Лабэрэ ЩхьэгуащэрэАдыгэ лъагъуэжьхэм ирикIуэн фIыуэ зылъагъухэм я гуп къызэбгъэпэщын ипэ, уэ езыр апхуэдэ гъуэгуанэм утетауи, а Iуэхум цIыху гуэрхэр дебгъэхьэхауи щытыпхъэщ. Арати, ди зи чэзу ежьэгъуэр къэсащ. ТIэкIу нэхъапэIуэкIэ дыздэщыIауэ щыта щIыпIэхэм ятетха сурэтхэм ди ныбжьэгъу гуэрхэр едгъэплъати, апхуэдэ ди зекIуэкIэм дедгъэхьэхам ящыщщ си адэ шыпхъум и къуэ Уэлджыр Зауррэ абы и щIэблэ нэхъыжь Аслъэнрэ. Иджы ди мурадыр, къэткIухь къудей мыхъуу, адыгэм фIыуэ илъагъу и Хэкужьым щыщ щIы кIапэхэр зэлъэдгъэIэсынырт. КъызэрытлъытэмкIи, КъухьэпIэ Кавказым щыIэ Адыгэ Республикэм и щIыналъэм и закъуэкъым адыгэщIыр. Кавказ зауэжь кIыхьым ипэ къихуэу кIахэ адыгэхэм яIыгъа щIы псоми я гугъу дымыщIми, ди лъэпкъэгъу куэдым ноби я Хэкужьу къалъытэ 1859 гъэм ирихьэлIэу Псыжь адрыщIкIэ щыпсэуа адыгэхэр, абазэхэр, убыххэр зытеса щIыналъэр. А гъэм кIахэ адыгэхэмрэ урысей къэралыгъуэжьымрэ я зэныкъуэкъур нэхъ къэтIэсхъат, мамыр щытыкIэм хуэкIуат. ИкIи, абы иужь урысей пащтыхьым Псыжь адрыщIкIэ щыпсэухэм я гугъу къимыщIыжатэмэ, къахуэнат ди лъэпкъэгъухэм а щIыналъэр. Адыгэ Республикэм хыхьэ Еджэрыкъуей къуажэм къыщыхъуащ си щхьэгъусэр. И адэ-анэ, и Iыхьлыхэр абы щыпсэурти, лъагъунлъагъу япэщIыкIэ а жылэм умыкIуэу хъурэт? Абы щыгъуэми Еджэрыкъуей жылэм Адыгейм и щыхьэрым унэмысу урохьэлIэ. Еджэрыкъуейр Лабэ псы Iуфэ дахэм икIи бгъуфIэм Iусщ, Куэшхьэблэ райцентрым ищхъэрэкIэ. А жылэм дэсхэм я нэхъыбэр къэбэрдей адыгэщ. Къэбэрдей псэлъэкIэр зэрахьэу Адыгейм иджыри къуажищ исщ: Хуэдз, Лашэпсынэ, Улапэ. Иужьрейр беслъэней жылэщ. Абыхэми я бзэр къэбэрдей псэлъэкIэм къызэрыщхьэщыкI щыIэкъым. Еджэрыкъуейм зы жэщ-зы махуэ дыщыхьэщIащ. Зыщытплъыхьын икIи зыщыдгъэпскIын мурадыр диIэу, етIуанэ махуэм Лабэ псыхъуэ дыдыхьащ. Псыр апхуэдизкIэ дахэт, къабзэт, гъэщIэгъуэныщэу къехырти удимыхьэхын плъэкIынутэкъым: зэми тепхъэ зищIти зэбгрыжт, шыпсэм хэт фIэкIа умыщIэн теплъэ зиIэ мэзхэм адэкIэ-мыдэкIэ щIэлъадэурэ, уздыпэмыплъа щIыпIэхэм деж къыщыщIэвыкIыжу. Зэми псыхьэлыгъуэу зэхэлъэдэжрэ, уэру ежэхыу. Дыгъэм пэлыд псы щхьэфэр, къопсэлъэным хуэдизу, узригъэхъуапсэу тепщIыпщIыкIырт. Кавказым и Ищхъэрэ-КъухьэпIэм щынэхъ псы ин дыдэхэм ящыщщ Лабэ. Кавказ шытхышхуэм къыщожьэ ар Лабэшхуэрэ Лабэ ЦIыкIуу. Километр 341-рэ икIуа нэужьи Псыжь (Кубань) хохуэж. Лабэ и къуэпс псоми зызытрагуашэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыуэ иIыгъым хуэдизщ, е нэгъуэщIу жытIэнщи, километр зэбгъузэнатIэ мин 12-м щIегъу. И къэунэхукIэр нэхъыбэм зрапхыр къуршыжьхэр щIэзыхъумэ мылылъэхэм къащIэж псыхэр арами, гу зэрылъатамкIэ, и ныджэм псыщIагъыпсхэми уащрохьэлIэ. Кавказ шытхышхуэм ищхъэрэкIэ гъэза и джабэщIхэм якIэрыщIа мыл джейхэм къапыткIу ткIуанэхэр «анэ быдзышэ» зыхуэхъуа Лабэшхуэрэ Лабэ ЦIыкIурэ, къуэ бгъунж цIыкIухэм дэлъадэ-къыдэжыжми, къуршылъэ-мэзылъэ тIуащIэхэм зыкъыщызэщIакъуэри, жьанэ Iузэвхэм километри 130-м нэблагъэкIэ щожэх, «Ахъмэт и фо изщ» жыхуаIэ бгым и деж, хуэищхъэрэу, тIури щызэхолъэдэж. ПсышхуитI зэхыхьэжам ищхъэрэкIэ къыщыхэхуэж и къуэпс нэхъ инхэм ящыщщ Чэм-лъахъэ (Чамлык), Хуэдз, Щэхъурадж (Чохрак), Улэ (Улькэ), Джаджы (Гиага), Псынэху (Псенаф), Хуарзэ (Фарс) псыхэр. Телъыджэр аращи, «Лабэ» цIэр къызытехъукIам ехьэлIауэ еплъыкIэу къагъэлъагъуэм гъуни нэзи иIэкъым. Псалъэм папщIэ, лъахэхутэхэм ящыщ зым зэрыжиIэмкIэ, псыщхьэхэмкIэ щыIэ къуршхэм «Лоубэ» зи фIэщыгъэ абазэ лъэпкъ къудамэ щыпсэугъащ. ИкIи Лабэ ЦIыкIу къыщежьэ бгыхэм ящыщ зым а цIэр зэрехьэ. КIахэ лъэныкъуэмкIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм мы псым ехьэлIауэ жыIэкIэ зыбжанэ ди нобэми къагъэсэбэп. Апхуэдэщ, «Лабащхьэ» жыхуаIэу къурш жьанэхэм къуэпс-къуэпсурэ щызэхэлъэдэжыр, «Лабэмэз» – псым и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ къыщыс Лабинск къалэм къыщыщIэдзауэ километр 80 хуэдизкIэ «дэкIуэтея» жыг гуэрэныбэм зэреджэр, «Лабэуэх» - Лабэрэ Деикъуэрэ я зэхуаку дэлъ сэтей лъахъшэм и гугъу щащIкIэ къагъэсэбэпыр, «Лабэжь» – псыр къыщиухэм деж зыдэлъадэу, гъэмахуэм и кIэ хъуху щимыгъущыкIыж ныджэжьу Еджэрыкъуей къуажэм и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэр, нэгъуэщIхэри. Си гъуситIыр дыздыIухьа псым апхуэдизкIэ дихьэхати, гу ялъомытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Псы къуэпсхэр зэми нэр зытеплъызэ мэз гуэрэнхэм хэкIуасэрти, щыкIуэдар зэхэбгъэкIыху, нэгъуэщI щIыпIэхэм деж къыщыщIидзыжырт. Гъунэгъубзэу и бгъуитIымкIэ къыщыт жыгхэр къызыхэщ псыр зэми удзыфабзэт, зэми уафэ къащхъуэ къыщхьэщытым ещхьу щхъуантIэт. Псышхуэ ежэхым увыIэпIэ куухэри иIэт. Апхуэдэ зым и деж щыри дыщызэрихьэлIэри, псым фIыуэ дыхэсащ. Зэми ныджэм дыкъытехьэрэ пшахъуэ пщтырым зыщыдгъэхуэбэжу, зэми псы щIыIэтыIэм зыхэддзэжу. ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI щыхъум, Еджэрыкъуей дыкъыдыхьэжащ. Дызэрыщыгъуазэщи, ХIХ лIэщIыгъуэм икухэм Кавказым ис адыгэхэр лъэпкъ къудамэ 12 хъурт. Ахэр натхъуэдж, бжьэдыгъу, хьэтыкъуей, кIэмыргуей, мамхэгъ, мэхъуэщ, шапсыгъ, абазэхэ, убых, беслъэней, къэбэрдей, еджэрыкъуей жыхуаIэхэрат. Иужьрейм ящыщу хэкужьым нобэ къинар кIэмыргуейхэм къыхагъэщхьэхукIыжыркъым, я лъэпкъыцIэр Еджэрыкъуей къуажэм къыхуэнами. Арати, дызихьэщIэ бысымым дакъыхыхьэжащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, Мейкъуапэ дэс щыкъу щIалэ Азэмэт ипхъу цIыкIум а пщыхьэщхьэм лъэтеувэ хуащIырт. Ди къежьэгъуэри а Iуэхум зэрырихьэлIар фIыт, дахыхьэми гуапагъэти, гуп цIыкIум унафэ тщIащ а пщыхьэщхьэм Мейкъуапэ дыкIуэну. Зы сыхьэт нэблагъэ тедгъэкIуэдами арагъэнт, Заур и машинэмкIэ къалэм дыщыдэлъэдам. ТхьэлъэIур щекIуэкIын хуей лъапсэм дыIухьащ. Азэмэт гуфIэжу къытпежьэри, пщIантIэм дыдишащ. И щыкъу благъэхэм даригъэцIыхуащ. Языныкъуэр Краснодар пэгъунэгъу бжьэдыгъу жылэхэм къикIат. Дунейр хуабэт, уэфIт, пщIантIэ хуитышхуэм дэт жызумейм и лъабжьэм Iэнэ кIыхь щIэтт. Абдеж жьыщIэхут. Унэ кIуэцIхэми Iэнэхэр щIагъэуват. ТIэкIу нэхъыжьыIуэхэр унэмкIэ щIашэри, мыдрейхэм щIыбыр къытлъагъэсащ. Адыгэ Iэнэр зэрызекIуэ хабзэм тету екIуэкIыурэ щысхэр дызэрагъэцIыхуащ. Къэбэрдей псэлъэкIэ яIэу бзылъхугъитI къыдбгъэдэст. Ахэр Азэмэт и благъэщIэхэм я нысэт. Зыр и дыщкIэ Хуэдз, адрейр Лашэпсынэ щыщт. ГъэщIэгъуэнт ди Iэнэм адыгэбзэм и IукIэу тIу зэрыщызекIуэр. Дэри, а пщыхьэщхьэм зэIущIахэм, кIахэ, къэбэрдей псэлъэкIэхэр зыхуридгъэкъурт, урысыбзэ къыхэдмыгъахуэу. Гукъинэжу дызэхэсащ а пщыхьэщхьэм. Лъэтеувэ зыхуащI пщащэ цIыкIум хуэгъэза хъуэхъу дахэхэр зэхыдагъэхащ. ТхьэлъэIур щекIуэкI пщIантIэм и утыкум къафэ-джэгу щрагъэкIуэкIащ. Дэри бысымхэм пщIэ лей къытхуащIащ, хьэщIагъэ къыдахащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэм ди гъуэгум пытщащ. Адыгейм и къалащхьэм ипщэкIэ дыдэкIуеину дежьащ. И лъабжьэмкIэ щыIэ урыс станицэхэм дыкъыщымыувыIэу даблэкIащ. Километр 40 хуэдиз дыдэкIуейри, Каменномост къуажэшхуэм дрихьэлIащ. Абыи дэсым и нэхъыбапIэр урысщ. Абдежым щIыщIедзэ нэгузыужьу къэзыкIухьын зыфIэфIхэм нэхъ ягъэщIагъуэ щIыпIэхэм. Мейкъуапэ къикIыу мыбы гъущI гъуэгу къокIуалIэ, я зэхуакум электрички щызокIуэ. Япэ зекIуэгъуэм мы щIыпIэм дыщемыпсыхыфами, иджы дыкъыщыувыIэну мурад тщIащ. «Каменномост» («Мывэ лъэмыж») псалъэр игъэпэжу мы щIыпIэм и гъунэгъуу щыIэщ псы уэрым кIуэцIривыкIауэ мывэ гъуанэшхуэ. Дэ ар зэдгъэлъагъуну зэман диIакъым, ауэ зэрыжаIэмкIэ, абы и щхьэмкIэ лъэмыж папщIэу ущызекIуэ мэхъу. Каменномостым ХьэджэхъукIи йоджэ. ГъущI гъуэгу станцым «Хаджох» жиIэу тетхащ. ИпэкIэ мыбдеж щыпсэуа абазэхэ къуажэм а цIэр зэрихьэу щытащ. Каменномост къуажэм и Iэхэлъахэм гум къинэж щIыпIэ дахэ и куэдщ. Абыхэм ящыщ зыщ Хьэджэхъу зэвыпIэкIэ зэджэ Iуплъэгъуэ телъыджэри. Щхьэгуащэ псышхуэр къыр зэхуаку зэвым хуэм-хуэмурэ докIуасэри, абы гъэщIэгъуэныщэу зыщихъущIэурэ, километр псокIэ щожэх. Псым иригъэщI макъымрэ абы и зеуэкIэмрэ плъэгъуа иужь, укъоуIэбжь: зы благъуэ абрагъуэ гуэрым кIыхьу зиукъуэдияуэ зифыщIыж фIэкIа пщIэнкъым. ЗэвыпIэр щиухым деж телъ къуажэкIуэцI лъэмыжым тIэкIурэ дытетри, машинэм дитIысхьэжащ. «Рыфыбг псыкъелъэхэр» фIэщыгъэкIэ хагъэунэхукIа щIыпIэм дыхуокIуэ. Мыбдежым Щхьэгуащэ лъэсырызекIуэ лъэмыж телъщ. Псым адрыщIкIэ узэпрыкIым къуэ зэв гуэрым удохьэ, абы псыкъелъэ дахэу 7-м ущрохьэлIэ. Ахэр зэкIэлъхьэужьщи, къуэм удэту удэкIуеину хъуэпсэгъуэщ. «Рыфыбг» цIэр къызэрыхъуа щIыкIэри гъэщIэгъуэнщ. Мы псы къуэпсым адыгэхэр зэреджэр «Сырыхущ» (адыгей псалъэкIэмкIэ «Сырыф»). Псыр къыздыщIэж бгыхэм ящыщ зым фIащар «Сырыфыбгщ». ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ипэ ит «сы»-р пыхури, «рыфыбг» къэнар урысыбзэкIэ «Руфабго» хъуащ. ИкIи мы бгыми абдеж къыщежьэ псы цIыкIуми аращ зэреджэр. ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|