Уэзрокъуэ Амир и текIуэныгъэ.

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министр полицэм и генерал-лейтенант Ромашкин Игорь «Полицей дядя Стёпа» урысейпсо зэпеуэм и республикэ Iыхьэм щытекIуахэм яритащ фIы­щIэ тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ. Урысей МВД-м и щIы­налъэ IэнатIэхэмрэ абы-хэм ядэ­лажьэ жылагъуэ ­советхэмрэ зэщIыгъуу илъэс къэс ирагъэкIуэкI урысей­псо зэпеуэр хуэу­нэтIащ полицэм и лэ­жьы­гъэм и мы­хьэнэр цIыху­хэм зыхегъэщIэным.
Мы гъэм зэпеуэр хуэ­-гъэп­сат Хэку зауэшхуэр текIуэныгъэкIэ зэриухрэ 2020 гъэм илъэс 75-рэ зэрырикъум.
«Полицей дядя Стёпа» ­зэпеуэм и щIыналъэ Iы-хьэм щытекIуащ Дзэлы­къуэ ­къуажэм дэт курыт еджапIэ №5-м и 5-нэ классым щеджэ Уэзро­къуэ Амир.
ЕтIуанэ увыпIэр хуагъэ­фэщащ Красноармейское ­къуажэм дэт курыт еджапIэм и 8-нэ классым ще­джэхэу Байрагдаров Мавлюдрэ Алиев Махаддин­рэ. Ещанэ увыпIэр лъысащ Бахъсэн къалэм дэт курыт еджапIэ №3-м и еплIанэ классым щIэс Шорэ Ренат.
«За оригинальность исполнения» саугъэт щхьэ­хуэр хуагъэфэщащ зэпеуэм хэ­тахэм я нэхъыщIэ дыдэ, ­Прохладнэ къалэм щыщ Шрамковэ Дарье (илъэси 5).
Зэпеуэм щытекIуахэмрэ абы и лауреатхэмрэ ехъуэ­хъуащ, къэрал кIуэцI Iуэху­хэмкIэ министру КъБР-м щыIэ полицэм и гене­рал-лейтенант Ромашкин Игоррэ МВД-м и Жыла­гъуэ советым и тхьэмадэ Балъкъыз Валерэрэ. ФIы­щIэ хуащIащ зэпеуэм хэта ныбжьыщIэхэм я адэ-анэ­хэм.

УАРДЭ Жансурэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.10.2026 - 09:03

Зэи мыкIуэдыжыну IэщIагъэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ яхуэзащ. 

08.10.2026 - 09:02

Дыгъэм кърегъэгъэзэж

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, философ

08.10.2026 - 09:00

И тхыгъэхэр къэцIыхугъуафIэт

Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къы­зэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэ­ры­рикъум теухуа пшыхь.

07.10.2026 - 09:03

ФIым ухуэлъащэмэ, фIым ухуэкIуэнщ

Бзылъхугъэ гуащIафIэ, илъэс 45-м нэблэгъауэ ­химиемрэ биологиемкIэ ­егъэ­джакIуэ, Бахъсэн ­щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк ­(Ты­жьей) къуажэм  ­къы­­­щалъхуа, республикэм Егъэ­­джэныгъэмкIэ и министерствэм

07.10.2026 - 09:03

И гуащIэм щыгуфIыкIыу

Зи гуащIэдэкIым щыгуфIыкI цIыхум и насыпщ.