Шэджэм щIыналъэм щыIэ макъамэ школым хэту лажьэ «Шэрдан» къэфакIуэ ансамблыр республикэм къыщыунэхуащ 2020 гъэм. Ар цIыхубэм я гум дыхьэну, и цIэр игъэIуну, и закъуэу концерт итыну, «образцовэ» цIэр къыфIащыну, зэпеуэ куэдым хэтыну, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьэну хунэсащ. «Шэрданым» щхьэх ищIакъым а пщIэр къилэжьын папщIэ. Гупым езым и дамыгъи (логотип) иIэжщ. «Шэрданым» и утыку итыкIэм, дэплъагъу щэнхабзэм удехьэх. Абы къыщыфэ пщащэ цIыкIухэр щIыкIафIэщ, щIалэхэри гушхуащ. Ар и фIыщIэщ зи IэщIагъэм хуэпэж, лэжьыгъэм псэ хэзылъхьэ, гупым ехъулIэныгъэхэр иIэным зи гур ета художественнэ унафэщIым. «Шэрданым» и япэ лъэбакъуэхэм, къэфакIуэ гупыр зытет хабзэхэм, къайхъулIахэмрэ я мурадхэмрэ теухуауэ Гугъуэтыж Аскер депсэлъащи, унафэщIым къыджиIам ди гуапэху фыщыдогъэгъуазэ.
- «Шэрдан». Дэнэ а фIэщыгъэр къыздикIар?
- Щхьэлыкъуэ къуажэм и пасэрей фIэщыгъэу щытащ Шэрданхьэблэ. Дэ адыгэ щэнхабзэ щыдгъэлъагъуэкIэ, тхыдэм дыщыхуеплъэкIыжкIэ, лъэпкъ гупсысэ щыдгъэкIуатэкIэ, «Шэрдан» гупым фIэщыныр къезгъэкIуащ, мыхьэнэкIэ а фIэщыгъэр зэрыхуэкIуэм нэмыщI, IукIэ дахи иIэщи.
- Гупым и къежьапIэм, иджыпсту ар зэрызэхэтым и гугъу уэзгъэщIынут.
- Шэджэм щIыналъэм и макъамэ школым дегъэщIылIащ, ди хэщIапIэ-зыгъэсапIэр Щхьэлыкъуэ ЩэнхабзэмкIэ и унэрщ. Япэу 2018 гъэм сыкъэкIуат макъамэ школым къафэмкIэ и гъэсакIуэу. Абы щыгъуэ къэфакIуэ гуп зэуIу диIэтэкъым, атIэ гупжьей хуэдэу щыIэт, къэфэну хуей сабийхэм дащыдэлажьэу. СыIукIыжри, илъэситI дэкIауэ аргуэру къэзгъэзэжащ икIи къэфакIуэ гуп зэхэсшащ. ЦIыхуитху хъууэ арат си гупыр абы щыгъуэ. Мис а щIэдзапIэм хэта хъыджэбзитхур гупым псэкIэ етауэ, къэфэныр я гъащIэм щыщ хъуауэ къыздэгъуэгурыкIуащ. Иджыпстуи къокIуэхэр, уеблэмэ дэIэпыкъуэгъу къысхуохъу.
ЗанщIэу псори къыдэхъулIакъым. ЦIыхуитху нэхъыбэ си гупыр щымыхъуми, гупышхуэр зыхуэныкъуэн хуэдиз гулъытэ лъызгъэсащ. Япэу къафитху яхуэзгъэуват абыхэм.
Мы гъэм къафэм къэсщтащ гъэсэн гуп. Абыхэм щхьэхуэу садэлэжьэнущ, Си гугъэщ, екIуу згъасэу, ахэри утыкум изгъэхьэну. КъакIуэу хъуар къэтщтэнуи диIэкъым Iэмал, пэжым ухуеймэ. Куэдым гупыж ящIми, дэ ахэр догъэунэху, дахоплъэри, къахыдох. ЦIыхуищэм нэс къэкIуат, къафэм хуэзгъэсэн гуп зэрызэхуэсшэсым и хъыбар зэхахри. 60 хуэдиз къахэтшащ.
«Шэрданым» и зэфIэкIхэр хуэмыгъэлъэгъуэнкIэ хъунт ди Iуэхур Шэджэм щIыналъэ администрацэм, Макъамэ школым къыддамыIыгъамэ. Шэджэм район администрацэм и унафэщI Борсэ Юрэ, районым щэнхабзэмкIэ и управленэм и унафэщI Къэбжьыхь Эммэ, макъамэ школым и унафэщI Шэрджэс Еленэ сымэ я цIэр къисIуэну си гуапэщ.
- Аскер, уэ езыр дауэ удихьэхат къафэм?
- Ди анэм адыгэ къафэр фIэфIт, схуехъуапсэрти, «Кавказ пшэплъхэр» («Зори Кавказа») къэфакIуэ гупым сахишауэ щытащ сыцIыкIуу. Абдежым сыщыдихьэхащ къэфэным. 1999 гъэм щыщIэдзауэ 2009 пщIондэ сыхэтащ а гупым. Куэдым сыщыхуагъэсащ, гуапэу си гум къэзгъэкIыж зэману хэтщ ар си гъащIэм. Курыт еджапIэ нэужьым, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым сыщIэтIысхьэри, илъэситхукIэ абы сыщеджащ. Иджыри ещанэ курсым сыщIэсу, «Кабардинка» ансамблым сыхыхьауэ щытащ икIи 2016 гъэ пщIондэ сыкъыщыфащ. Институтыр къэзухщ, абы сыувыжри, илъэс зыбжанэкIэ сыщылэжьащ. ИужькIэ, лэжьапIи ансамбли къэзгъанэри, Москва сыкIуащ си щIэныгъэм хэзгъэхъуэну - ЩэнхабзэмкIэ институтым сыщIэтIысхьащ. ЕджапIэр къэзухри, къэзгъэзэжащ.
- «Адыгэ псалъэ», «Зэман», «Кабардино-Балкарская правда» газетхэм я илъэси 100-р щагъэлъапIэм, «Шэрданыр» пшыхьым зэрыхэтар псоми гукъинэж ящыхъуащ. Ансамблыр утыку цIыкIум екIуу щызэблэкIыфат…
- Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм къыщыфащ ансамблым щыщу цIыху 50. ЩэнхабзэмкIэ министерствэм пшыхьым дыщригъэблагъэм, убых къафэмкIэ «Шэрданым» пшыхьыр игъэдахэмэ зэрагуапэр къыхагъэщати, дэри абы деувэлIащ. Пэжщ, гупыр куэд щыхъум деж утыкум екIуу щызэблэкIыным хэхауэ Iэзагъэ хуейщ. Си гъэсэнхэр пэлъэщащ абы, арэзы сыкъащIащ.
- Республикэм щыпсэухэр гуфIэу кIэлъыплъащ иджыблагъэ «Шэрданыр» Москва, Кремлым, къызэрыщыфам…
- Иужьу дыщыIащ Москва и Ут Плъыжьым. «Имена России» урысейпсо зэпеуэм и IыхьитIым дыпхыкIати, Кремлым зыкъыщыдгъэлъэгъуэну къытхуагъэфэщащ. Ансамблым щыщу цIыхуипщI сшащ абы. Дауи, абы папщIэ къафэ хэха дгъэхьэзыращ. Утыкушхуэм уардэу зэритам си гъэсэнхэр игъэгушхуауэ къызэрыдгъэзэжам пцIы хэлъкъым.
- Ансамблым и къафэхэм я гугъу къытхуэщI. Сыт хуэдэ ахэр, дауэ зэхэбгъэувэрэ?
- Псоми яцIыху къафэ лIэужьыгъуэхэр диIэщ. Къафэхэр сэ зэхызогъэувэ, къыщезэгъым си гупсысэ, образ гуэрхэр, сюжет хэслъхьэурэ. Къафэр бгъэщIэращIэ мэхъу, ар зылъагъум игу дыхьэн икIи етIуанэу еплъыну ехъуэпсэн хуэдэу. ГъэсакIуэм и еплъыкIэ, и зыхэщIэкIэ хэлъын хуейщ къафэм.
Уэркъ, убых, лъапэрисэ джэгу къафэхэр диIэщ. Куэдым гурыхь ящыхъуахэм ящыщщ «Пщы гуащэр», «Хэкужь къафэр», «Къафэ кIыхьыр». Абы нэмыщI, къамэ зыхригъатIэурэ къафэ диIэщ. «Хэкужь» къафэр» Iыхьэ зыбжанэу зэхэтщ, псалъэм папщIэ, «театрализованэ» жыхуаIэ мардэм тетщ.
- Гупым яхэтщ бэрэбэнауэхэр. Абыи уэ хуэбгъасэрэ?
- Бэрэбанми хузогъасэ. Си бэрэбэнауэхэр хунэсащ я зэфIэкI къагъэлъэгъуэну. Мызэ-мытIэу утыку ихьащ, ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьащ.
- Уи гъэсэнхэм жаIэ: «Ди художественнэ унафэщIым къафэм нэмыщI, хабзэ-нэмысым, щэнхабзэм дыхуегъасэ» …
- Адыгэ хабзэмрэ адыгэ къафэмрэ зэкIэрыпчынкIэ Iэмал иIэкъым. Хабзэм тету гъэпсащ езы къафэр. ИкIи абы и мардэщ гъэсэныгъэр, укIытэр, Iэдэбагъыр. Адыгэ къафэр лъэпкъым ей ящI а пкъыгъуэхэм. Сэ сыхуейкъым си гъэсэнхэм адыгэ теплъэр яIэу утыкум зыкъыщагъэлъагъуэу, къэфакIуэ фащэр зыщахыжа нэужь, абы епха хабзэри зыщагъэгъупщэну. Утыкум узэритымрэ узэрыпсэумрэ зэтехуэн хуейщ. Хабзэ, нэмыс пхэлъмэ, ар Iэмал имыIэу утыкуми щыболъагъу. СфIэфIкъым фэрыщIагъэр. Утыкум зигурэ зи псэрэ щызэIухамрэ ауэ зигъэлъагъуэу къикIыжын къудей щхьэкIэ ихьамрэ зэхэбгъэкIыну гугъукъым. Аращи, утыкур хабзэ гъэлъэгъуапIэщ. ПIалъэ гуэр хъуауэ дыщызэдэлажьэкIэ, махуэ къэс къытезгъазэурэ жызмыIэми, си гупым хэтхэм зыхащIэ гъэсэныгъэмрэ хабзэмрэ теухуауэ сэ яхуэзгъэдэхэнури сигу иримыхьынкIэ хъунури. КъагуроIуэ къафэм пкъы зэрыщIэтри, гупсысэ зэрыхэлъри.
- Къафэм сыт хуэдэ гурыщIэ къуитын хуейр?
- Макъамэр зэрызэхэпхыу, укъэфэну укъызэрытехьэу къару гуэр зыхэпщIэн хуейщ, псэщIэ къыпхыхьам хуэдэу. Къалэн гуэр къыпщещI къафэм, уи псэм фIэфIу бгъэзащIэу.
- Iуэхугъуэ, зэпеуэ куэдым хэтщ «Шэрданыр», щIыпIэ куэди къызэхекIухь. КъэфакIуэ ныбжьыщIэхэм нэхъ гукъинэж ящыхъуахэм я гугъу къытхуэпщIын?
- «Имена России» урысейпсо зэпеуэм дыхэту Дон Iус Ростов, Мэхъэчкъалэ, Йошкар-Ола дыщыIащ. «Поколение талантов» жыхуиIэ зэпеуэм Новороссийск дыщыхэтащ. Ахэр егъэлеяуэ гукъинэж ящыхъуащ къэфакIуэхэм. Зэпеуэхэр къапщытащ урысей академикхэм, профессорхэм, гъуазджэм зи цIэр щыIуахэм. Сабийхэм зыкъагъэлъэгъуэну, утыку ихьэну, я зэфIэкI ягъэунэхужыну Iэмал етын хуейуэ къызолъытэ. Абыхэм зэпымыууэ зыгуэр къеплъын, я утыку итыкIэр ягъэщIэгъуэн е къехъуэпсэнIа хуейщ. АпщIондэхункIэ мэгушхуэ, заужь. КъэфакIуэхэм Iэгуауэр ину щыхуаIэткIэ, я къэфэкIэр зигу дыхьахэм псалъэ гуапэ къыщыхужаIэкIэ, я гур хохъуэ.
- Мы зэманым зызыхуэвгъэхьэзырIарэ?
- Тэрч къалэм «Грация» жери гимнастикэм щыхуагъасэ гуп щыIэщ. Абы зыкъытхуигъэзащ дызэщIыгъуу Адлер дыкIуэну. Абы зы Iуэхугъуэшхуэ щекIуэкIынущ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ. Кавказым теухуа IыхьэмкIэ Iуэхум дыхэувэнущ.
- Тхьэм фи мурадхэр къывигъэхъулIэ!
- Упсэу!
Епсэлъар ГУГЪУЭТ Заремэщ.