СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музей Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм иджыблагъэ къыщызэIуахащ Горлов Михаил и гъэлъэгъуэныгъэ, ар псэужамэ, илъэс 70 ирикъуну зэрыщытам теухуауэ къызэрагъэпэщар.
IуэхущIапIэм и унафэщI Ремхен Еленэ къызэрыхигъэщамкIэ, IэдакъэщIэкIыу щитIым нэблагъэ утыку кърахьащ, сурэтхэр, тхылъ графикэхэр, инсталяцэхэр, каллиграфиехэр, езым и тхылъхэр зэригъэдэха лэжьыгъэхэр, нэгъуэщI куэди хэту. «Дэтхэнэми езым и псэм фIэфI, и гум дыхьэ гъэлъэгъуэныгъэм къызэрыщигъуэтынум шэч хэлъкъым», - жиIащ Еленэ.
Япэ псалъэр иратащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Тау Ритэ.
- СурэтыщI, график, тхылъхэр дахэу зыгъэщIэращIэу щыта, усакIуэ Гор-лов Михаил и фэеплъыр дгъэлъэпIэну, и IэрыкIхэр иджыри зэ зэдгъэлъагъуну дыкъыщызэхуэсащ музейм, - жиIащ абы. - Фэ фщыщхэм я нэхъыбэм яцIыхуу щытащ Михаил, куэдрэ гъэлъэгъуэныгъэхэм дыщрихьэлIэрт, езым и пшыхьхэми дыхэтт. Ахэр щыхьэт зэрытехъуэщи, Михаил цIыху Iущт, къыбжиIэн и куэдти, удэуэршэрыну гухэхъуэт. И IэщIагъэм хуэIэижьу зэрыщытар наIуэ пщызыщI зэIущIэщ нобэрейр. Си гущIэм къыщагъэуш хуабагъэм, дахагъэм хуэдэкIэ фыфейхэри къулей ящIыну си гуапэщ мы лэжьыгъэхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм и зыужьыныгъэмрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и тхьэма-дэ Текуев Амурбий къыхигъэщащ Горловым и гуащIэм фIы дыдэу зэрыщымыгъуазэр, ауэ утыку кърахьа IэдакъэщIэкIхэм зэратхьэкъуар. «И цIэ къраIуэу зэрызэхэсхымкIэ, и лэжьыгъэу си нэгу щIэкIхэмкIэ шэч къытезмыхьэу схужыIэнущ ар зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI цIыхуу зэрыщытар, гъуазджэм езым и лъагъуэ зэрыщыхишыжар, и лъэужь къызэрыхинар. И усэхэри щыхьэт тохъуэ зэрысурэтыщIыр имыгъэгъуащэу адрейхэм къащхьэщызыгъэкI гупсысэкIэ щхьэхуэ зэриIам», - жиIащ Текуевым.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жан- нэ къыхигъэщащ мы гъэлъэгъуэныгъэр Горловыр щIэблэм ящымыгъупщэн папщIэ тхуэщIэну мащIэм ящыщ зыуэ зэрыщытыр. ФIыщIэ яхуищIащ Михаил и гуащIэр хъумэным телажьэ, мы пшыхьыр къызэгъэпэщыным зи гуащIэ хэзылъхьа и щхьэгъусэ Надеждэ, и ныбжьэгъу пэжхэм, музейм и лэжьакIуэхэм.
- Нобэ дэ дыхэтщ Михаил куэдрэ зыпэплъа и гъэлъэгъуэныгъэм. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, илъэгъуакъым. Куэдрэ утыку кърихьащ абы и IэдакъэщIэкIхэр, ауэ жыпхъэ псомкIи щIа лэжьыгъэхэр мыпхуэдэу зэуIуу налшыкдэсхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ зэи ялъэгъуакъым. Сэ фIыуэ сцIыхут Горловыр: «Эль-Фа» тхылъ тедзапIэм незгъэблагъэри, илъэсихкIэ дызэдэлэжьащ, дгъэхьэзыр къыдэкIыгъуэ-хэр игъэщIэращIэу щытащ. Лэжьы-гъэ куэдыкIей дунейм тетщ Михаил зэрейр ямыщIэу, я нэхъыфIхэри тхылъхэр зэригъэдэхахэм зэращыщым щыхьэт сытехъуэфынущ. ЦIыхухэр къепщIэкIырт Михаил, и гукъэкI гъэщIэгъуэнхэр зригъэхъулIэрт, хилъхьэрт и лэжьыгъэхэм, аращ ахэр нэхъри нэхъ телъыджэж зыщIар, - жиIащ тхакIуэ, уней тхылъ тедзапIэм и унафэщI Котляров Виктор.
Апхуэдэуи зэIущIэм къыщыпсэлъащ тхакIуэ, сценарист, журналист Терехов Игорь, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Колкутин Андрей, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием щIыхь зиIэ и академик, КIыщ Мухьэдин и арт-директор Мосс Жаклин Дианэ сымэ.
И щхьэгъусэ Горловэ Надеждэ жиIэн и куэдт. Ар тепсэлъыхьащ Михаил и IэдакъэщIэкIхэм зэрыхущытым, и гуащIэр къызэрилъытэм, и цIыху щIыкIэм, зэуэзэпсэу зэрытхэкIыжам. Илъэс 45-кIэ зыдэпсэуа и щхьэгъусэм къигъэна щIэиныр нэсу зыхэзыщIэ бзылъхугъэм фIыщIэ яхуищIащ гъэлъэгъуэныгъэм зыкърезыгъэхьэлIахэм, ар къызэгъэпэщыным зи гуащIэ хэзылъхьахэм, пэжкIэ Михаил бгъэдэта, ноби и фэеплъыр зыхъумэ и ныбжьэгъуфIхэм.
Къэпсэлъахэм жаIар ди гъуазэу, Горловым и IэдакъэщIэкIхэм иджыри зэ дахоплъэж. Музейм и пэшхэр яуфэбгъуащ Горловым и IэдакъэщIэкI купщIафIэхэм. Къэпсэлъахэм къызэрыхагъэщащи, абыхэм яхэплъэгъуэнущ жыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэр, ауэ дэтхэнэми сурэтыщIым и псэ зэрыхилъхьар къапщIэу хэти хуабэщ, гуапэщ, хэти гуныкъуэгъуэр къыпхыщу нэщхъейщ. ТIум хуэдэхэри плъыфэбэщ, а плъыфэхэм я зэхэлъхьэкIэращ зи гугъу тщIы псэкупсэ щытыкIэр зыубзыхур. Горловыр зыцIыхуу щытахэм сащыщщ сэри, гущIыхьэ тщыхъуат зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ лIы узыншэр ковид уз зэрыцIалэм 2021 гъэм щихьам, и къару илъыгъуэу, зэуэзэпсэу. Куэд къэнащ абы хузэфIэкIыну щытауэ, и щхьэгъусэми зэрыжиIащи, сурэт щIыным и мызакъуэу, къурш лъагэхэм дэкIын хъуэпсапIэри щIыгъужу.
БЛИЙ Даянэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.