ЗауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядоIэпыкъу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ «Хэкум и зауэлIхэм я унагъуэхэм я комитетым» и лэжьакIуэхэм. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэситI хъуауэ щолажьэ «Хэкум и зауэлIхэм я унагъуэхэм я комитет» цIыхубэ зэгухьэныгъэр. Ар къы­щы­зэрагъэпэща махуэм ирихьэлIэу, комитетым и лэжьакIуэхэм яхуэзащ республикэм и Iэтащхьэр. ЗэIущIэм кърихьэлIащ зэгухьэныгъэм и унафэщI, дзэ Iуэху хэхам хэкIуэда офицерым и щхьэгъусэ Ореховэ Каринэ, дзэ Iуэху хэхам фэбжьышхуэ щызыгъуэта ветеран, унафэщIым и къуэдзэ Мату Мурат, зи щхьэгъусэхэр дзэ Iуэху хэхам щыIэхэу «Къарур зыхэлъыр пэжырщ» щIыналъэ зэщIэхъееныгъэм и президент Мещеряковэ Ксениерэ КъуэщIысокъуэ Ренэрэ. 
 Комитетым адрей цIыхубэ зэгухьэныгъэхэм я гъусэу дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я унагъуэхэм зыщIагъакъуэ, зауэлIхэмрэ уна­гъуэхэмрэ зэлъэIэсынымкIэ щхьэпэ мэхъу, псапэхуэщIэ хьэпшыпхэр зэхуахьэс, хэкупсэ, волонтёр лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI, тыншу узыпхымыплъыф хъархэр зэIуащэ, щIытIым къыщагъэщхьэпэ шэху уэздыгъэхэр ящI, ахэр дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэхэм нагъэс. 
 ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ щIыналъэм щылажьэ комитетым и къудамэмрэ республикэм и гъэзэщIакIуэ органхэмрэ зэрызэдэлажьэ щIыкIэм, «Хэкур зыхъу­мэхэр» фондыр къазэрыдэIэпыкъум. Комитетым хэтхэр тепсэлъыхьыжащ зэфIагъэкIа лэжьыгъэм: цIыхуи 128-рэ я щхьэ IуэхукIэ ирагъэблэгъащ, лъэIу 3000-р зэпкърахащ, псапэхуэщIэ хьэпшыпу тонн 12-м нэс дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэхэм ирагъэшащ, Курскэ областым щыпсэухэм ядэIэпыкъуащ Лэскэн щIыпIэ администрацэм и гъусэу 
 КIуэкIуэ Казбек и гугъу ищIащ зэгъусэу дяпэкIи зэрызэдэлэжьэнум, илъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэхэм ирихьэлIэу дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я сабийхэм зэрызыщIагъэкъуэнур къыхигъэщащ. ЩIыналъэм и Iэтащхьэм комитетым хэтхэм фIыщIэ яхуищIащ я пщэ къыдэхуа лэжьыгъэр жэуаплыныгъэ хэлъу зэрагъэзащIэм, къэралми абы щыпсэухэми я дежкIи а Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэр жиIащ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.12.2024 - 09:03

Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр щызэхуэхьэса унэ

Сурэтым: (сэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ): Тау Замирэ, Аслъэныкъуэ Мадинэ, МэшлIокъуэ Саидэ, Уэзрокъуэ Чэрим, Ансыкъуэ Иринэ.

06.12.2024 - 09:03

ЩIыгулъ - ерыскъылъэ

Мы гъэм епщыкIузанэу ЩIыгулъым  и дунейпсо махуэр зыгъэлъапIэхэм ящыщщ Урысей Федерацэри. 

05.12.2024 - 15:02

НыбжьыщIэхэм я къэкIуэнум теухуауэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ «ЛIыхъужьхэм я щIэ­блэ» Iуэхум хэта ныбжьыщIэхэм.

05.12.2024 - 12:25

Сабийхэр ягъэгушхуэ

Ныкъуэдыкъуэхэм я дунейпсо махуэм трагъахуэу, дыгъэгъа­зэм и 3-м, сабийхэм пшыхь гу­къинэж щыхуащIащ Узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Лэгъупыкъу» центрым.

05.12.2024 - 09:06

Псори зэлъытар цIыхурщ

Дуней псом щыцIэрыIуэ бзэщIэныгъэлI, зи къэхутэныгъэхэр бзэхэр зэгъэпщэным лъабжьэ хуэхъуа Гумбольдт Вильгельм зэгуэр жиIэгъат: «Бзэм макъ пщыкIуий фIэкIа имыIэми, абыкIэ дунейм и теплъэр сурэту ищ