Дзэ автомашинэхэр ягъэлъагъуэ

Налшык, Абхъазым и утыкум, щагъэлъагъуэ Ипщэ дзэ округым и зауэлIхэу дзэ Iуэху хэхам хэтхэм бийм къытраха танкхэр, Iэщэхэр, нэгъуэщI куэди. Бгъэ­Iэпхъуэ хъу гъэлъэгъуэныгъэр къызэ­рагъэпэщащ Ипщэ дзэ округымрэ ­КъБР-м и Правительствэмрэ. 

Дунейр зэрымыуэфIми емылъытауэ, щэкIуэгъуэм и 28-м утыкум цIыхушхуэ къы­щызэхуэсат. Абы щыболъагъу автомашинэ 17: М2 «Брэдли» (Америкэм и Штат Зэгуэтхэм), «Мардер» (Германие), CV90 (Швецие), БМП-1У (Украинэ), бронетранспортёр М113А4, Cougar MRAP (Америкэм и Штат Зэгуэтхэм), М113G3DK (Дание), FV 103 Spartan (Великобритание), бронеавтомобилхэу Roshel (Канадэ), «Варта», «Козак-2М1», БТР-3ЕI и БТР-4Е (Украинэ), ­гъуэгуанэ кIыхь къызэпычыным хуэщIа ­автомобиль HMMWV «Хамви» (Америкэм и Штат Зэгуэтхэм), украин танк Т-64БВ ­«Булат», нэгъуэщI дзэ маркэхэр. Апхуэдэу ягъэлъагъуэ Iэщэ лIэужьыгъуэхэри (гра­натомётхэр, дронхэр). 
ЩIыналъэм исхэм гъэлъэгъуэныгъэм фIащащ - «Хэкум и хъумакIуэхэм я зэ­фIэ­кIым дрогушхуэ» фIэщыгъэр. Дэтхэнэ ­автомашинэми дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щызыщIэ зы щIалэ бгъэдэтщ. ПIалъэ кIэщIкIэ абыхэм яхъуэжащ къулыкъу щащIэ щIыпIэр - дзэ Iуэху хэхам къыхэкIри ­къалэ утыкухэм къэкIуащ, бийр зэрызэгъэпэща техникэхэмрэ Iэщэхэмрэ я лъа­хэгъухэм ирагъэлъагъун папщIэ. 
- Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ ди бийхэр - ВСУ-мрэ НАТО-м хыхьэ къэралхэм­- рэ - зэуапIэ губгъуэм къызэрыщытпэщIэта техникэхэмрэ Iэщэхэмрэ. Ар яфIэгъэ­щIэгъуэну цIыхушхуэ къекIуэлIащ, - жиIащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и ­министрым и къуэдзэ Ахъмэт Артур. - Ди щIыналъэм щыпсэу дэтхэнэ зыри, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэр, мыбыхэм еп­лъыну къыхузоджэ. Мы Iуэхур и щыхьэтщ Хэку лъагъуныгъэм, щIэблэр абы къы­щхьэщыжын зэрыхуейм. Тхыдэр, япэ итахэм зэрахьа лIыгъэр, ноби ди щIыналъэр тхуэзыхъумэхэр щIалэгъуалэм зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Шэч къытетхьэркъым ТекIуэныгъэр къызэрытхьынуми!
 Гъэлъэгъуэныгъэм куэду екIуэлIащ дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щызыщIа щIалэхэри. Ахэр цIыхухэм, курыт еджапIэхэм я егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ яхутопсэлъыхь ягъэлъагъуэ дзэ техникэр бийм къызэрытраха щIыкIэм. Къэралым и щIыналъэ куэдым хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и зауэлIхэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу зэуапIэм Iутщ. КъыжыIапхъэщ, мы Iуэхум хыхьэу мобильнэ пункт къызэрызэрагъэпэщар, дзэ Iуэху хэхам ­зэгурыIуэныгъэкIэ кIуэнухэм папщIэ. Ип­щэ дзэ округым и лIыкIуэхэм абдеж ды­-дэм щIалэгъуалэр щыхагъэгъуазэ къу­лыкъу зэращIэну щIыкIэм. 
- Мыпхуэдиз цIыху гъэлъэгъуэныгъэм къызэрекIуэлIар гуапэщ. ТекIуэныгъэр ­къахьын папщIэ ди зауэлIхэм къызэра­-нэкI гугъуехьхэр зыхащIэн хуейщ цIыхубэм, - жиIащ лейтенант нэхъыжь, взводым и унафэщI Трифанов Антон. 
Выставкэм зыкърезыгъэхьэлIахэм я ­нэгу зрагъэужьащ КъБР-м и Музыкэ теат­рым и артистхэмрэ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и ­сту­дентхэмрэ. ЦIыхубэ уэрэдхэмрэ къафэ­хэмрэ гукъинэжу ягъэзэщIащ. Гъэ­лъэ­гъуэныгъэм еплъыну гупыж зыщIхэм иджыри Iэмал фиIэщ. ЩэкIуэгъуэм и 28-м къызэIуаха выставкэр дыгъэгъазэм и 1 пщIондэ зэхэтынущ. Абы зыщыфплъыхь хъунущ пщэдджыжьым сыхьэти 10-м щыщIэдзауэ пщыхьэщхьэм сыхьэт 18 пщIондэ.
Колоннэр Элиста къикIри, Налшык къэ­кIуащ. АдэкIэ абы къыпоплъэ Черкесск ­къалэр. 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2026 - 09:35

Гушхуэныгъэ къозыт япэ лъэбакъуэхэр

Лъэпкъыр ину зыIэтын хъыбар щызэхэпхым деж умыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къыхаха гъуэгум Iэижь хуэ­хъуауэ, ехъулIэныгъэфIхэр щызрагъэгъуэтауэ къыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэм къахэкIыр мащIэкъым.

18.05.2026 - 09:33

Зэрызэмыщхьырщ щIэщыгъуэ зыщIыр

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищ­хъэ­рэ къэрал институтым накъыгъэм и 14-м щыпащащ ­«Кинокавказ-2026» V кинофестивалым.

17.05.2026 - 09:03

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр.

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы