КIэртIофыр мэбагъуэКъэбэрдей-Балъкъэрым кIэртIофыр мы гъэ хуэбэгъуащ икIи Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэIлэу республикэм и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм псоми зэхэту кIэртIоф тонн мини 144,1-рэ кърахьэлIэжащ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ ар процент 22-кIэ нэхъыбэщ. КIэртIофу къайхъулIэм и куэдагъым кIуэ пэтми зэрыхэхъуэм и щыхьэтщ мы гъэм зы гектарым ику иту центнер 210-рэ къызэрытекIар, нэгъабэ жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу щыIа бжыгъэхэр зэрыхъуар центнери 167,3-рэщ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|