгъэмрэ ятеухуа хъыбархэр.
«Къуажэдэсхэм зэи ящыгъупщэнукъым Хэкум и хъумакIуэ пэжхэр, мамыр гъащIэм зи псэр щIэзыта я къуажэгъухэр икIи абыхэм я цIэхэр дыщэпскIэ тхыдэм къыхэнэнущ, щIалэгъуалэми щапхъэ яхуэхъунущ», - жаIащ зэхуэсым кърихьэлIахэм.
ХЬЭЩОКЪУЭ Едыдж.