Республикэм и прокурору ягъэува Хабаров Николай утыку къыщрашэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.

Урысей Федерацэм и Прокурор Нэхъыщхьэм и къуэдзэ Демешин Дмитрий КъБР-м и прокуратурэм щылажьэхэм иджыблагъэ яригъэцIыхуащ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир а IуэхущIапIэм и унафэщIу игъэува Хабаров Николай.
ЗэIущIэм кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и ­къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэ­кIуэ Казбек, КъБР-м егъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, ШынагъуэншагъэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м, УФ-м СледствиемкIэ и комитетым СледствиемкIэ и управленэу КъБР-м щыIэм я унафэщIхэр.
КIуэкIуэ Казбек зыпэрыува лэжьыгъэхэм ехъулIэныгъэ къыщихьыну Хабаров Николай ехъуэхъуащ икIи абы бгъэдэлъ щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ республикэм щып­сэухэм я сэбэп хэлъу къызэригъэсэбэпынур и фIэщ зэрыхъур къыхигъэщхьэхукIащ. «Уэ дзыхьышхуэ къыпхуащIащ. Дэ псоми ди къалэныр зыщ икIи властым ­и гъэзэщIакIуэ ор­ганхэр зэрахузэфIэкIкIэ къызэрыбдэIэ­пы­къунумкIэ, Урысей Федерацэм и ­Президентым къигъэува къалэнхэр дэгъэ­кIыным хуэгъэзауэ зэры­зы­къыт­щIагъэкъуэ­нымкIэ быдэу узогъэгугъэ», - къыхигъэщхьэхукIащ абы.
Хабаров Николай Алексей и къуэм Саратов къалэм дэт къэрал академиер ­къиухащ. Прокуратурэм и органхэм ­къулыкъу щищIэу хуежьащ 1994 гъэм. Псков областым хыхьэ Великие Луки ­къалэм, Пустошкинскэ, Великолускэ ­районхэм я прокуратурэхэм я следова­тель нэхъыжьу, Шэшэн Республикэм и прокурорым и япэ къуэдзэу лэжьащ.
«Урысей Федерацэм и прокуратурэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр къыфIащащ, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм ­папщIэ» орденым и етIуанэ нагъыщэр зиIэ медалыр, «Урысей Федерацэм и прокуратурэм пщIэ зиIэ и лэжьакIуэ», «Да­гъуэншэу къулыкъум зэрыпэрытым папщIэ» бгъэхэIу дамыгъэхэр, «Законым зэ­рыхуэпэжым папщIэ» дамыгъэм и япэ нагъыщэр къратащ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я Пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.10.2026 - 12:25

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.