КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым бжыгъэр зи лъабжьэ экономикэ зыужьыныгъэр зыхуэдэм.
Республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ жиIащ къаIэта Iуэхур КъБР-м и Iэтащхьэм Парламентым Зэрызыхуигъэзам къыщигъэлъэгъуахэм зэращыщыр.
- Нобэ дызытепсэлъыхьым и мыхьэнэр зэрыиным и мызакъуэу, икIи гъэщIэгъуэнщ, сыту жыпIэмэ бжыгъэ экономикэм елъытащ хьэрычэт Iуэхур, егъэджэныгъэр, узыншагъэр хъумэныр, къэрал ухуэкIэр, цIыхухэр зэрыщIэныр зэрефIэкIуэну IэмалыщIэхэр, - къыхигъэщащ Егоровэм. - Урысейм и Президент Путин Владимир зэрыжиIащи, нобэрей зэманым IэнатIэ псори купщIафIэу лэжьэныр епхащ технологиехэр къызэрыдгъэсэбэпым. Апхуэдэ IэмалкIэ зэпыщIа мэхъу жылагъуэри, хьэрычэтыщIэхэри, къэралри. Урысейм иджыпсту щагъэхьэзыр «Къэралым и бжыгъэ Iэмалхэм зэрызрагъэхъуэжынумрэ экономикэмрэ» зыфIаща лъэпкъ IуэхущIэр. Къыхэгъэщыпхъэщ, «Бжыгъэ экономикэ» лъэпкъ проектыр мы зэманым зэрагъэзащIэ щIыкIэм мызэ-мытIэу КъБР-м и Парламентым и Президиумыр зэредэIуар. Мы лэжьыгъэм кърикIуауэ долъагъу IэнатIэ куэдым я дэфтэрхэмрэ хъыбархэмрэ технологиехэмкIэ зэIэпахыф зэрыхъуар, интернетыр псоми хуиту къызэрагъэсэбэпыр, къэрал Iуэхутхьэбзэхэр электроннэ IэмалкIэ цIыхухэм къазэрыIэрыхьэр. НэгъуэщIу жыпIэмэ, технологиехэр зылъэмыIэса IэнатIэ республикэм иIэкъым.
ИрагъэкIуэкI лэжьыгъэм, зэфIагъэкIам, я мурадхэм теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министр Бозий Аскер.
Къэрал IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэм бжыгъэ Iэмалхэр къызэрыщагъэсэбэпым къыщытеувыIэм, къэпсэлъам къыхигъэщащ 2024 гъэм и ещанэ мазищым и кIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ увыпIэр КИФЩI-м зэрыщиIыгъыр, къэралым 23-нэу зэрыщыщытыр.
Республикэм мы зэманым щолэжь дэфтэрхэр зы Iэмалым тету зэрагъэхьэзыр, зэрызэIэпах щIыкIэм. Министерствэм абы щIыналъэм и IуэхущIапIэ 300-м щIигъу пищIащ. Мыгувэу щIыналъэм и кIэм щынагъэсынущ зыуэ щыт интернет-зыхуэгъэзапIэр къызэIуахыным пыщIа лэжьыгъэр.
КъБР-м Бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министерствэм республикэм Ухуэныгъэмрэ псэупIэ IэнатIэмкIэ и министерствэм и гъусэу ягъэхьэзыращ хъыбарыщIэхэм зэрелэжь жыпхъэ. Ар къэкIуэну зэманым сэбэп хуэхъунущ ухуэныгъэм арэзы зэрытехъуэ дэфтэрхэмрэ нэгъуэщIхэмрэ щраткIэ.
Министрым жиIащ хъыбарегъащIэ технологиехэм епхауэ IэщIагъэлIхэр зэрагъэхьэзыр лэжьыгъэр республикэм зэрыщызэтеублар. КIуэ пэтми апхуэдэ IэщIагъэлIхэм къахохъуэ. Мы зэманым сабий мин 50-м щIигъу хуоджэ «информатика» дерсым, зэхьэзэхуэхэр йокIуэкI школакIуэхэр технологиехэм драгъэхьэхыным хуэгъэзауэ.
Бозий Аскер тепсэлъыхьащ зи гугъ ящI IэнатIэм зрагъэужьын мурадкIэ Налшык къалэм щаухуэну технологие паркым и проектым зэрелэжьми. Ар яухуэн щIадзэнущ IуэхущIапIэм мылъку хэзылъхьэнум зэгурыIуэныгъэ иращIылIа нэужь. А зэгурыIуэныгъэр 2024 гъэм и кIэм зэфIагъэкIыну траухуэ.
Связым епхауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым IуэхущIапIэ 14 щыIэщ, дэтхэнэми министерствэр ядолажьэ.
ЗэIущIэм щхьэхуэу къыщытеувыIащ республикэм и автомобиль гъуэгухэм связыр къыщиубыду щIыным епха Iуэхухэми.
Егоровэ Татьянэ къиIэтащ интернет-щIэпхъаджагъэхэр зэралэжь щIыкIэм пэщIэтыным епха гугъуехьхэр. Абы зэрыжиIамкIэ, технологиехэм зрагъэужьыху, ахэр къагъэсэбэпу щIэпхъаджагъэхэр зылэжьхэм зэран зэрыхъуну IэмалыщIэхэр къызэрагупсысыр. Апхуэдэхэм я «хъым» йохуэ сыт хуэдэ ныбжьым ити IэщIагъэ зэхуэмыдэ зиIи. КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым къыхигъэщащ а гугъуехьым къэрал IэнатIэхэр зэгъусэу Iэмал имыIэу зэрелэжьыпхъэр. «Сыт хуэдэ лэжьыгъэ екIуэкIрэ цIыхухэм я хуитыныгъэхэр абы и лъэныкъуэкIэ хъума хъун папщIэ»? - щIэупщIащ ар.
Министрыр арэзы техъуащ а Iуэхугъуэм гулъытэ хэха, шэч хэмылъу, зэрыхуэщIыпхъэм. «ЩIэпхъаджагъэ ялэжьым и бжыгъэм хохъуэ, нэхъыбэр цIыхухэм я мылъкур Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ фIадыгъуу аракъым, атIэ ахэр апхуэдизкIэ ягъэщхьэрыуэри, езыхэр арэзыуэ ират. Кибершынагъуэншагъэм цIыхур хуэдгъэсэн хуейщ, апхуэдэ къащымыщIын щхьэкIэ. Абы и лъэныкъуэкIэ ди IуэхущIапIэр КъБР-м и МВД-м долажьэ, социальнэ сетхэмкIэ, телевиденэмкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ сэбэп зыпылъ хъыбархэм жылагъуэр хэзыгъэгъуазэ нэтынхэр къыдот», - жиIащ Бозийм.
Егоровэ Татьянэ дыщIигъуащ республикэм и еджапIэхэм IэщIагъэлIхэр зэрыщагъэхьэзырым хагъэхъуэным, апхуэдэхэр къэрал IуэхущIапIэхэм къешэлIэным, нэгъуэщIхэми гулъытэ хуащIын зэрыхуейр.
КъБР-м и Парламентым и комитетхэм я унафэщIхэмрэ къуэдзэхэмрэ - Емуз Нинэ, Iэпщэ Заур, Безгодькэ Владимир, Щхьэгъэпсо Сэфарбий сымэ - тепсэлъыхьащ IT паркым и мурад нэхъыщхьэу щытынум, технологиехэм епха IэщIагъэлIхэм ящыщу сыт хуэдизым республикэр хущыщIэми, апхуэдэ IэнатIэ Iутхэм я улахуэр зыхуэдэм, социальнэ сетхэм зэрызыщыпхъумэнум, нэгъуэщI куэдми епха Iуэхугъуэхэм.
КъБР-м и Парламентым ПромышленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу IэнатIэмкIэ и комитетым и унафэщI Къалмыкъ Марат къыхигъэщащ мы зэманым щIыналъэ куэдым я IэщIагъэлI пажэхэр цIыхум пэIэщIэу зэрылажьэр къэлъытауэ, абыхэм яIэрыхьэфын хуэдэу, республикэм и щIыпIэ псоми зэхуэдэу мобильнэ связымрэ интернетымрэ яIэн зэрыхуейр.
КъищынэмыщIауэ, зэIущIэм щыхэплъащ «Транспорт налогым теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 6-нэ, 7-нэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ», «Налогыр тыншу зэрагъэбелджылым ехьэлIауэ» жыпхъэ хэхар Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыгъэсэбэпыным теухуауэ», «ЦIыхухэр ягъэджэгуу ахъшэ къэзылэжь IуэхущIапIэхэм я налогым и IуэхукIэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 2-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ», «Налог зыт цIыху щхьэхуэхэм – хьэрычэтыщIэхэм - налог зэрыхуагъэув щIыкIэм теухуауэ» КъБР-м и законым и Iыхьэ 3-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным ехьэлIауэ» республикэ законхэм я проектхэм.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ къэралым цIыхухэм зэрызащIигъакъуэм, псыщIэгъэлъадэкIэ щIыхэр къызэрыщызэрагъэпэщым, гупсысэр зыгъэутхъуэ компьютер джэгукIэхэр зэрагъэмащIэнум, УФ-м Административнэ хабзэхэр къызэпемыгъэудынымкIэ и Кодексымрэ Лэжьыгъэ кодексымрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ федеральнэ хабзэхэм я проектхэм.
Депутатхэр арэзы техъуащ КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъ егъэджэныгъэм и лэжьакIуэ зыбжанэм зэрыратынум.
КъБР-м и Парламентым и
пресс-IуэхущIапIэ.