КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек илъэсым и кIэм иригъэкIуэкI хабзэ пресс-конференцыр дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щызэхэтащ. Абы хэтащ федеральнэ, республикэ, район хъыбарегъащIэ Iэна-тIэхэм я лэжьакIуэхэр. Зэпсэлъэныгъэр траухуащ 2024 гъэм зэфIагъэкIахэмрэ илъэсыщIэм къапэщыт къалэнхэмрэ.
ЗэIущIэм и пэщIэдзэм КIуэкIуэ Казбек жиIащ журналистхэм яхуэзэну зэригуапэр, абыхэм епсэлъэным мыхьэнэшхуэ иIэу къызэрилъытэр. «Си мызакъуэу, республикэм исхэм, ди лъахэм дежкIэ сэбэпынагъ зыпылъ Iуэхуу къызолъытэ мыпхуэдэ зэIущIэр. Нобэ я гугъу тщIыфынущ сыт хуэдэ мурадхэр диIэу ИлъэсыщIэм дытехьэнуми, 2024 гъэм зыIэрыдгъэхьа ехъулIэныгъэхэр зыхуэдэми. Ауэ сэ нэхъыбэу сызыхуейр фи упщIэхэр зэхэсхынырщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, республикэм щыпсэухэм я гурыгъу-гурыщIэхэр си деж къэзыхьэсри, къэхъукъащIэхэм я хъыбар пэжыр цIыхубэм яхэзыхьэри фэращ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэрщ. ЕтIуанэрауэ, сытым дежи жэуаплыныгъэ фхэлъу цIыхухэм хъыбар зэревгъащIэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, къызэднэкIа илъэсым длэжьахэм дахэплъэж щыхъуну пIалъэщ ноби, фыкъызэрызэупщIхэм жэуап естыну сыхьэзырщ», - жиIащ КIуэкIуэм.
Белгъэрокъуэ М., «Кабардино-Балкарская правда»: Илъэсым и кIэм республикэ бюджетым и щытыкIэр зыхуэдэм сыщIэупщIэнут, хэхъуэ иIэну? Ди республикэм езым къилэжьыжа мылъкумкIэ сыт зыIэригъэхьэфар мы гъэм? Апхуэдэуи, илъэсыщIэм сыт хуэдэ зыужьыныгъэ дгъуэтыну, уэ узэреплъымкIэ?
- Республикэ бюджетым и гугъу пщIымэ, псэукIэм ехьэлIауэ ди пщэрылъ псори дгъэзащIэу жысIэфынущ.
2023 гъэм республикэм езым и хэхъуэу сом мелард 17-рэ мелуан 900-рэ иIащ, мы гъэм, щэкIуэгъуэм и 15-м ирихьэлIэу, сом мелард 18-м щIигъуащ къытхэхъуар, илъэсым и кIэм сом мелард 21-м нэдгъэсауэ зэхуэтщIыну ди мурадщ. Ар сом меларди 3-кIэ нэхъыбэщ, нэгъабэрейм еплъытмэ. Сыт абы къыдитар? Ди цIыхухэм я улахуэр хэдгъэхъуащ, илъэс къэс шыщхьэуIум зэрытщI хабзэм тету, бюджет IэнатIэм пэрытхэм яхущIыдгъуащ, хуэгъэкIуатэкIэ хущхъуэ къызыIэрыхьэхэр къызэдгъэпэщащ, курыт еджапIэхэм зэрыщрагъаджэ тхылъхэр къэтщэхуащ, къыдэдгъэкIащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, социальнэ Iуэхухэращ зытедгъэкIуэдар. Хэхъуэм къыдита IэмалхэмкIэщ дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм, абыхэм я унагъуэхэм дазэрыдэIэпыкъур. Мыбдежым къыхэзгъэщыну сыхуейщ: дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм дазэрыдэIэпыкъур зыкIи зэран хуэхъуакъым ди цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэтщI гулъытэм.
ДяпэкIэ бюджетыр нэхъри хэхъуэну догугъэ икIи сыт хуэдэ Iуэху къытлъыкъуэкIми, зы социальнэ Iуэхуи ахъшэ хухэдмыхыу къэдгъэнэнукъым.
Бейтыгъуэн А., «Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК: Дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ фазэрыдэIэпыкъум, уэ уи жэрдэмкIэ ди республикэм щрагъэжьа «ЛIыхъужьхэм я бынхэр» Iуэхур зэрекIуэкIым и гугъу уэзгъэщIынут.
- Мыбыхэм зэрызащIэдгъакъуэ Iуэхухэр 24-рэ мэхъу. Абыхэм ящыщу нэхъыщхьэхэр жыпIэмэ, абы хохьэ дзэм ираджа ди щIалэхэм мазэ къэс сом мин 25-рэ зэреттыр, хэкIуэдахэм яхухэтх ахъшэр, дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я бынхэр школхэм пщIэншэу зэрыщыдгъашхэр, унагъуэхэм, сабийхэм дазэрыдэIэпыкъур, нэгъуэщIхэри. ЛIыхъужьхэм я бынхэм курыт еджапIэхэм дащыкIэлъоплъ, класс унафэщIхэм хъыбар къытIэрагъэхьэ, гугъу ехьхэм дадоIэпыкъу. «ЛIыхъужьхэм я бынхэр» проектымкIэ ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIхэр хагъэхъуэнымкIэ, я мурадхэр зрагъэхъулIэнымкIэ, я нэгу зрагъэужьынымкIэ, еджэнымкIэ дадоIэпыкъу. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм я адэхэм нобэ къалэн нэхъыщхьэ дыдэр ягъэзащIэу - я Хэкур яхъумэу - зауэ губгъуэм итщ.
Къущхьэунэ М., «РИА Новости»: Тырныауз дэт комбинатыр къагъэщIэрэщIэжауэ къызэрызэIуахыныр зэрыт дэфтэрхэр и кIэм нэса? Сыт хуэдиз мылъку абы текIуэдэнур?
- Зи гугъу пщIы моделыр 2025 гъэм и гъатхэпэм ягъэхьэзыру ди пащхьэ къралъхьэн хуейуэ аращ. Абы сом мелард 56-рэ инвестицэу къыхалъхьэнущ, ауэ а бжыгъэм иджыри зэрызихъуэжынум, зэрыхэхъуэнум шэч хэлъкъым.
Беслъэней Е., «Къэбэрдей-Балъкъэр» радио: ЩIалэгъуалэм защIэгъэкъуэнымкIэ сыт хуэдэ программэхэр щагъэзащIэрэ ди республикэм икIи унафэ къыщащтэкIэ, зи щIалэгъуэхэр а Iуэхум къыхэша зэрыхъунум дауэ уеплърэ?
- НобэкIэ программийкIэ дадолажьэ щIалэгъуалэм. Ахэр федеральнэ программэхэм я Iыхьэу ди республикэм щыIэхэрщ, нэхъыбэу зытеухуари къуажэхэм IэщIагъэлIхэр дгъэкIуэнырщ, спортым, волонтер Iуэхум ныбжьыщIэхэр дегъэхьэхынырщ. Фэ фызэрыщыгъуазэщи, КъБР-м иIэщ ЩIалэгъуалэ Парламент, Правительствэ. Абыхэм я фIыгъэкIэ щIалэгъуалэр политикэм къыхэша мэхъу. Псом нэхъыбэу абыхэм ядэлажьэр, дауи, КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэрщ. КъищынэмыщIауэ, зэхыхьэ ин зэмылIэужьыгъуэхэр республикэм къыщызэрагъэпэщ зэпытщи, ныбжьыщIэхэм нобэ я Iуэху зытетым, гупсысэкIэм, зыхуэпабгъэм, зыхущIэкъухэм дыщыгъуазэщ.
Багъэтыр Л., «Адыгэ псалъэ»: Мы гъэр «Унагъуэм и илъэсщ». Унагъуэхэм защIэгъэкъуэным, щIэблэр нэхъыбэ хъуным теухуауэ сыт хуэдэ лэжьыгъэ щекIуэкIрэ ди республикэм?
- Унагъуэм теухуауэ УФ-м и Президентым и УнафэкIэ къэралым щекIуэкIыр къыпхуэмылъытэн хуэдизу Iуэхугъуэшхуэщ. Сэ ди республикэм щедгъэкIуэкI лэжьыгъэхэм я гугъу фхуэсщIынщ. Дэ бынунагъуэшхуэхэм зэрызащIэдгъакъуэр хуэдитIкIэ хэдгъэхъуащ, абыхэм я псэукIэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ сом мин 250-рэ етту щытамэ, ар сом мин 500 тщIащ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэу къызолъытэ бынунагъуэшхуэхэм я сабийхэм гъэсапIэхэм щIат пщIэр зэращхьэщытхар. АбыкIэ иджыри сигу зэгъауэ щыткъым, дяпэкIи нэхъри едгъэфIэкIуэнущ. КъищынэмыщIауэ, гъэсапIэхэр, еджапIэхэр щIэуэ зэрыдухуэр, зэрызэдгъэпэщыжыр демографие щытыкIэр езыгъэфIакIуэу къызолъытэ.
Къарэлъашэ А., «Горянка»: Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм иджыри IэщIагъэлIхэр зэрахуримыкъум цIыхухэр егъэпIейтей, къуажэхэм щыIа терапевтхэр, къалэн нэхъ мащIэ зыгъэзащIэ лэжьакIуэхэр IуагъэкIащ. Си щхьэкIэ сфIэзахуэкъым къуажэшхуэм апхуэдэ дохутырхэр зэрыщымыIэр. Сыт абы и хэкIыпIэу плъагъур?
- Дохутырхэр IуагъэкIыным щхьэусыгъуэ иIэу къэслъытэркъым, IуагъэкIи хъунукъым, ар зэхэгъэкIын хуейщ. Нобэ ди къалэныр IэщIагъэлIхэр щытхуримыкъу сымаджэщхэм дохутырхэр къешэлIэнырщ.
Колодей У., «РИА КъБР»: Уэ зэрыжыпIамкIэ, ди республикэм щагъэзэщIа «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектыр и кIэм нэблэгъащ. Абы и пIэкIэ нэгъуэщI программэ убгъуам иужь фихьэнущ. Сыт хуэдэ а проектыр, сыт щIэуэ къытхуихьынур?
- ПроектыщIэм и купщIэри бгъэдыхьэкIэри ара дыдэщ - гъуэгухэр егъэфIэкIуэнырщ. ГъуэгущIэхэр тетлъхьэнущ, шынагъуэншагъэр къызэдгъэпэщынущ, зэрыжысIащи, автомобиль гъуэгухэр иджыри къэс зэредгъэфIэкIуам дыкъыкIэрымыхуу, дяпэкIи нэхъ деужьэрэкIыу делэжьынущ.
Бейтыгъуэн А., «Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК: Иужьрей илъэсхэм зэхъуэкIыныгъэ куэд щыдолъагъу Iуащхьэмахуэ лъапэ, хьэщIэщхэр, лъэрыжэ, кIапсэ гъуэгущIэхэр, шхапIэхэр щаухуэ. Абы, шэч хэмылъу, турист нэхъыбэ кърешалIэ. Уэ нэхъ убгъуауэ укъытхутепсэлъыхьыну сыхуейт туризмэм и лъэныкъуэкIэ республикэм зэрызиужьам, дяпэкIэ сыт хуэдэ мурадхэр фиIэ ди зыгъэпсэхупIэхэм ятеухууауэ?
- Iуащхьэмахуэ лъапэ ехьэлIамэ, мыр къэрал Iуэхущ, проект щхьэхуэм тету зыдогъэужь. Мы махуэхэм зэгурыIуэныгъэ зэтщIылIащ сом мелард 14,2-рэ и уасэ кIапсэ гъуэгущIэ къызэIуахыну, Азау деж чэзу зэтрихьа щымыIэу цIыхухэр бгым дэкIуеифын хуэдэу. Абы къищынэмыщIауэ, парк, шхапIэ, хьэщIэщ жыпIэми, а псоми ехьэлIа проектхэр хьэзэр хъуащ, ахъшэ къыхэзылъхьэнухэр щыIэщи, дяпэкIи нэхъ псынщIэжу зиужьынущ. КъищынэмыщIауэ, хьэрычэт Iуэху цIыкIумрэ ику итымрэ щофIакIуэ, коттеджхэр, шхапIэхэр щащI, а псомкIэ сэбэп мэхъу къэралри.
Журналистхэр щIэупщIащ мэкъумэш IэнатIэм къыщалэжь хадэхэкIхэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ республикэм къыхуихь хэхъуэм, къэралым мэкъумэшыщIэхэм зэрызащIигъакъуэм, республикэм фэтэр куэду зэхэту щащI унэхэр ирикъурэ-иримыкъурэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и зыгъэпсэхупIэхэм зэрызрагъэужьыну щIыкIэм, жылагъуэ транспортыр егъэфIэкIуэным, районхэм, къуажэхэм псэукIэр тынш щыщIыным ехьэлIауэ зэфIэгъэкIыпхъэу къилъытэхэм.
ЗэIущIэм и кIэухым КIуэкIуэм фIыщIэ яхуищIащ журналистхэм, сытым дежи и чэзум хъыбар пэж цIыхухэм я пащхьэ зэрыралъхьэм папщIэ. Журналист ныбжьыщIэхэм ядэIэпыкъунымкIэ, IэщIагъэм и Iулыджыр хэгъэхъуэнымкIэ дяпэкIэ зэпеуэхэр къызэрызэрагъэпэщынур жиIащ УнафэщIым, 2025 гъэм щегъэжьауэ апхуэдэ зэпеуэр илъэс къэс ирагъэкIуэкIыну, ират ахъшэри хагъэхъуэну зэрамурадыр къыхигъэщащ.
«Къэбэрдей-Балъкъэрым, къэрал псом я уафэр мамыру, иджыпсту дыщIэгузавэ Iуэхум текIуэныгъэ къыщытхьауэ, ди щIалэхэр узыншэу я унагъуэхэм къекIуэлIэжыну сыныво- хъуэхъу!» - жиIащ Iэтащхьэм.
Багъэтыр Луизэ.